Сэфирэт и тхылъ 9:20-22

Сэфирэт и тхылъ 9:20-22 АДГФЛ

Мардэхей мы къэхъукъащӀэ псори итхыжри, Ахъийшурэщ и пащтыхьыгъуэм журту исым, жыжьэ щыӀи, гъунэгъуу щыси къимыгъанэу, тхыгъэу яхузэбгригъэхащ, илъэс къэс Адар мазэм и епщыкӀуплӀанэ, епщыкӀутхуанэ махуэхэр махуэщӀ махуэу ягъэлъэпӀэну иту. НэщхъыфӀэу, ефэ-ешхэ ящӀу, шхынкӀэ зыр зым етэу, тхьэмыщкӀэхэри ягъэгуфӀэу а махуэхэр ягъэкӀуэнуи яхуигъэуващ. Журтхэм нэплъэжыгъуэ щагъуэтар мы махуэхэращ. Бий фӀыцӀэм текӀуэу я гуӀэгъуэм гуфӀэгъуэкӀэ зыщызридзэкӀар, гъыбзэу ягъэшым махуэщӀкӀэ зыкъыщыдигъэзари мы мазэращ.