Сэфирэт и тхылъ 3

3
ЕЩАНЭ ӀЫХЬЭ
Журтхэр игъэкӀуэдыну Аман мурад зэрищӀар
1Зы тэлай гуэр дэкӀауэ пащтыхь Ахъийшурэщ аджадж лъэпкъым щыщ Хьэмэдэт и къуэ Аман#3:1 ЩӀэныгъэлэжьхэм я нэхъыбэм зэралъытэмкӀэ, Аман амэлычхэм я пащтыхьу щыта Аджадж и щӀэблэщ. Мысырым къикӀыж исрэӀилхэм амэлычхэр зэратеуэрэ лъэпкъитӀыр зэбийуэ къэгъуэгурыкӀуащ. ИсрэӀил хэгъэгум и япэ пащтыхь, Мардэхей и адэжь ТӀалутӀ амэлычхэр зэтриукӀэн хуейуэ Тхьэм унафэ къыщӀыхуищӀауэ щытари аращ. А ныбжьрей лъагъумыхъуныгъэу амэлычхэмрэ журтхэмрэ я зэхуаку илъам къыбгурегъаӀуэ Мардэхей Аман лъытэныгъэ хуищӀыну щӀыхуэмеяри, Аман зэрыжурт лъэпкъыу я лъапсэ игъэгъущыну щӀытегушхуари. хиӀэтыкӀри, лӀакъуэлӀэшхэми нэхърэ нэхъ лъагэу игъэуващ. 2Пащтыхьым и Ӏуэхузехьэ псоми Аман и пащхьэ лъэгуажьэмыщхьэ зыщрагъауэрт, пщӀэшхуэ хуащӀурэ – арат Ахъийшурэщ унафэу ищӀар. Ауэ Мардэхей и закъуэщ лъэгуажьэмыщхьэ абы зыхуизымыгъэуари, лъытэныгъэ зи цӀи хуэзымыщӀари.
3«Пащтыхь унафэм ущӀебакъуэр сыт?» – жаӀэурэ пащтыхьым и Ӏуэхузехьэхэр Мардэхей къехъурджауэрт. 4Зэпымыууэ апхуэдэу къыжраӀэ пэтми, зытетым ар яхутекӀыртэкъым, сэ сыжуртщ, жиӀэрти. Арати, мобыхэми Мардэхей и зекӀуэкӀэр къыхуэгъумэ зэрагъэщӀэн щхьэкӀэ, кӀуэри Аман бзэгу хуахьащ.
5Езы Амани Мардэхей лъэгуажьэмыщхьэу зэрыхуэмытӀысри, пщӀэ къызэрыхуимыщӀри щилъагъум, хуабжьу губжьащ. 6Зыщыщ лъэпкъыр хэтми къыщищӀэми, Мардэхей и закъуэ игъэкӀуэдыныр фӀэмащӀэ хъуащ; абы и лъэпкъэгъуу Ахъийшурэщ и пащтыхьыгъуэм и дэнэ къуапи щыпсэу журтхэм я лъапсэр зэригъэгъущыну Ӏэмалыр къиулъэпхъэщу хуежьащ.
7Ахъийшурэщ и тетыгъуэр илъэс пщыкӀутӀ щрикъум, Нисан зи цӀэ япэ мазэм#3:7 Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 474 гъ. и гъатхэпэ мазэм., Аман и пащхьэ пхъэидзэ, «пур» жыхуаӀэр, щадзащ, журтхэр щызэтраукӀэну махуэмрэ мазэмрэ къагъэнэхуэн щхьэкӀэ. Пхъэидзэм къикӀар епщыкӀутӀанэ мазэрщ, Адар мазэрщ#3:7 Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 473 гъ. и щӀымахуэкӀэ мазэм..
8«Пащтыхьыгъуэм и дэнэ къуапи загъэщхьэхуэу зы лъэпкъ гуэр щопсэу, – жиӀащ Аман Ахъийшурэщ зыхуигъазэри. – Абыхэм я хабзэхэр нэгъуэщӀ лъэпкъ хабзэхэми ещхькъым, уи унафэхэри ягъэзащӀэркъым. Сыт ахэр зыхуэпшэчыр?! 9ЖысӀэр къыздэпщтэмэ, ахэр зэтраукӀэну унафэ щӀы; сэри дыжьын къэп минипщӀ#3:9 Журт. «дыжьын талант 10,000» – ар дыжьын тонн 300 хуэдиз мэхъу. уи Ӏуэхузехьэхэм къахуэсшэчынщи, хъарзынэщым иралъхьэну къайстынщ».
10Абдежым пащтыхьым и мыхъур Ӏэлъыныр зыӀэрихри аджадж лъэпкъым щыщ, журтхэм я бий кӀэуфӀыцӀ Хьэмэдэт и къуэ Аман иритащ. 11«Дыжьынри къызыхуэгъэнэж, а цӀыху лъэпкъым епщӀэну пфӀэигъуэмкӀи ухуитщ», – жриӀащ абы Аман.
12Япэ мазэм и епщыкӀущанэ махуэм#3:12 Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 474 гъ. и гъатхэку мазэм и 17-нэ махуэм. пащтыхь тхакӀуэхэр къраджащ. ЩӀыналъэ къэс тхыбзэу илъымрэ лъэпкъыу исым я бзэкӀи тхауэ пщыхэм, хэгъэгу пашэхэм, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм ящыщ лӀакъуэлӀэшхэм Аман унафэу ищӀари хуатхащ. А унафэр къызэрыдэкӀар пащтыхь Ахъийшурэщ и цӀэкӀэт, абы и мыхъур Ӏэлъынри тегъэуэжат. 13Журтхэм ящыщу жьыи щӀэи, цӀыхубзи сабии зы къэмынэу яукӀын, ягъэкӀуэдын, я лъапсэр ягъэгъущу мылъкуу яӀэр зэрапхъуэн хуейуэ къэзыгъэув а унафэр пащтыхьыгъуэм и дэнэ щӀыналъи щызэбгратыкӀыну шу лӀыкӀуэхэр яутӀыпщащ. ПӀалъэу ягъэувари епщыкӀутӀанэ мазэм и зы махуэт – Адар мазэм и епщыкӀущанэ махуэрт.#3:13 Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 473 гъ. и гъатхэпэ мазэм и 7-нэ махуэм. 14А махуэм хуэхьэзыру щытын щхьэкӀэ, пащтыхь унафэм хабзэ къару зэриӀэр щӀыналъэхэм щыгъэӀун икӀи ар лъэпкъыу хъуам зэлъащӀысын хуейт.
15Пащтыхь жыӀэм тету шу лӀыкӀуэхэр жэрыгъэкӀэ яутӀыпщащ. Унафэр Шушан быдапӀэм дэсхэми яхэӀуащ. Пащтыхьымрэ Аманрэ фадэ Ӏэнэм бгъэдэтӀысхьэжащ, ауэ гухэщӀ-гумэщӀышхуэм зэры-Шушан быдапӀэу зэщӀищтащ.

Поточний вибір:

Сэфирэт и тхылъ 3: АдгФЛ

Позначайте

Поділитись

Копіювати

None

Хочете, щоб ваші позначення зберігалися на всіх ваших пристроях? Зареєструйтеся або увійдіть