Маттэ 13:20-21

Маттэ 13:20-21 KBDNTGP2017

Адрей цӀыхури щӀы мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. А цӀыхуращ Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхихыу, щыгуфӀыкӀыурэ зыщтэр. Ауэ абы игукӀэ лъабжьэ зэримыӀэм щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум куэдрэ теткъым. Тхьэм и псалъэхэм щхьэкӀэ гузэвэгъуэ зэрыхэхуэу, е цӀыхухэм абы гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщӀадзэу, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум токӀыж ар.