Сэфирэт и тхылъ 2
2
ЕТӀУАНЭ ӀЫХЬЭ
Сэфирэт пащтыхь гуащэ зэрыхъуар
1ТӀэкӀу тещӀэу и губжьыр нэхъ щыщхьэщыум, Уэштий ищӀамрэ абы трищӀыхьыжа унафэмрэ пащтыхь Ахъийшурэщ егупсысыжащ. 2«Пщащэ дахэхэм я лъыхъуакӀуэ хэгъыхьэ! – жаӀэу и Ӏуэхузехьэхэм къыщыхалъхьари абы щыгъуэщ. – 3Пащтыхьыгъуэм къиубыд хэгъэгу псоми лӀыкӀуэхэр яхуэщӀи, зи теплъэкӀэ гурыхь пщащэхэр Шушан быдапӀэм дэт цӀыхубз унэм къыщызэхуашэсыну унафэ щӀы. Уи ӀуэхутхьэбзащӀэхэм ящыщ Хъыджий, цӀыхубз унэм и кӀэлъыплъакӀуэм, ахэр и ӀэмыщӀэ илъхьи, загъэдэхэн щхьэкӀэ дыхумэ дахэхэр къызыпих щыхуэн дагъэ зэхуэмыдэхэр ирегъэт. 4Уигу ирихьын пщащэ абыхэм къахэкӀмэ, Уэштий и пӀэкӀэ гуащи ирехъу». А псалъэхэр игъуэу жыӀа хъуауэ пащтыхьым къилъытэри, абы тещӀыхьа унафи ищӀащ.
5Шушан быдапӀэм Бенамин и лӀакъуэм щыщу зы журт гуэр дэсащ, Мардэхей и цӀэу. Ар Къыш и къуэ Щэмей и къуэ ЙаӀир и къуэт. 6Бабылей#2:6 Вавилон. пащтыхь Нэбыхъунэщыр#2:6 Текстым зи цӀэ къыхэщ Нэбыхъунэщырыр Бабылей пащтыхьыгъуэр ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 605 гъэм щегъэжьауэ 562 гъэм нэс зи ӀэмыщӀэ илъа Навуходоносор ЕтӀуанэрщ. Аращ ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 597 гъэм ебгъэрыкӀуэу Ерусэлим къэзызэуар, мин бжыгъэкӀэ цӀыхухэр гъэру иубыду Бабылей зыхуари. Ӏэрыубыд ящӀахэм яхэтащ Ехьудейм и пащтыхь Ехъунеи. журт пащтыхь Ехъуней Ӏэрыубыд щищӀам щыгъуэ Ерусэлим гъэру къыдашахэм яхэтащ абы и унагъуэр. 7Мардэхейщ и адэ къуэшым ипхъу ХьэтӀасэ, СэфирэткӀи#2:7 Журт. «Эстер». ХамэщӀ къина журтхэм я лъэпкъыцӀэри мажусиицӀэри зэгъусэу зэрахьэу зэрыщытар Сэфирэт и щапхъэм къегъэлъагъуэ. ХьэтӀасэр (журт. Хадасса) хъыджэбзым и цӀэ дыдэщ, «мерэт» жыхуиӀэщ. Сэфирэтыр, пасэрей журтыбзэкӀэ «Эстер» хъур, хъыджэбзым къыфӀаща мажусиицӀэращ. Пасэрей къэжэрыбзэм хэта «вагъуэ» псалъэм къытекӀауэ хуэзыгъэфащэхэри, бабылей тхьэгуащэу Иштар и цӀэм къытекӀауэ къэзылъытэхэри щыӀэщ. зэджэр, зыпӀыжар. Ади ани щхьэщымытыжу зеиншэ хъурейуэ къэнат ар. Хъыджэбз цӀыкӀур дахэт икӀи зэкӀужт. И адэ-анэр щыщхьэщыукӀуриикӀым, Мардэхей ар зришэлӀэжри бын-къан ищӀыгъат.
8Пащтыхь унафэр цӀыхубэм щахэӀуэм, Шушан быдапӀэм Хъыджий и нэӀэ щӀэтыну пщащэ куэд къыщызэхуашэсащ. Абы щыгъуэщ Сэфирэт сэрейм къашэу цӀыхубз унэм и тет Хъыджий и ӀэмыщӀэ щралъхьари. 9Хъыджэбзыр абы игу дыхьэри, и нэфӀи щыхуащ. Куэд дыди дэмыкӀыу дыхумэ дахэхэр къызыпих щыхуэн дагъэ зэхуэмыдэхэмрэ къэуат зыщӀэлъ шхын хэплъыхьахэмрэ кърит хъуащ. Пащтыхь сэрей унэшхуэм къриша унэӀут хъыджэбзиблыр и ӀуэхутхьэбзащӀэу къыбгъэдигъэувэри, цӀыхубз унэм и псэупӀэ нэхъыфӀ дыдэм Сэфирэти ахэри иригъэшащ.
10Сэфирэт къызыхэкӀа лъэпкъми зыщыщ лӀакъуэми теухуауэ зыми зыри яжриӀэртэкъым, сыту жыпӀэмэ ар ибзыщӀыну Мардэхей абы унафэ къыхуищӀыгъат. 11Мардэхеи махуэл димыхыу къакӀуэрти, цӀыхубз унэм и пщӀантӀэм и гупэкӀэ щызэхэзекӀуэрт, Сэфирэт щӀэупщӀэрти, и Ӏуэху зыӀутыр зригъащӀэрт.
12Пащтыхь Ахъийшурэщ и пащхьэ щихьэн хуей чэзур къэмыс щӀыкӀэ, бзылъхугъэм хуагъэува хабзэм тету, дэтхэнэ зы пщащэми мазэ пщыкӀутӀым и кӀуэцӀкӀэ зигъэдэхэн хуейт: ипэ мазихым мэ дахэхэр къызыпих мир дагъэр зыщихуэу, къыкӀэлъыкӀуэ мазихым дыхумэ зыщыу нэгъуэщӀ дагъэ зэмылӀэужьыгъуэхэр зрихьэлӀэу. 13Пщащэр пащтыхьым деж кӀуэну цӀыхубз унэм къыщикӀкӀэ, къызыщӀэлъэӀу псори иратырт. 14Пщыхьэщхьэм абы деж кӀуауэ пщэдджыжьым къэзыгъэзэжыр пащтыхьым и жэщгъуэлъ цӀыхубзхэр щыпсэу етӀуанэ унэм яшэрт. Ар зи нэӀэ щӀэтыр пащтыхьым и ӀуэхутхьэбзащӀэхэм ящыщу ШэӀэшгъэзт. Абдежым щегъэжьауэ хъыджэбзыр пащтыхьым деж щӀыхьэжыртэкъым, къыхуейуэ и цӀэкӀэ къемыджэ къудеймэ.
15Ауэрэ Сэфирэти – Мардэхей и адэ къуэш АбыхъурэӀил ипхъу бын-къану зришэлӀэжар – пащтыхьым деж щыщӀыхьэну и чэзур къэсащ. ЦӀыхубз унэм и тет Хъыджий кърита чэнджэщхэм теухуауэщ абы зызэригъэщӀэрэщӀари. Къэзылъагъу псоми я гур итхьэкъуу апхуэдэт Сэфирэт. 16Пщащэр сэрейм щыдашар епщӀанэ мазэрщ, Тебэт мазэрщ, Ахъийшурэщ и тетыгъуэр илъэсибл щрикъурщ#2:16 Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 479-478 гъ. щӀымахуэпэ мазэм..
17Сэфирэт адрей цӀыхубзхэм нэхърэ нэхъыфӀу пащтыхьым илъэгъуащ, адрей пщащэхэми нэхърэ мыбы игу нэхъ кӀэрыпщӀащ. Гуащэ пыӀэр щхьэритӀагъэри, Уэштий и пӀэкӀэ пащтыхь гуащэ ищӀащ. 18Абы иужь лӀакъуэлӀэшрэ уэркъышхуэу щыӀэр кърихьэлӀэу Сэфирэт и цӀэкӀэ ефэ-ешхэшхуи ищӀащ. ЩӀыналъэхэм махуэщӀ махуэу ар щигъэуври#2:18 Е «ЩӀыналъэхэм хьэкъулэр ящхьэщихри». Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэм къикӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэу щыткъым., пащтыхьым узэрыхуэупсэн хуэдэ тыгъэ лъапӀэхэри иригъэгуэшащ.
Мардэхей пащтыхьыр ажалым къызэрыригъэлар
19Пщащэхэр етӀуанэу къыщыхашым, Мардэхей пащтыхьым и Ӏуэхузехьэхэм ящыщ зы хъуауэ сэрей куэбжэпэм деж и лэжьыгъэ Ӏыхьэр щрихьэкӀырт#2:19 Мардэхей...и лэжьыгъэ Ӏыхьэр щрихьэкӀырт – Журт. «Мардэхей сэрей куэбжэпэм деж щыст». Пащтыхьым къыхуищӀ пщэрылъхэр игъэзащӀэу, жыхуиӀэщ. Сэрей куэбжэпэм дежщ пащтыхь ӀуэхущӀэхэм я лэжьыгъэр щрахьэкӀыу щытар. Еплъ: 2:21; 3:2-3.. 20Япэми хуэдэу, Сэфирэт Мардэхей и жыӀэ емыбакъуэу лӀакъуэкӀэ зыщыщри лъэпкъкӀэ къызыхэкӀари ибзыщӀырт, къан гъэсэну Мардэхей и унэ щисым и псалъэ тӀэужыӀэ иримыгъэщӀу зэрыщытам ещхьуи, ар абы иджыри едаӀуэрт.
21Мардэхей и Ӏуэху щыпэт махуэхэм ящыщ зым сэрейм и бжэӀупэхъумэхэу Беджытэнрэ Тэрэшрэ гухьэ-гужь хуащӀам къыхэкӀыу пащтыхь Ахъийшурэщ яукӀыну мурад ящӀащ. 22Ар Мардэхей къыщищӀэм Сэфирэт-гуащэм хуиӀуэтэжащ, абыи къыжраӀар Мардэхей и цӀэкӀэ пащтыхьым лъигъэӀэсыжащ. 23Ӏуэху ящӀу пэжыр къыщыщӀэщым, а нэрыбгитӀым я унафэр щхьэпылъэкӀэ ящӀащ#2:23 Е «а нэрыбгитӀыр бжэгъум фӀагъэтӀысхьащ».. А лъэхъэнэм и къэхъукъащӀэхэр зратхэ тхылъми а псор пащтыхьым и унафэкӀэ иратхэжащ.
Selectat acum:
Сэфирэт и тхылъ 2: АдгФЛ
Evidențiere
Partajează
Copiază
Dorești să ai evidențierile salvate pe toate dispozitivele? Înscrie-te sau conectează-te
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021