1
Сэфирэт и тхылъ 6:1-2
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
А жэщым пащтыхьым и нэбдзыпэ зи хузэтелъхьэртэкъым. Арати унафэ ищӀащ пащтыхьыгъуэм щыхъуа къэхъукъащӀэхэр зратхэ тхылъыр къыхуахьу къыхуеджэну. Абы къраджыкӀащ сэрейм и бжэӀупэхъумэхэу Беджытэнрэ Тэрэшрэ пащтыхь Ахъийшурэщ яукӀыну мурад ящӀауэ зэрыщытар Мардэхей къызэрыщӀигъэщыгъар.
Compară
Explorează Сэфирэт и тхылъ 6:1-2
2
Сэфирэт и тхылъ 6:6
Аман къыщыщӀыхьэм, пащтыхьыр абы еупщӀащ: «ЗгъэлъэпӀэну сызыхуей цӀыхум сыт хуэсщӀэмэ нэхъыфӀ?» «Сэр нэмыщӀ пащтыхьым игъэлъэпӀэнур хэт?» – жиӀэри егупсысащ ар игукӀэ.
Explorează Сэфирэт и тхылъ 6:6
3
Сэфирэт и тхылъ 6:10
«ЗанщӀэу кӀуэи, – жиӀащ пащтыхьым Аман унафэ хуищӀурэ, – фащэри къащтэ, шыри Ӏэдэж щӀыи, сэрей куэбжэпэм деж зи Ӏуэху Ӏыхьэр щезыхьэкӀ журт Мардэхей къызэрызжепӀам хуэдэ дыдэу дызекӀуэ. ЖыпӀам щыщуи бгъэзэщӀэну зыри зыщумыгъэгъупщэ».
Explorează Сэфирэт и тхылъ 6:10
Acasă
Biblia
Planuri
Videoclipuri