Иуан 1
1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Псалъэр цӀыху зэрыхъуар
1ЩӀэдзапӀэм деж Псалъэр#1:1 Псалъэр – а Псалъэм хэлъщ Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэу псори къэзыгъэщӀу, цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлри Тхьэм и акъылыфӀагъэри. А Псалъэр цӀыху хъуащ, Хьисэ Мэссихьыр арщ. щыӀащ. Ар Тхьэм деж щыӀащ, а Псалъэр Тхьэуэ аращ. 2ЩӀэдзапӀэм къыщегъэжьауэ, а Псалъэр Тхьэм деж щыӀащ.
3Тхьэм а Псалъэм псори къригъэгъэщӀащ. Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ а Псалъэм къримыгъэгъэщӀауэ зыри щыӀэкъым. 4МыкӀуэдыжын гъащӀэ хэлъащ а Псалъэм, а гъащӀэри цӀыхухэм нэху яхуэхъуащ. 5Нэхур кӀыфӀыгъэм къыщонэху, кӀыфӀыгъэр нэхум пэлъэщакъым.
6Тхьэм къигъэкӀуауэ, лӀы гуэр дунейм къытехьащ. Иуант абы и цӀэр. 7Иуан нэхум щыхьэт техъуэну къэкӀуащ, цӀыху псоми а нэхумкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун щхьэкӀэ. 8Езыр нэхутэкъым, ауэ нэхум щыхьэт техъуэн щхьэкӀэ, Тхьэм къигъэкӀуащ ар. 9Нэху пэжу цӀыху псори къэзыгъэнэхур дунейм къытехьэну щытащ.
10А Псалъэр дунейм къытехьащ. Тхьэм а Псалъэм дуней псори къригъэгъэщӀащ, апхуэдэу щыт пэтми, дунейм и цӀыхухэм ар къацӀыхужакъым. 11Езым и къэралым къэкӀуащ, ауэ абы и цӀыхухэм#1:11 и къэралым … и цӀыхухэр – Израил къэралымрэ Израил цӀыхухэмрэщ. ар ядакъым. 12Ауэ ар зыда цӀыху псоми, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и бын хъуну хуитыныгъэ къаритащ. 13Ахэр Тхьэм и бын зэрыхъуа щӀыкӀэр бын къызэралъху щӀыкӀэм хуэдэукъым. Ахэр Тхьэм и бын зэрыхъуар цӀыхухъур цӀыхубзым зэрехъуапсэм, е лӀыр бын зэрыхуейм щхьэкӀэкъым, атӀэ Тхьэм бын хуэхъуныр къызыбгъэдэкӀар езы Тхьэр арщ.
14А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.
15Иуан абы щыхьэт техъуащ. Мыпхуэдэу жиӀащ макъ хэӀэтыкӀакӀэ:
– Мыращ жыхуэсӀар: «Си ужькӀэ къэкӀуэнур сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъэхъун и пэкӀэ ар щыӀащ».
16Езым и фӀыгъуэшхуэм щыщу зы нэфӀ щыхуэныгъэр адрей нэфӀ щыхуэныгъэм къыкӀэлъыкӀуэу къытлъигъэсащ. 17Торэт хабзэр Тхьэм и унафэкӀэ къытхуэзыгъэнар Мусэ бегъымбарыр арщ, ауэ нэфӀ щыхуэныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ къызыбгъэдэкӀар Хьисэ Мэссихьыр арщ. 18Тхьэр и нэкӀэ зыми илъэгъуакъым игъащӀэм. Къуэ закъуэу Адэ лъапӀэм деж щыӀэм Тхьэр зыхуэдэр къытхуигъэнэхуащ.
УмэхъакӀуэ Иуан щыхьэт зытехъуар
(Маттэ 3:1-12; Марк 1:2-8; Лука 3:15-17)
19Иуан Хьисэ щыхьэт зэрытехъуар мыращ; Ерусалим щыщ журтхэм дин пашэхэри левитхэри#1:19 левитхэр – Левий зи цӀэ дин пашэ унагъуэ лъэпкъым щыщу Тхьэм и унэшхуэм щылажьэу щытахэр арщ. Иуан еупщӀыну ягъэкӀуащ.
– Уэ ухэт? – жаӀэу щеупщӀым, 20Иуан, пэжыр имыбзыщӀу, нахуэу жиӀащ:
– Сэракъым Мэссихьыр.#1:20 Мэссихь – Даут пащтыхьым и унагъуэ лъэпкъым къытехъукӀауэ, бегъымбархэм къызэрыжаӀам тету, израил цӀыхухэм щхьэхуитыныгъэрэ мамыр псэукӀэрэ яригъэгъуэтыну Тхьэм ахэр къызэригъэгугъа пщы лъапӀэр арщ.
21– АтӀэ ухэт уэ? – еупщӀащ ахэр. – Уэ у-Иляс бегъымбар?#1:21 Иляс бегъымбарыр – абы щӀылъэм къигъэзэжу, Мэссихьым и гъуэгу хуигъэпсыну журтхэр поплъэ. Еплъ Малахие бегъымбарым и тхылъым 4:5-6.
– Хьэуэ, – жиӀащ Иуан.
– Бегъымбарыр#1:21 бегъымбарыр – Мэссихьыр дунейм къызэрыкӀуэнумкӀэ цӀыхухэм хъыбар яригъэщӀэну къэлъэгъуэн хуея бегъымбарыр арщ. уэра? – еупщӀащ ахэр.
– Хьэуэ, – жиӀащ абы.
22– АтӀэ ухэт уэ? – еупщӀащ Иуан. – ДыкъэзыгъэкӀуахэм еттыжыну жэуапыр къыджеӀэ. Сыт уэ уи щхьэм щхьэкӀэ къыджепӀэнур?
23– Ешайа бегъымбарым#1:23 Ешайа бегъымбарыр – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 40:3. «Зиусхьэным и гъуэгур занщӀэ фщӀы, жиӀэурэ губгъуэ нэщӀым джэ макъ гуэр къыщоӀу» жыхуиӀэ макъыр сэращ, – жиӀащ Иуан.
24А лӀыкӀуэхэр фарисейхэм#1:24 фарисейхэр – еплъ Маттэ 3:7. ящыщт. 25Ахэр Иуан къеупщӀащ:
– Мэссихьыр уэрмырамэ, Илясри уэрмырамэ, бегъымбарри уэрмырамэ, сыт цӀыхухэр щӀэбумэхъыр#1:25 умэхъыныр – еплъ Маттэ 3:1.?
26– Сэ цӀыхухэр соумэхъ, – яжриӀащ Иуан. – Ауэ фымыцӀыху гуэр къыфхэтщ. 27Аращ си ужькӀэ къэкӀуэнур. Ар сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи схуэфащэкъым сэ.
28А псори къыщыхъуар Вифание жылэращ, Иорданыпсым и адрыщӀу Иуан цӀыхухэр щиумэхъыу щытарщ.
Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэр
29Хьисэ етӀуанэ махуэм къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ:
– Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэу дунейм и цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятезыхыжыр. 30Мыращ жыхуэсӀар: «Си ужькӀэ къэкӀуэну лӀыр сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкъэхъун и пэкӀэ ар щыӀащ». 31Ар сэ сцӀыхуртэкъым, ауэ сэ цӀыхухэр сыумэхъыну сыкъыщӀэкӀуар израил цӀыхухэм ар хэтми езгъэщӀэн щхьэкӀэщ.
Хьисэ щыхьэт техъуэурэ, Иуан жиӀащ итӀанэ:
32– Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр тхьэрыкъуэм хуэдэу уафэм Хьисэ къыхуехауэ къызэрыщхьэщытыр слъэгъуащ. 33Езыр сэ сцӀыхуртэкъым, ауэ цӀыхухэр сыумэхъыну сыкъэзыгъэкӀуам къызжиӀащ: «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къызыхуехауэ, зыщхьэщыт цӀыхур арщ цӀыхухэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀэ зыумэхъынур». 34Апхуэдэу зэрыхъуар сэ слъэгъуащ, ар Тхьэм зэри-Къуэми щыхьэт сытохъуэ сэ.
Хьисэ и гъуэгу япэу техьа цӀыхухэр
35Иуан езым и гъуэгу ирикӀуэ лӀитӀ и гъусэу, а щӀыпӀэм деж щытащ етӀуанэ махуэми. 36Хьисэ къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ:
– Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэр.
37Иуан и гъуэгу ирикӀуэ лӀитӀым абы ар жиӀэу щызэхахым, Хьисэ и ужь иуващ. 38Хьисэ къызэплъэкӀри, ахэр езым и ужь иувауэ щилъагъум, яжриӀащ:
– Сыт фэ фызыхуейр?
– Равви, дэнэ ущыпсэур? – къеупщӀащ ахэр. (Раввим къикӀыр «Дин ЕгъэджакӀуэщ».)
39– ФыкъакӀуи, флъагъунщ, – яжриӀащ Хьисэ.
Ахэр кӀуэщ, зыщыпсэур ялъагъури, а махуэр Хьисэ деж щагъэкӀуащ. Ар сыхьэтыр плӀым дежт.#1:39 сыхьэтыр плӀым дежт – зэрытха дыдэм хуэдэу зэбдзэкӀмэ, «епщӀанэ сыхьэтыр» арщ. Абы къикӀыр шэджагъуэ нэужьым сыхьэтыр плӀырщ.
40Иуан Хьисэ теухуауэ жиӀар зэхэзыхыу, Хьисэ и ужь иува лӀитӀым я зыр Симон Петр и къуэш Индрисщ.
41Индрис и къуэш Симон япэщӀыкӀэ къигъуэтри жриӀащ:
– Мэссихьыр къэдгъуэтащ. (Мэссихьым къикӀыр «Христосыр» арщ.)
42Индрис Хьисэ деж Симоныр къишащ. Симон щилъагъум, Хьисэ къыжриӀащ:
– Уэ у-Симону Иуан урикъуэщ. КифэкӀэ къоджэнущ. (Кифэм къикӀыр «Мывэщ».)
И гъуэгу ирикӀуэну, Хьисэ Филиппрэ Нафанаилрэ къызэрыхуриджар
43Хьисэ Галилей хэкум кӀуэну триубыдащ етӀуанэ махуэм. Хьисэ Филипп хуэзри, жриӀащ итӀанэ:
– Си ужь къиувэ.
44А Филиппыр Индрисрэ Петррэ зыдэс Вифсайдэ къалэм#1:44 Вифсайдэ къалэр – Галилей гуэлым и ищхъэрэ къуэкӀыпӀэ Ӏуфэм Ӏутащ. щыщт. 45Филипп кӀуэщ, Нафанаил къигъуэтри, жриӀащ:
– Торэт хабзэм иту Мусэ бегъымбарми адрей бегъымбархэми зи гугъу ящӀар къэдгъуэтащ. Ар Исуф и къуэу Назарет къалэм#1:45 Назарет къалэр – еплъ Маттэ 2:23. щыщ Хьисэр аращ.
46– Назарет фӀыгъэ зыхэлъ гуэр къыдэкӀын? – къеупщӀащ Нафанаил.
– КъакӀуи, еплъ! – жриӀащ абы Филипп.
47Нафанаил къакӀуэу щилъагъум, абы теухуауэ Хьисэ жиӀащ:
– Мис Израил щыщ цӀыху щыпкъэу гъэпцӀагъэ гуэри зыхэмылъыр.
48– Дэнэ сыкъыщыпцӀыхурэ? – къеупщӀащ Нафанаил Хьисэ.
– Филипп къоджэн и пэкӀэ, ахъуо жыгым и щӀагъым ущыщӀэтым, услъэгъуащ, – жиӀащ Хьисэ.
49– Равви, уэ Тхьэм ури-Къуэщ, Израилым урипащтыхьщ, – къыжриӀащ Нафанаил.
50– Ахъуо жыгым и щӀагъым ущӀэту услъэгъуащ зэрыбжесӀам щхьэкӀэ, уи фӀэщ хъуащ, – жиӀащ Хьисэ. – Абы нэхърэ нэхъ гъэщӀэгъуэныщи плъагъунущ.
51Хьисэ Нафанаил жриӀащ итӀанэ:
– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, уафэр зэӀухауэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм#1:51 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ Маттэ 8:20. деж мелыӀычхэр дэкӀуейуэ икӀи къехыу#1:51 мелыӀычхэр дэкӀуейуэ икӀи къехыу – еплъ 1 Мусэ 28:12. флъагъунущ.
Atualmente Selecionado:
Иуан 1: KbdNTGP2017
Destaque
Compartilhar
Copiar
Quer salvar seus destaques em todos os seus dispositivos? Cadastre-se ou faça o login
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017