1
Маттэ 14:30-31
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
Ауэ жьышхуэр къыщыкъуэум, гузавэри, къэшынащ. Псым щӀилъафэ щыхъум, къэгуоуащ: – Зиусхьэн, сыкъегъэл. Петр ар щыжиӀэм, Хьисэ и Ӏэр хуишийщ, ар иубыдри жриӀащ: – Уэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэ, дзыхь щхьэ къысхуумыщӀырэ?
비교
Маттэ 14:30-31 살펴보기
2
Маттэ 14:30
Ауэ жьышхуэр къыщыкъуэум, гузавэри, къэшынащ. Псым щӀилъафэ щыхъум, къэгуоуащ: – Зиусхьэн, сыкъегъэл.
Маттэ 14:30 살펴보기
3
Маттэ 14:27
Хьисэ абыхэм къажриӀащ а сыхьэтым: – Фымыдзыхэ, сэращ ар, фымышынэ!
Маттэ 14:27 살펴보기
4
Маттэ 14:28-29
– Зиусхьэн, ар уэрауэ щытмэ, псы гущӀыӀум сытету, уи деж сынэкӀуэну унафэ щӀы, – жриӀащ Петр Хьисэ. – КъакӀуэ! – жиӀащ Хьисэ. Петр кхъуафэжьейм къикӀри, псы гущӀыӀум тету, Хьисэ деж кӀуэну ежьащ.
Маттэ 14:28-29 살펴보기
5
Маттэ 14:33
ЩыувыӀэжым, кхъуафэжьейм исхэр лъэгуажьэмыщхьэу Хьисэ и пащхьэм итӀысхьэри, жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, уэ Тхьэм ури-Къуэщ.
Маттэ 14:33 살펴보기
6
Маттэ 14:16-17
– Ахэр щӀэкӀуэн щыӀэкъым. Фэ вгъашхэ ахэр, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Дэ щӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ фӀэкӀа диӀэкъым, – къыжраӀащ адрейхэм.
Маттэ 14:16-17 살펴보기
7
Маттэ 14:18-19
– Ахэр сэ къысхуэфхьыт, – жиӀащ Хьисэ. Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм яжриӀащ удзыпцӀэм хэтӀысхьэну. ЩӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀыурэ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ; абыхэм цӀыху гупышхуэхэм хуагуэшащ.
Маттэ 14:18-19 살펴보기
8
Маттэ 14:20
Арати, псори шхащ, псоми загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матэ пщыкӀутӀым ярызу хъуащ.
Маттэ 14:20 살펴보기
홈
성경
묵상
동영상