Сэфирэт и тхылъ 10
10
ЕПЩӀАНЭ ӀЫХЬЭ
Мардэхей зэрагъэлъэпӀа щӀыкӀэр
1Абы иужь пащтыхь Ахъийшурэщ зэрыпащтыхьыгъуэу, хы Ӏуфэм еуалӀэ щӀыпӀэ жыжьэхэри къыхыхьэу, хьэкъулэ ятрилъхьащ. 2Пащтыхьым игъэхъамрэ батэу игъэшамрэ, Мардэхей зэригъэлъэпӀам и хъыбар нэсри хэту, Къэжэрымрэ Мыдымрэ я пащтыхь тхыдэ тхылъхэм иратхауэ итщ. 3Пащтыхь Ахъийшурэщ и ужькӀэ журт Мардэхейщ пащтыхьыгъуэм нэхъ фӀэлӀыкӀ зиӀэу исар. КъызэрымыкӀуэу ину ялъытащ ар журтхэм, Ӏулыджышхуи къыхуащӀащ и лъэпкъэгъухэм. Езыри еш имыщӀэу и лъэпкъым и къэкӀуэнум щӀэбэнащ, щӀэчэ имыӀэуи абы и щхьэщыжакӀуэу щытащ.
Արդեն Ընտրված.
Сэфирэт и тхылъ 10: АдгФЛ
Ընդգծել
Կիսվել
Պատճենել

Ցանկանու՞մ եք պահպանել ձեր նշումները ձեր բոլոր սարքերում: Գրանցվեք կամ մուտք գործեք
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021