1
Иуан 11:25-26
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
– ЛӀахэр къэзыгъэтэджыжу гъащӀэ езытыр сэращ; сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр лӀэми, псэунущ; апхуэдэ гъащӀэ зиӀэ хъууэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри игъащӀэкӀэ лӀэнукъым. Ар уи фӀэщ хъурэ уэ? – жиӀащ Хьисэ.
Compare
Иуан 11:25-26 ખોજ કરો
2
Иуан 11:40
– Уэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, Тхьэм и щӀыхьышхуэр зэрыплъагъунур бжесӀатэкъэ? – къыжриӀащ Хьисэ.
Иуан 11:40 ખોજ કરો
3
Иуан 11:35
Хьисэ къэгъащ абдежым.
Иуан 11:35 ખોજ કરો
4
Иуан 11:4
Ар щызэхихым, Хьисэ жиӀащ: – А узыр зэрылӀыкӀын узкъым, и хьэтыр атӀэ Тхьэм и щӀыхьышхуэр къыхуэзыхьын узыфэщ. А узыфэм и хьэтыркӀэ цӀыхухэм Тхьэм и Къуэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ.
Иуан 11:4 ખોજ કરો
5
Иуан 11:43-44
Ар жиӀа нэужь, Хьисэ и макъым зригъэӀэтащ. – Лазар, мыбы къыщӀэкӀыж! ЛӀар, и Ӏэхэми и лъакъуэхэми джэбынхэр къешэкӀауэ, и нэкӀуми щэкӀ хужь тепхъуауэ, кхъэлэгъунэм къыщӀэкӀыжащ. – Джэбыныр къыкӀэрыфхыжи, вгъэкӀуэж, – яжриӀащ Хьисэ.
Иуан 11:43-44 ખોજ કરો
6
Иуан 11:38
Хьисэ, игу хэщӀу, кхъэлэгъунэмкӀэ кӀуащ. Ар бгъуэнщӀагът, абы мыви Ӏуалъхьэжат.
Иуан 11:38 ખોજ કરો
7
Иуан 11:11
А псалъэхэр яжриӀа нэужь, щӀигъужащ: – Ди ныбжьэгъу Лазар жеящ, ар къэзгъэушыжыну сокӀуэ.
Иуан 11:11 ખોજ કરો
હોમ
બાઇબલ
યોજનાઓ
વિડિઓઝ