Logo YouVersion
Îcone de recherche

Маттэ 2

2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэгурымагъуэхэр#2:1 тхьэгурымагъуэхэр – пщӀыхьэпӀэхэм къарыкӀхэмрэ вагъуэхэм я Ӏуэхумрэ хэту, пащтыхь гуэрым е пщы гуэрым хуэлажьэурэ, чэнджэщэгъу яхуэхъухэращ. дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀэ къызэрикӀар
1Ирод пащтыхьым#2:1 Ирод пащтыхьыр – «Ирод Иныр» аращ. Хьисэ къэхъуным и пэкӀэ 37-4 гъэхэм Израил къэралым и пащтыхьу щытащ. и тетыгъуэм Иудей хэкум#2:1 Иудей хэкур – Израил къэралым и хэкухэм ящыщу щытащ. щыщ Бэтлэхьэм къалэм#2:1 Бэтлэхьэм къалэр – Ерусалим километрийкӀэ пэжыжьэу, и ипщэрабгъумкӀэ къыщытщ. Хьисэ къыщалъхуа нэужь, тхьэгурымагъуэхэр къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀри, Ерусалим къэкӀуащ.
2– Дэнэ щыӀэ журтхэм къыхуалъхуа я пащтыхьыр? – жаӀащ абыхэм. – Абы и вагъуэр къуэкӀыпӀэмкӀэ щытлъагъури, ар дгъэлъэпӀэн щхьэкӀэ дыкъэкӀуащи.
3Ар щызэхихым, Ирод пащтыхьыр гузэващ, абы дэгузэващ Ерусалим дэс цӀыху псори. 4Арати, цӀыхухэм я дин пашэшхуэ#2:4 дин пашэшхуэхэр – дин пашэшхуэр, апхуэдэу щытахэр, абыхэм я унагъуэхэм ящыщхэрщ. псори, я торэт егъэджакӀуэ пашэ#2:4 торэт егъэджакӀуэ пашэхэр – Торэт хабзэм итхэмрэ журтхэм адрей тхылъ лъапӀэу яӀэхэм ярытымрэ цӀыхухэм ягурызыгъаӀуэу щыта пашэхэращ. псори зэхуишэсри, Ирод еупщӀащ:
– Мэссихьыр#2:4 Мэссихь – еплъ 1:17. къыщалъхун хуейр дэнэ?
5– Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэмщ, – къыжраӀащ абыхэм, – бегъымбарым мыпхуэдэу итхащи:#2:5-6 бегъымбарым … итхащ – еплъ Михэ бегъымбарым и тхылъым 5:2; Самуел бегъымбарым и хъыбархэр зэрыт етӀуанэ тхылъым (2-я Царств) 5:2.
6«Уэ, Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэм,
Иудэ лъэпкъым и пашэхэм нэхърэ
зыкӀи унэхъ цӀыкӀукъым;
зы пашэ уэ къыпхэкӀынущи.
Мэлыхъуэр мэлхэм зэракӀэлъыплъым хуэдэу,
а пашэр си Израил лъэпкъым
кӀэлъыплъынущ».
7Тхьэгурымагъуэхэр щэхуу къриджэри, Ирод вагъуэр къыщыщӀэкӀа зэман дыдэр зригъэщӀащ абы и ужькӀэ. 8Ахэр Бэтлэхьэм щигъакӀуэм, яжриӀащ:
– ФыкӀуи, сабийм и хъыбарыр фӀыуэ зэвгъащӀэ. Ар къэвгъуэтмэ, хъыбар къызэвгъэщӀэж, ар згъэлъэпӀэн щхьэкӀэ, сэри сыкӀуэнущи.
9Пащтыхьым къажриӀам едаӀуэри, тхьэгурымагъуэхэр ежьащ. КъуэкӀыпӀэмкӀэ щалъэгъуа вагъуэр абыхэм я пэ иту ядэкӀуэурэ, сабийр здэщыӀэ щӀыпӀэм щынэсым, абы къыщхьэщыуващ. 10Вагъуэр щалъагъум, хуабжьу гуфӀащ ахэр. 11Унэм щыщӀыхьэм, сабийри абы и анэ Мэриемри ялъэгъуащ. Щалъагъум, сабийм и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу зыщрадзыхри, ягъэлъэпӀащ. Я пхъуантэхэр зэтрахри, дыщэ, ладан,#2:11 ладан – мэ дахэкӀэ гъэнщӀа Ӏугъуэ лъапӀэр аращ. смирнэ#2:11 смирнэ – мэ дахэ къызыпих удзщ. тыгъэу иратащ. 12Ирод деж ямыгъэзэжыну Тхьэм пщӀыхьэпӀэкӀэ къагуригъэӀуати, я къэралым нэгъуэщӀ гъуэгукӀэ кӀуэжащ.
Исуфрэ Мэриемрэ сабийр я гъусэу Мысырым зэрыкӀуар
13Тхьэгурымагъуэхэр кӀуэжа нэужь, Зиусхьэным и мелыӀычыр пщӀыхьэпӀэм хэту Исуф къыхуэкӀуащ.
– Къэтэдж, – жиӀащ мелыӀычым, – сабиймрэ абы и анэмрэ здэши, Мысырым кӀуэ. Хъыбар уэзгъэщӀэху, абы щыӀэ, сабийр иукӀын щхьэкӀэ, Ирод къилъыхъуэнущи.
14Арати, Исуф къэтэджщ, сабийри абы и анэри зыщӀигъури, Мысырым жэщу кӀуащ. 15Ирод лӀэху, Исуф абы щыпсэуащ. Апхуэдэу щӀэхъуар Зиусхьэным бегъымбарым игу ирилъхьэу жригъэӀа псалъэхэр#2:15 Зиусхьэным … мы псалъэхэр – еплъ Хьошеа (Осие) бегъымбарым и тхылъым 11:1. пэж хъун щхьэкӀэщ: «Мысырым къикӀыжыну си Къуэр къезджэжащ».
Ирод и зауэлӀхэм сабийхэр зэраригъэукӀар
16Тхьэгурымагъуэхэм къызэрагъэпцӀар щилъагъум, Ирод икъукӀэ губжьащ. Тхьэгурымагъуэхэм къаригъэӀуэта зэманым икӀуэцӀкӀэ, Бэтлэхьэм абы и Ӏэхэлъахэ псоми щыщ къыщалъхуа сабий псори, илъэситӀ зи ныбжьым нэс, яукӀын щхьэкӀэ Ирод и зауэлӀхэр иутӀыпщащ.
17Иеремие бегъымбарым жиӀэгъа мы псалъэхэр#2:17-18 Иеремие бегъымбарым къыжиӀа мы псалъэхэр – еплъ Иеремие бегъымбарым и тхылъым 31:15. пэж хъуащ абы щыгъуэ:
18«Рамэ жылэм#2:18 Рамэ жылэр – Ерусалим километрийкӀэ пэжыжьэу и ищхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀащ. гъы, гузасэ макъымрэ
гъыбзэмрэ зэщӀащтащ.
Рахил, зыхуэмыубыдыжыну хуэмейуэ,
и сабийхэр егъей,
ахэр иӀэжкъыми».
Сабийр я гъусэу Исуфрэ Мэриемрэ Мысырым къызэрикӀыжар
19Ирод лӀа нэужь, Зиусхьэным и мелыӀычыр пщӀыхьэпӀэу Мысырым къыщыхуэкӀуэри, 20Исуф къыжриӀащ:
– Зыужь, сабийри абы и анэри зыщӀыгъуи, Израил къэралым кӀуэж, сабийм и псэм къещахэр псэужкъыми.
21Арати, Исуф зиужьщ, сабийри абы и анэри зыщӀигъури, Израил къэралым кӀуэжащ. 22Ауэ Ирод и пӀэкӀэ абы и къуэ Архелай#2:22 Архелай – Ирод Иным и къуэхэм ящыщщ. Хьисэ къэхъун и пэкӀэ 4-рей гъэм къыщыщӀэдзауэ Хьисэ къэхъуа нэужь 6-рей гъэм нэсыху Иудей, Самарие, Идумей хэкухэм я пащтыхьу щытащ. Иудей хэкум и пащтыхь хъуауэ хъыбар щызэхихым, Исуф абы ихьэжын шынащ. Тхьэм пщӀыхьэпӀэкӀэ къыгуригъэӀуа нэужь, Галилей хэкум#2:22 Галилей хэкур – Израил къэралым и ищхъэрэ лъэныкъуэм щыӀэщ. Архелай и къуэш Ирод Антипэ а хэкум и пщу щытащ. кӀуэри, 23НазареткӀэ зэджэ къалэм#2:23 НазареткӀэ зэджэ къалэр – Галилей гуэлым километр 26-кӀэ пэжыжьэу, и дыгъэ къуэхьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэщ. дэтӀысхьащ. Апхуэдэу щӀэхъуар бегъымбархэм Хьисэ теухуауэ жаӀа мы псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэщ: «Назарет щыщкӀэ еджэнущ абы».

Sélection en cours:

Маттэ 2: KbdNTGP2017

Surbrillance

Partager

Copier

None

Tu souhaites voir tes moments forts enregistrés sur tous tes appareils? Inscris-toi ou connecte-toi