Руфэ 4
4
БоӀэз Руфэ къызэришар
1Абы хэту, цӀыхур щызэхыхьэ хабзэ жылэ дыхьэпӀэм деж кӀуэри щытӀысащ БоӀэз. Арати, зи гугъу ищӀа и унэкъуэщ щэхужакӀуэр щыблэкӀым: «Къэгъази моуэ къэтӀыс, си къуэш», – жиӀэри еджащ. Абы къигъазэри тӀысащ.
2БоӀэз жылэ хасэм щыщу тхьэмадипщӀ къишэри, ахэри игъэтӀысащ.
3Абы и ужькӀэ и унэкъуэщ щэхужакӀуэм зыхуигъазэри жриӀащ: «НэӀумий, МоӀэбей къикӀыжам, ди къуэш Елимэлэх къыщӀэна и щӀапӀэр ещэж. 4Сэ къэслъытащ уэ абы щыгъуазэ усщӀыну си къалэну, икӀи мыбдеж щыт псори, лъэпкъым ди нэхъыжьыфӀхэри ди щыхьэту, ар къэпщэхуну ухуеймэ, бжесӀэну. Уэ къэпщэхужмэ, хъарзынэщ, ауэ плъэмыкӀынумэ, сщӀэн щхьэкӀэ, къызжеӀэ. Уэр фӀэкӀа ар къищэхужыну зыри хуиткъым, уэ къыпкӀэлъыкӀуэр сэращ».
«Сэ къэсщэхужынущ ар», – жиӀащ абы.
5Апхуэдэу щыхъум, БоӀэз жиӀащ: «НэӀумий деж ар къыщыпщэхуж махуэм щхьэгъусэу къэпшэн хуейщ фызабэ Руфэ, моӀэб лъэпкъым щыщыр, Мэхълэн мыгъуэм къыщӀэнар. Фэ къуэ вгъуэта нэужь, Мэхълэн мыгъуэм и къуэпсыр абы зэфӀигъэувэжын икӀи и мылъкури къыхуэнэн щхьэкӀэ».
6Ар унэкъуэщ щэхужакӀуэм идакъым: «Абы щыгъуэм сэ а щӀапӀэр къысхуэщэхужынукъым, сыхилъэфэнкӀэ сошынэри. Уэ езым къэщэхуж, сэ апхуэдэу схуэщӀэнукъым», – жиӀащ.
7(Япэм щыгъуэ ИсрэӀилым хабзэ яӀащ щӀапӀэр щащэжкъыщащэхужым деж лъэныкъуитӀым языхэзым и вакъэ лъэныкъуэр зылъихрэ адрейм ириту. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ я зэгурыӀуэныгъэм къару игъуэтырт.)
8Арати, унэкъуэщ щэхужакӀуэм, БоӀэз «Уэ езым къэщэхуж» жриӀэри, и вакъэ лъэныкъуэр лъихащ.
9Апхуэдэу щыхъум, БоӀэз лъэпкъым и нэхъыжьхэми цӀыхубэми захуигъэзащ: «Нобэ фэ фыщыхьэтщ Елимэлэхи, Къилиуэни, Мэхълэни яйуэ щыта псори НэӀумий деж къызэрыщысщэхужым. 10КъищынэмыщӀауэ, Мэхълэн къыщӀэна фызабэ Руфэ, МоӀэбей щыщыр, щхьэгъусэу къызошэ: дунейм ехыжам и щӀэиныр езым и щӀэблэм къылъысыжу, и къуэпсыр лъэпкъым хэмыкӀуэдыкӀыжын, и цӀэри и Ӏыхьлыхэм ящымыгъупщэжу, жылэм и тхыдэм къыхэнэн щхьэкӀэ. А псом фэ нобэ фрищыхьэтщ!»
11Лъэпкъым и нэхъыжьхэми абдежым щызэхуэса псоми «дрищыхьэтщ» жаӀащ, икӀи БоӀэз къехъуэхъуащ мы псалъэхэмкӀэ:
«Уи унэ къихьэ цӀыхубз цӀыкӀур
ИсрэӀил и унагъуэр зыгъэбэгъуа
Рэхъелэрэ ЛеӀэрэ#4:11 Рэхъелэрэ ЛеӀэрэ Ибрэхьим бегъымбарым и къуэрылъху Екъуб и щхьэгъусэхэу щытащ. Екъуб ИсрэӀил цӀэр Тхьэм къыфӀищащ. Аращ абы къытехъукӀыжахэм исрэӀил лъэпкъкӀэ еджэ щӀэхъуар. хуэдэу,
Зиусхьэным быныфӀэ ищӀ!
Ефрафэ и деж къулей ущыхъуи,
Бэтлъэхъем уи цӀэр щрагъэлъапӀэ!
12А цӀыхубз цӀыкӀумкӀэ
уэ къыпщӀэхъуэну щӀэблэр
Тэмар#4:12 Тэмар, Руфэ хуэдэу, хамэ лъэпкъщ къызыхэкӀар. Ехьудэ къыхуилъхуа Пэрэз#4:12 Пэрэз и адэр Ехьудэщ, Ехьудэ и адэр Екъубщ. Екъуб и къуэхэм Ехьудэ я нэхъыжьу щымыта пэтми, абы и лӀакъуэр икъукӀэ бэгъуащ и къуэш дэтхэнэми ейм хуэмыдэу.
и лъэпкъым хуэдэ Зиусхьэным ищӀ!»
Даут бегъымбарым и лӀакъуэр
13Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ БоӀэз Руфэ къишэри, щхьэгъусэ хуэхъуащ. БоӀэз абы бгъэдыхьэри, Руфэ, Зиусхьэным и фӀыгъэкӀэ, уэндэгъу хъури, къуэ игъуэтащ. 14ЦӀыхубзхэм НэӀумий къыжраӀэрт:
«Зиусхьэным и шыкурщ!
Нобэ быныншэу укъигъэнакъым,
узыпӀыжыну къуэ уигъэгъуэтащ!
Уи щӀалэ цӀыкӀум и цӀэр
ИсрэӀилым лъапӀэ щрехъу!
15Абы уэ гъащӀэр ӀэфӀ пщищӀыжынущ,
уи жьыщхьэ узыхуей ухуигъэзэнущ!
Ар къэзылъхуар уи нысэ цӀыкӀуу
фӀыщэу укъэзылъагъурщ,
уэркӀэ къуибл нэхърэ нэхъыфӀырщ!»
16НэӀумий сабий цӀыкӀур къищтэри, ӀэплӀэкӀэ кърихьэкӀыу, и куэщӀым ису ипӀащ. 17Гъунэгъу фызхэм «НэӀумий къуэ къыхуалъхуащ» жаӀэрт. Абы цӀэуэ Ӏубэд фӀащащ. Ар Даут и адэ Исий и адэжырщ.
18Пэрэз и къуэпсыр мыращ:
Пэрэз и къуэщ Хъэцрэн,
19Хъэцрэн и къуэщ Рам,
Рам и къуэщ Ӏэминэдэб,
20Ӏэминэдэб и къуэщ Нэхъшун,
Нэхъшун и къуэщ Сэлмэний,
21Сэлмэний и къуэщ БоӀэз,
БоӀэз и къуэщ Ӏубэд,
22Ӏубэд и къуэщ Исий,
Исий и къуэщ Даут.
Currently Selected:
Руфэ 4: АдгФЛ
Tõsta esile
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021