Маттэ 7
7
7-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьэкум зыми тевмыщӀыхь
(Лука 6:37-38, 41-42)
1– Хьэкум#7:1 хьэкум – «суд». зыми тевмыщӀыхь, Тхьэм хьэкум фэ къыфтримыщӀыхьын щхьэкӀэ. 2ЦӀыхухэм фэ хьэкум зэратефщӀыхьым хуэдэу, Тхьэм фэри хьэкум къыфтрищӀыхьынущ икӀи фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкӀэ Тхьэм фэ къыфхуипщыжынущ.
3– Уэ уи нэм щӀэлъ бжэгъум гу лъумытэу, уи къуэшым#7:3 уи къуэш – еплъ 5:22. и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр щӀэплъагъур сыт? 4Уи нэм бжэгъу щӀэлъ пэтрэ, уи къуэшым дауэ жепӀэфрэ: «Уи нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къыщӀэзгъэх», жыпӀэу? 5Уэ, бзитӀщхьитӀ, уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэ щӀыкӀэ, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхынур ӀупщӀ хъунщ итӀанэ.
6– Фэ фигукӀэ вгъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр хьэхэм евмыт. Налкъутналмэсхэр кхъуэхэм я пащхьэм щивмыкъухь. Апхуэдэу фщӀымэ, абыхэм ахэр яутэнущ, къагъэзэжынурэ, фэри фызэпкъратхъынущ.
Тхьэм фелъэӀу, фылъыхъуэ, куэбжэм фытеуӀуэ
(Лука 11:9-13)
7– ФелъэӀуи, Тхьэм къывитынущ; фылъыхъуи, къэвгъуэтынущ; куэбжэм фытеуӀуи, Тхьэм къыфхуӀуихынущ; 8Тхьэм хэт елъэӀуми, зыщӀэлъэӀур иӀэ хъунущ, хэт сыт къилъыхъуэми, зылъыхъуэр къигъуэтынущ; куэбжэм теуӀуэми Тхьэм къыхуӀуихынущ.
9– Фэ цӀыху къыфхэт, и къуэр щӀакхъуэ щхьэкӀэ къелъэӀумэ, мывэ иритыну, 10е бдзэжьей щхьэкӀэ къелъэӀумэ, блэ иритыну? 11Аращи, фэ фыбзаджэ пэтми, фи бынхэм фӀыгъуэ зэрефтынур фощӀэ. АтӀэ абы нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыбэу фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм елъэӀухэм фӀыгъуэ яхуищӀэнукъэ? 12Аращи, цӀыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт сыт щӀыгъуи. Аращ Торэт хабзэми бегъымбархэм ятхахэми къарыкӀыр узыхуаущийр.
Куэбжэ зэвыр
(Лука 13:24)
13– Куэбжэ зэвымкӀэ фыдыхьэ; кӀуэдыпӀэм и куэбжэр бгъуфӀэщ, абы кӀуэ гъуэгури гъуэгушхуэщ. А гъуэгум ирикӀуэхэр куэд мэхъу. 14Ауэ гъащӀэм и куэбжэр зэвщ, абы ухуэзышэ гъуэгури бгъузэщ. Ар къэзыгъуэтыр мащӀэщ.
Жыгыр зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэ пщӀэнущ
(Лука 6:43-44)
15– Бегъымбар нэпцӀхэм фахуэсакъ. Абыхэм мэл Ӏэсафэ зытрагъауэ, ауэ ягукӀэ дыгъужь хъунщӀакӀуэхэм хуэдэу фи деж къокӀуэ. 16Жыгыр зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэ зэрыпщӀэм хуэдэу, а цӀыхухэр зыхуэдэр ялэжь ӀуэхухэмкӀэ къэфщӀэнущ. Пыжьейм жызум, е кхъуэбанэм ахъуо къыпыкӀэрэ? 17Дэтхэнэ зы жыгыфӀми фӀы къыпокӀэ, ауэ жыг Ӏейм Ӏейщ къыпыкӀэр. 18ЖыгыфӀым Ӏей къыпыкӀэнукъым, жыг Ӏейми фӀы къыпыкӀэнукъым. 19ФӀы къызыпымыкӀэ дэтхэнэ зы жыгри ираупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ. 20Аращи, а цӀыхухэр зыхуэдэр ялэжь ӀуэхумкӀэ къэфщӀэнущ.
ИгъащӀэм фысцӀыхуакъым сэ фэ
(Лука 13:25-27)
21– «Зиусхьэн! Зиусхьэн!» жиӀэу сигъэлъапӀэу къызжезыӀэ цӀыхуракъым Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм#7:21 Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр – мыбдежым абы къикӀыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэр Тхьэм и гъусэу здэщыӀэр аращ. щӀыхьэнур, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ. 22ЦӀыху куэдым мыпхуэдэу къызжаӀэнущ а махуэм: «Зиусхьэн! Зиусхьэн! Тхьэм езым и псалъэу ди гум кърилъхьар уэ уи цӀэкӀэ жытӀэу щытакъэ, уэ уи цӀэкӀи жин бзаджэхэр цӀыхухэм яхэтхужу щытакъэ, Ӏуэху телъыджэ куэд уэ уи цӀэкӀэ тщӀэуэ щытакъэ?» 23Ауэ сэ абыхэм занщӀэу яжесӀэнущ: «Сэ зэи фысцӀыхуакъым. Си пащхьэм фикӀ фэ бзаджащӀэхэр».
УхуакӀуэ губзыгъэмрэ ухуакӀуэ акъылъыншэмрэ
(Лука 6:47-49)
24– Аращи, си псалъэхэр зэхихэу ахэр зыгъэзащӀэ дэтхэнэри зыхуэдэр зи унэр мывэ быдэм тезыщӀыхьа цӀыху губзыгъэрщ. 25Уэшх къешхащ, псыхэри къиуащ, жьыри къепщэурэ а унэм жьэхэуащ, ауэ а унэр къызэтеуакъым, мывэм тращӀыхьати. 26Си псалъэхэр зэхихыу ахэр зымыгъэзащӀэ дэтхэнэри зыхуэдэр зи унэр пшахъуэм тезыщӀыхьа лӀы акъылыншэрщ. 27Уэшх къешхащ, псыхэр къиуащ, жьыри къепщэурэ а унэм жьэхэуащ. А унэр къызэтещэхащ икӀи къисэхэжащ.
28Хьисэ а псалъэхэр жиӀа нэужь, цӀыху куэдым Ӏуэхухэр зэраригъащӀэу щыта щӀыкӀэр ягъэщӀэгъуащ, 29торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ яхуэмыдэу, тепщэныгъэшхуэ иӀэу цӀыхухэм Тхьэм и гъуэгур яригъащӀэрти.#7:29 тепщэныгъэшхуэ иӀэу цӀыхухэм Тхьэм и гъуэгу яригъащӀэрт – Хьисэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ещхьтэкъым. Абыхэм пасэрей дин пашэу щӀэныгъэшхуэ зиӀэу щытахэм я псалъэхэмкӀэ езыхэм къыжаӀахэр ягъэпэжыну хэту щытащ.
Currently Selected:
Маттэ 7: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017