Маттэ 6
6
6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Псапэ тыхьым теухуауэ
1– Псапэ щыфщӀэкӀэ, цӀыхухэм евгъэгъэщӀэгъуэн мурадкӀэ абыхэм ялъагъуу зэрывмыщӀэным фыхуэсакъ. Армыхъумэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ӀыхьэфӀыр къыфхуигъэфэщэнукъым.
2– Аращи, псапэ тыхь щыпткӀэ, цӀыхухэм хъыбар йомыгъащӀэ, синэгуэгухэм#6:2 синэгуэгур – еплъ 4:23. щӀэс икӀи уэрамхэм тет бзитӀщхьитӀхэм фӀыщӀэ лей къахьын мурадкӀэ зэрызагъэнаӀуэм ещхьу. Пэжыр нывжызоӀэ, апхуэдэу зыщӀхэм я ӀыхьэфӀыр ягъуэтакӀэщ. 3Ауэ уэ псапэ тыхь щыпткӀэ, уи Ӏэ ижьым илэжь Ӏуэхур уи Ӏэ сэмэгум иремыщӀэ, 4уэ пта псапэ тыхьыр щэхуу къэнэн щхьэкӀэ. Уи Адэ лъапӀэу цӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъум уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.
Тхьэм елъэӀуным теухуауэ
(Лука 11:2-4)
5– Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, бзитӀщхьитӀхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀ. ЦӀыхухэм зыкърагъэлъагъун щхьэкӀэ, Тхьэм елъэӀуурэ, синэгуэгухэми уэрамыщхьэхэми зыщаӀэжьэну яфӀэфӀщ абыхэм. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ. 6Ауэ уэ Тхьэм ущелъэӀукӀэ, уи пэшым щӀыхьэж, бжэр къэгъэбыди, цӀыхухэм я дежкӀэ нэрымылъагъу уи Адэ лъапӀэм елъэӀу. ЦӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъу уи Адэ лъапӀэм уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ. 7Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, куэдыщэ жывмыӀэ, хамэ лъэпкъхэм зэращӀым хуэдэу; куэд жаӀэмэ, зыщӀэлъэӀухэм Тхьэр едэӀуэну щогугъ ахэр. 8Аращи, абыхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀэ; фэ фелъэӀун и пэкӀэ, фызыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэм ещӀэри.
9– Тхьэм мыпхуэдэу фелъэӀу:
«Уэ ди Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэ!
Уи цӀэр цӀыхухэм ирегъэлъапӀэ.
10Уи Тепщэныгъэшхуэр* кърекӀуэ.
Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу,
щӀылъэми щрехъу.
11ЩӀакхъуэу дызыхуэныкъуэр нобэ къыдэт.
12Мыхъуну тщӀар къытхуэгъэгъу,
мыхъун къыдэзыщӀахэм дэ зэрахуэдгъэгъум хуэдэу.
13ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ,
икӀи абы дыщыхъумэ.
МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр,
щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».
14– ЦӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀар щахуэвгъэгъукӀэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэри мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъунущ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. 15– Ауэ цӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀар яхуэвмыгъэгъумэ, фи Адэ лъапӀэми фэ мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъунукъым.
НэщӀыным теухуауэ
16– ФынэщӀын щыхъукӀэ, цӀыху фэрыщӀхэм ещхьу нэщхъеифэ зытевмыгъауэ; зэрынэщӀыр цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэ, абыхэм я нэщхъыр зэхалъхьэ. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ. 17-18Ауэ уэ унэщӀ щыхъукӀэ, цӀыхухэм гу лъремытэ узэрынэщӀым, уи Адэ лъапӀэу цӀыхухэм я дежкӀэ нэрымылъагъум фӀэкӀ нэгъуэщӀым гу лъимытэн щхьэкӀэ, уи щхьэм дагъэ лъапӀэ щыхуэ, уи напэри тхьэщӀ. ЦӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъу уи Адэ лъапӀэм уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.
Уафэм мылъкушхуэ хузэхуэфхьэс
(Лука 12:33-34)
19– ЩӀылъэм мылъкушхуэ щызэхуэвмыхьэс, щӀылъэм щыӀэр е хъуным яшх е улъийурэ мэкӀуэдыж, дыгъуакӀуэхэм яхъунщӀэ икӀи ядыгъури. 20Ауэ уафэм мылъкушхуэ хузэхуэфхьэс. Хъуным абы зыри щишхыркъым, зыри щыулъийркъым, дыгъуакӀуэхэри щыӀэбэркъым икӀи щыдыгъуэркъым. 21Уи мылъкушхуэр здэщыӀэм уигури щыӀэнущ.
Пкъым и уэздыгъэр
(Лука 11:33-36)
22– Пкъым и уэздыгъэр нэращ. Аращи, уи нэр сэкъатыншэмэ, уипкъ псори нэхунущ. 23Ауэ уи нэр мыщӀагъуэмэ, уипкъ псори кӀыфӀынущ. Аращи, нэхуу пхэлъыр кӀыфӀыгъэу къыщӀэкӀмэ, ар куэду кӀыфӀыгъэшхуэ мэхъу.
Тхьэмрэ ахъшэмрэ
(Лука 16:13)
24– ЗиусхьэнитӀым хуэлэжьэн зыми лъэкӀынукъым, е зым жагъуэгъу хуэхъунурэ, адрейр фӀыуэ илъагъунущ, е зым пэжу хущытынурэ, адрейм нэмыплъ иритынущ. Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкӀынукъым фэ.
Гузэвэгъуэм теухуауэ
(Лука 12:22-34)
25– Аращи, нывжызоӀэ, «Сыт тшхыну, сыт дефэну?» жыфӀэу фи гъащӀэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀи фымыгузавэ. Шхыным нэхърэ гъащӀэр нэхъ лъапӀэкъэ, щыгъыным нэхърэ Ӏэпкълъэпкъыр нэхъ лъапӀэкъэ? 26Уэгум щызелъатэ бзухэм феплъыт: абыхэм жылэ ясэркъым икӀи гъавэ къахыжыркъым, гуэнхэми иракӀутэркъым, апхуэдэу щыт пэтми, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ахэр егъашхэ. Фэ абыхэм нэхърэ куэдкӀэ фынэхъ лъапӀэкъэ? 27Гузавэ пэтми, хэт фэ фщыщу зы сыхьэт закъуэ и гъащӀэм пызыщэн зылъэкӀынур?
28– Фэ щыфтӀэгъэным щхьэкӀэ щхьэ фыгузавэрэ? Губгъуэ удз гъагъэхэр къызэрыкӀым феплъыт. Ахэр лажьэркъым, цы яджыркъым, 29ауэ нывжызоӀэ, егъэлеяуэ зызыгъэщӀэращӀэу щыта езы Сэлмэн пащтыхь#6:29 Сэлмэн пащтыхьыр – Соломон пащтыхьыр арщ. дыдэри абыхэм ящыщ зым ещхьу хуэпауэ щытакъым. 30Губгъуэм нобэ щыгъагъэу пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэкӀэ фэ фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зимащӀэхэр? 31Аращи, «Сыт дэ тшхыну?», е «Сыт дефэну?», е «Сыт щыттӀэгъэну?» жыфӀэу фымыгузавэ. 32Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ апхуэдэ Ӏуэху псорищ дунейм тет лъэпкъхэм къалъыхъуэр. А псоми фэ фызэрыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм ищӀэркъэ? 33Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* и Ӏуэхугъуэхэмрэ Тхьэм и щыпкъагъэмрэ я ужь фит япэ щӀыкӀэ, а Ӏуэхугъуэ псори къыфӀэщӀыхьэнущ итӀанэ. 34Аращи, пщэдейрей махуэм щхьэкӀэ фымыгузавэ. Пщэдей къакӀуэр езым и щхьэм щхьэкӀэ гузэвэжынущ, дэтхэнэ махуэми езыр зытегузэвыхьын хурикъуу иӀэжщи.
Currently Selected:
Маттэ 6: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017