Гъэсэпэтхыдэхэр 25
25
ТӀОЩӀРЭ ЕТХУАНЭ ӀЫХЬЭ
Иджыри Сэлмэн къыжиӀауэ нэгъуэщӀ зы псалъэ гуп
1Ехьудейм и пащтыхь ХъызэкӀахь#25:1 Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ хуэгъэфэщауэ 715-686 гъэхэм Ехьудей щӀыналъэм и Ӏэщхьэтету щытащ. и цӀыхухэм зэхуахьэсыжа Сэлмэн и гъэсэпэтхыдэхэм ящыщщ мыхэри:
2Тхьэм и лъапӀэныгъэр Ӏуэхуфэм щэхур
зэрыхилъхьэм хыболъагъуэ,
пащтыхьым и инагъыр а псор
къызэрихутэфымкӀэ къыбощӀэ.
3УафэщӀыр здынэсри, щӀы лъащӀэр здехри,
пащтыхьыр зэгупсысри – зэхэщӀыкӀыгъуейщ.
4Упщэжу щытмэ дыжьыныжьыр,
иӀэнщ дыщэкӀым дыжьын фалъи
къызыхищӀыкӀын;
5пэӀэщӀэ хуэпщӀу щытмэ пащтыхьым цӀыху
бзаджащӀэр,
захуагъэри лъэ быдэкӀэ и пщыгъуэ щыувынщ.
6ЗыкъыщыпфӀэмыщӀыж пащтыхьым и пащхьэ,
щыпхуэмыфащэм умыжьантӀэщӀэкъу;
7уи напэр лӀыщхьэхэм я пащхьэ щытекӀ нэхърэ
нэхъыфӀщ къыбжаӀэмэ: «Къыдыхьэ,
къыдэкӀуэтей!»
Уи нитӀкӀэ плъагъупауэ щытми Ӏуэху
мыхъумыщӀэ,
8уемыпӀэщӀэкӀ хьэкумым хъыбар ептыну.
Ӏуэхур икӀэм нэсрэ,
уи гъунэгъум ар къихьэхурэ уигъэукӀытэжмэ,
сыт пщӀэжынур?
9Дауафэ хууиӀэу щытмэ уи гъунэгъум,
нэгъуэщӀым и щэхур умыӀуатэ.
10ЦӀыхум ар зэхахрэ уагъэукӀытэжым,
текӀынщ игъащӀэкӀэ уи напэр.
11Дыщэ тхыпхъэр#25:11 Е «мыӀэрысэхэр». зыхэлъ дыжьын фалъэм ещхьщ
игъуэу жыӀа хъуа псалъэр.
12Ӏущым и гие псалъэр абы и тхьэкӀумэ тегъэхуауэ
щӀэдэӀум зрилъытыр
дыщэ тхьэгъурэ дыщэ Ӏэлъынрэщ.
13Гъэмахуэ шылэм узыгъэщӀыӀэтыӀэ псы щӀыӀэм
хуэдэщ#25:13 Журт. «уэс къесым хуэдэщ».
лӀыкӀуэ пэжыр ар зыӀуэхум дежкӀэ:
къыхуехьыр гупсэхугъуэ зыгъэкӀуам.
14Уэшхыншэ пшагъуэмрэ жьыбгъэм ещхьщ
имыщӀа тыгъэхэмкӀэ зыщытхъужыр.
15УнафэщӀыр шыӀагъэкӀэ къыдэпхьэхынщ,
зи бзэ ӀэфӀым къупщхьэми зыдегъэш.
16Ухуэзамэ уэ фо Ӏэгу – пщыкӀуэн хуэдиз хэшхыкӀ,
армырмэ уигу къигъэкӀуэнщ.
17Апхуэдэщ ныбжьэгъури: и унэ куэдрэ улъимыхьэ,
армыхъумэ – укъиужэгъунщи,
къыпхуищӀынщ гущыкӀ.
18Токъумакъыу яшэщӀырщ, сэшхуэу ягъабзэрщ
е шабзэшэу ягъэпсырщ зэщхьыр
нэгъуэщӀым щыхьэтыгъэ нэпцӀкӀэ тегушхуэр.
19Дзэуэ ӀущӀыкӀам, лъакъуэу къыдэмыбзым хуэдэщ
гузэвэгъуэ махуэм ущыгугъыныр цӀыху
тхьэгъэпцӀым.
20Махуэ щӀыӀэбжьым нэгъуэщӀым и щыгъын
щӀыӀутелъ щызыхым
е абы и уӀэгъэм псыхуэш тезыкӀэм хуэдэщ
гукъыдэж зимыӀэм уэрэд нэжэгужэ
къыхуизышыр.
21Уи бийр мэжалӀэмэ – гъашхэ,
псыхуэлӀэм иубыдамэ – псы егъафэ;
22укъекӀуэкӀмэ апхуэдэу – укӀытэм игъэсынщ абы
и напэр#25:22 Журт. «и щхьэфэ игъэсынщ дэп пщтырым».,
уэ Тхьэуэ Зиусхьэным и нэфӀри къыплъысынщ.
23Ищхъэрэжьым уэшхыдзэр къызэрихьым ещхьу
бзэгузехьэми къызэщегъэур губжьыр.
24Фыз жьэмыгъэпсэхум и гъусэу зы унэ ущӀэс нэхърэ
нэхъыфӀщ пкӀэунэм уисми.
25ПсыхуэлӀэм иубыдам дежкӀэ псы щӀыӀэтыӀэм
хуэдэщ
щӀыпӀэ жыжьэ къиӀукӀ хъыбарыфӀыр.
26Псынащхьэ утхъуам е псынэпс уфӀеям ещхьщ
захуащӀэу бзаджащӀэм зезыгъэгъапцӀэр.
27 Фо бэшхыу ущытыным хэлъкъым зыфӀ,
щӀэмычэу щытхъум упэплъэнри щӀагъуэкъым.
28Зи мывэчор зэтеуэжа къалэм ещхьщ
шыӀагъэ зыхэмылъ цӀыхур.
Currently Selected:
Гъэсэпэтхыдэхэр 25: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021