Гъэсэпэтхыдэхэр 2
2
ЕТӀУАНЭ ӀЫХЬЭ
Ӏущыгъэм щхьэпагъэу пылъыр
1Си щӀалэ, си псалъэр пщтэрэ
унафэу пхуэсщӀыр уи гум иплъхьэмэ,
2Ӏущыгъэм ухуэгъэзарэ
зэхэщӀыкӀым уигу етауэ,
3акъылым ухущӀэкъурэ уигу хузэӀухауэ
ар къыбгурыӀуэным уеблэу щытмэ,
4дыжьыныжьым хуэдэу абы улъыхъуэрэ
кӀадэ гъэтӀылъыгъэу ущӀэхъуэпсмэ,
5абдежщ къыщыпщӀэнур Тхьэуэ Зиусхьэным
фӀэлӀыкӀыным къикӀыр,
мис итӀанэщ Тхьэр къыщыпцӀыхунур.
6Ӏущыгъэр дэ къыдэзыпэсыр Тхьэуэ Зиусхьэнырщ,
Аращ къызыбгъэдэкӀри щӀэныгъэр,
зэхэщӀыкӀыр.
7ЦӀыху захуэхэм ехъулӀэныгъэ инхэр#2:7 ЖуртыбзэкӀэ псалъэм къикӀынкӀэ хъунум щыщу зы мыхьэнэращ зэддзэкӀар. «Чэнджэщхэр», «текӀуэныгъэ», «Ӏущыгъэ щхьэпэ» мыхьэнэхэри иӀэщ.
Тхьэрщ къезытыр,
гъуэгу пхэнж пэӀэщӀэ зыхуэзыщӀхэм
Ар я мэӀущ.
8Аращ захуащӀэхэм хъумакӀуэу яӀэр,
хуэпэжхэми я гъуэгур еузэщӀ.
9КъэпщӀэнщ итӀанэ щыпкъагъэм, захуагъэм,
пэжыгъэм –
дэтхэнэ зы гъуэгу занщӀи утетыным къикӀыр.
10Абдежым щегъэжьауэщ уигу Ӏущыгъэр
щитӀысхьэнур,
щӀэныгъэр уи псэми щехуэбылӀэнур.
11Акъыл гъэтӀысам укъихъумэнщ,
зэхэщӀыкӀми укъызэтринэнщ.
12Ӏущыгъэм уащехъумэ бзаджащӀэхэм я гъуэгум:
псалъэ пцӀыӀуэпцӀышэр зи бзэгупэ телъхэм,
13гъуэгу занщӀэм текӀыу
кӀыфӀыпцӀэ лъагъуэ теувахэм,
14гуфӀэ-гупсэм зэщӀищтауэ бзаджэ зыщӀэхэм,
щӀэпхъаджэуи ялэжьхэм щыгуфӀыкӀхэм,
15зи гъуэгур нашэкъашэхэм,
пцӀы зэфэзэщ и лъагъуэ тетхэм.
16Ӏущыгъэм хамэ цӀыхубзым#2:16 Мы псалъэм мыхьэнищ иӀэнкӀэ хъунущ: 1. нэгъуэщӀ лъэпкъ щыщ бзылъхугъэ; 2. хамэ цӀыхухъу и щхьэгъусэ; 3. зи пщӀэ зыгъэкӀуэда цӀыхубз хэтакӀуэ. ущехъумэ,
нэгъуэщӀым и щхьэгъусэ и псалъэпцӀ
къумалэм,
17пӀэщхьагъ ищӀар хьэкъыншэу зыхъуэжам,
Тхьэм и пащхьэ щита нэчыхь псалъэр
зыкъутам.
18Ажалщ#2:18Журт. «ныбжьыкъухэм дежщ», нэгъуэщӀу жыпӀэмэ – лӀахэм я деж. а цӀыхубзым и унэр зи хэщӀапӀэр,
гъуэгупэуи екӀуалӀэм узыхуашэр хьэдрыхэщ.
19Хэт къыхуэмыкӀуэми абы, итщ кӀуэдыпӀэ, –
гъащӀэм и нэзми къыщыхутащ.
20Аращи, цӀыхуфӀ я гъуэгу щызэхэзекӀуэ,
захуащӀэхэм я кӀуапӀэр умыбгынэ.
21ЦӀыху захуэхэрщ мы щӀыгум щыпсэунур,
зигу къабзэхэрщ къинэнури абы;
22ауэ бзаджащӀэхэр мы щӀыгум трихыжынущ,
цӀыху гъэпцӀакӀуэхэм я лъабжьэри
ирихыжынущ.
Currently Selected:
Гъэсэпэтхыдэхэр 2: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021