Сэфирэт и тхылъ 9
9
ЕБГЪУАНЭ ӀЫХЬЭ
Журтхэр я бийхэм зэрытекӀуар
1ЕпщыкӀутӀанэ мазэм, пащтыхь унафэр щызэщӀэн хуей Адар мазэм, и епщыкӀущанэ махуэр къэсащ. Бийр гугъат а махуэм журтхэр хигъэщӀэну, ауэ зыри зэрыщымыгугъауэ Ӏуэхур къыщӀидзыжри, я бий кӀэуфӀыцӀыр езы журтхэм лъэгуажьэмыщхьэу къагъэтӀысащ. 2Пащтыхь Ахъийшурэщ и щӀыналъэхэм къалэу итым бзаджагъэ зигу къахуилъхэм езэуэну журтхэр къыщызэхуэсащ. Журтхэм я шынагъэр цӀыху лъэпкъ псоми зэралъэӀэсам къыхэкӀыу къапэщӀэувэжыну зыри тегушхуакъым. 3Мардэхей и шынагъэ зыхащӀам пщыи, хэгъэгу паши, лӀакъуэлӀэши, пащтыхь Ӏуэхузехьи къанэ щымыӀэу журтхэм къуигъэуващ. 4Мардэхей и пщӀэм нэхъри нэхъ лъагэу сэрейм зыщиубгъурт: кӀуэ пэтми нэхъ лъэщ хъурт, и цӀэри пащтыхьыгъуэм и дэнэ къуапи щыжаӀэрт.
5Журтхэм бийр джатэщхьэрыкӀуэ ящӀырт, яукӀырт, лъапсэкӀуэдыр къыхуагъакӀуэрт, жагъуэгъум ирамыщӀи щыӀэтэкъым. 6Шушан быдапӀэм и закъуэ журтхэм бийм щыщу цӀыху щитхум лъапсэкӀуэдыр къыщыхуагъэкӀуащ. 7-10Абыхэм яхэтащ журтхэм я бий фӀыцӀэ Хьэмэдэт и къуэ Аман и къуипщӀри: Пэршэндэт, Дэлфан, Аспэт, Пэурэт, Адэлей, Арудэт, Пэрэмшэт, Арысей, Арудей, Уейзэт сымэ. Ауэ хъунщӀэ зи цӀэ журтхэм зыщӀыпӀи къыщыхагъэкӀакъым.
11Шушан быдапӀэм укӀыгъэ щыхъуам и бжыгъэр а махуэ дыдэм пащтыхьым деж нагъэсащ. 12ЖриӀащ пащтыхьым Сэфирэт-гуащэм: «Шушан быдапӀэм журтхэм цӀыху щитху хуэдиз хъун, Аман и къуипщӀри яхэту, щаукӀащ. Пащтыхьыгъуэм хиубыдэ адрей щӀыналъэхэм щащӀар сыту пӀэрэ-тӀэ абы щыгъуэм? ЖыӀэ уэ, сыт иджыри узыхуейр? УзыщӀэлъэӀу псори пхуэсщӀэнущ».
13«Игъуэу къэплъытэмэ, – къитыжащ жэуап Сэфирэт, – Шушан дэс журтхэр нобэ унафэр зэрагъэзэщӀам ещхьу пщэдеи зекӀуэну хуит щӀы, Аман и къуэхэм я хьэдэри щхьэпылъапӀэм къыпегъалъэ».
14Ар икӀэщӀыпӀэкӀэ ягъэзэщӀэну пащтыхьым ткӀийуэ и Ӏуэхузехьэхэм ятрикъузащ. Арати, Шушан быдапӀэм унафэ къыщыдагъэкӀри, Аман и къуипщӀым я хьэдэхэр щхьэпылъапӀэм фӀрагъэдзащ. 15Шушан дэс журтхэр Адар мазэм и епщыкӀуплӀанэ махуэми#9:15 Ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 473 гъ. и гъатхэпэ мазэм и 8-нэ махуэм. зэхыхьэри, бийм щыщ цӀыху щищ хагъэщӀащ, ауэ хъунщӀэ зи цӀэ къыхагъэкӀакъым.
16-18Мыр къыщыхъуар Адар мазэм и епщыкӀущанэ, епщыкӀуплӀанэ махуэхэрщ, къыкӀэлъыкӀуэ епщыкӀутхуанэ махуэм загъэпсэхужри, ар ефэ-ешхэм хэту гуфӀэгъуэм и махуэщӀу ягъэнэхуащ.
Абы ирихьэлӀэу пащтыхьыгъуэм хиубыдэ адрей щӀыналъэхэм щыпсэу журтхэри, бийм икӀэм-икӀэжым зыкъыӀэщӀахыу зыщахъумэжын щхьэкӀэ, зэхуэсат, жагъуэгъухэм ящыщу цӀыху мин блыщӀрэ тху хуэдизым лъапсэкӀуэдыр къыхуагъэкӀуат. ХъунщӀэ зи цӀи къыхагъэкӀатэкъым. Мыр къыщыхъуар Адар мазэм и епщыкӀущанэ махуэрщ. КъыкӀэлъыкӀуэ махуэр зыгъэпсэхугъуэ махуэ ящӀри, ар ефэ-ешхэм хэту гуфӀэгъуэм и махуэщӀу ягъэнэхуащ. 19Аращ къуажэдэс журтхэм Адар мазэм и епщыкӀуплӀанэ махуэр гуфӀэу, ефэ-ешхэм хэту щӀагъэлъапӀэр, шхын тыгъи щӀызэхуащӀыр#9:19 МахуэщӀ махуэхэм деж шхыныгъуэ зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ зыр зым етэурэ зэщыгуфӀыкӀыныр журтхэм хабзэу яхэлъащ..
Пурим махуэщӀыр зэрыхаха щӀыкӀэр
20Мардэхей мы къэхъукъащӀэ псори итхыжри, Ахъийшурэщ и пащтыхьыгъуэм журту исым, жыжьэ щыӀи, гъунэгъуу щыси къимыгъанэу, тхыгъэу яхузэбгригъэхащ, 21илъэс къэс Адар мазэм и епщыкӀуплӀанэ, епщыкӀутхуанэ махуэхэр махуэщӀ махуэу ягъэлъэпӀэну иту. 22НэщхъыфӀэу, ефэ-ешхэ ящӀу, шхынкӀэ зыр зым етэу, тхьэмыщкӀэхэри ягъэгуфӀэу а махуэхэр ягъэкӀуэнуи яхуигъэуващ. Журтхэм нэплъэжыгъуэ щагъуэтар мы махуэхэращ. Бий фӀыцӀэм текӀуэу я гуӀэгъуэм гуфӀэгъуэкӀэ зыщызридзэкӀар, гъыбзэу ягъэшым махуэщӀкӀэ зыкъыщыдигъэзари мы мазэращ.
23МахуэщӀу ирагъэжьар иужьым журтхэм хабзэу зэдащтэжащ – арат Мардэхеи яхуитхауэ щытар абыхэм. 24Аджадж лъэпкъым щыщ Хьэмэдэт и къуэ Аман, зэрыжурту я бий кӀэуфӀыцӀым, игъэкӀуэдын неткӀэ абыхэм лъапсэрыхыр къащыхуигъэкӀуэну махуэр къыхихыну пхъэидзэ, «пур» жыхуаӀэр, идзыгъат. 25Ауэ Сэфирэт пащтыхьым деж щыкӀуэм, абы унафэ къыдигъэкӀыгъат гухэлъ бзаджэу Аман журтхэм яхуищӀар къыпекӀуэкӀыжу – езыри и къуэхэри щхьэпылъапӀэм щыпалъэжыну. 26(Абдеж къыщежьэри «пур» псалъэм къытекӀа «Пурим» фӀэщыгъэцӀэмкӀэ а махуэхэм еджэ хъуащ).
Мардэхей ищӀа унафэм къыпкърыкӀыу, езыхэми я нэгу щӀэкӀамрэ я щхьэ кърикӀуами къыхэкӀыу 27журтхэм хабзэ къызэдащтащ, а зэрагъэувам тету щӀэблэу къащӀэхъуэнуми, я дин къихьэну цӀыхухэми илъэс къэс а махуитӀыр игъуэм фӀэкӀыпӀэншэу ягъэмэхуэщӀыну. 28ЛӀэужьу къэхъухэми, унагъуэхэми, щӀыналъэхэми, жылагъуэхэми ящымыгъупщэу ягу илъын хуейщ а махуэхэр. Пуримыр журтхэм ӀэщӀыб ящӀ хъунукъым, ар зищӀысыр щӀэблэм ӀэщӀэмыхужын щхьэкӀэ.
29Абы иужь АбыхъурэӀил ипхъу Сэфирэт-гуащэ, унафэу ӀэщӀэлъым хуэдизкӀэ, Мардэхей и гъусэу, Пурим махуэщӀхэм теухуауэ ипэкӀэ ящӀыгъауэ щыта унафэм иджыри зэ щыхьэт техъуэж тхылъ ятхащ. 30Мамырыгъэрэ зэпэщыныгъэкӀэ ехъуэхъуу Ахъийшурэщ и пащтыхьыгъуэм хиубыдэ хэгъэгуищэрэ тӀощӀрэ блым щыпсэу журтхэм хузэбграгъэха а тхыгъэм, 31Мардэхейрэ Сэфирэт-гуащэрэ зэрыхагъэунэхукӀам тету, Пуримыр игъуэм ягъэмэхуэщӀыну къигъэувырт. Езы журтхэми зэдащтэгъа икӀи щӀэблэу къащӀэхъуэм къыхуагъэна махуэ хэхахэм – нэщӀымрэ щыгъуэщӀымрэ – мыри хагъэхъуэжырт. 32Пуримым теухуа унафэр Сэфирэт и тхыгъэм щигъэщыпкъэжащ, къэхъукъащӀэхэр зратхэ тхылъми иратхэжащ.
Currently Selected:
Сэфирэт и тхылъ 9: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021