YouVersion Logo
Search Icon

Марк 16

16
16-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжар
(Маттэ 28:1-8; Лука 24:1-12; Иуан 20:1-10)
1Щэбэтыр блэкӀауэ, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Екъуб#16:1 Екъуб – еплъ 15:40. и анэ Мэрием сымэ мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэхэр къащэхуащ, кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, Хьисэ и хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ. 2Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм#16:2 тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэр – тхьэмахуэ махуэр арщ. жьы дыдэу, дыгъэр къыщӀэкӀа къудейуэ, кхъэлэгъунэмкӀэ яунэтӀащ. 3Абыхэм жаӀащ:
– Кхъэлэгъунэ щӀыхьэпӀэм Ӏулъ мывэшхуэр хэт къытхуӀуигъэукӀуриикӀын?
4Плъэмэ, мывэшхуэр – ар мывэ ин дыдэт – ӀугъэукӀуриикӀауэ ялъэгъуащ. 5Кхъэлэгъунэм щыщӀыхьэм, щыгъын хужь кӀыхькӀэ хуэпауэ, ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ къыщысу, зы щӀалэ ялъагъури, къэскӀащ.
6– Фымыгузавэ, – къажриӀащ щӀалэм абыхэм. – Назарет щыщ Хьисэу жорым ираӀулӀам фызэрылъыхъуэр сощӀэ. Ар мыбдежым щыӀэжкъым. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ! Мыращ зыщӀалъхьэжауэ щыта щӀыпӀэр.
7Ауэ фэ фыкӀуи, Петррэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей цӀыхухэмрэ яжефӀэ: «Фэ фяпэ ар Галилейм кӀуэнущ. КъызэрывжиӀам тетуи, ар абы щыфлъагъунущ».
8ЦӀыхубзхэм я гур апхуэдизкӀэ хэщӀати, кхъэлэгъунэм кӀэзызу къыщӀэкӀыжри, ежэжьащ. Зыми зыри жраӀакъым, хуабжьу шынати.
Хьисэ Магдалэ жылэм щыщ Мэрием зыкъызэрыригъэлъэгъуар
(Маттэ 28:9-10; Иуан 20:11-18)
9Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, жьыуэ, Хьисэ лӀахэм къащыхэтэджыкӀыжым, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием япэу зыкъригъэлъэгъуащ. А Мэриемырат Хьисэ жин бзаджибл зыхихужыгъар. 10Хьисэ и гъусэу щытауэ, иджы щыгъуэрэ гъыуэ къызэхэнахэм я деж кӀуэри, къэхъуар Мэрием яхуиӀуэтащ. 11Хьисэ зэрыпсэур икӀи Мэрием ар зэрилъэгъуар щызэхахым, я фӀэщ хъуакъым.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀым закъызэрыригъэлъэгъуар
(Лука 24:13-35)
12И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу цӀыхуитӀ губгъуэмкӀэ кӀуэ пэтрэ, нэгъуэщӀ теплъэ иӀэу, Хьисэ закъригъэлъэгъуащ итӀанэ. 13Абыхэм ягъэзэжри, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей цӀыхухэм хъыбарыр хуаӀуэтэжащ, ауэ абыхэм я фӀэщ хъуакъым.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ялэжьын хуей Ӏуэхуу я пщэм дилъхьар
(Маттэ 28:16-20; Лука 24:36-49; Иуан 20:19-23; Апостол. 1:6-8)
14Абы и ужькӀэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузыр шхэуэ здэщысым, Хьисэ закъригъэлъэгъуащ. Абыхэм я фӀэщ мыхъуныгъэмрэ я ерыщыгъэмрэ щхьэкӀи, Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ зылъэгъуахэм яӀуэтэжар я фӀэщ зэрымыхъуам щхьэкӀи, Хьисэ абыхэм егиящ.
15– Дуней псор къэфкӀухьурэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – цӀыху псори хъыбарыфӀым* евгъэдаӀуэ. 16Ар зи фӀэщ хъууэ зезыгъэумэхъыр#16:16 умэхъыныр – еплъ Маттэ 3:1. Тхьэм мыкӀуэду къригъэлынущ, ауэ зи фӀэщ мыхъур Тхьэм игъэкъуэншэнущ. 17Мы нэщэнэхэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм ядэфлъагъунущ: Сэ си цӀэкӀэ цӀыхухэм жин бзаджэхэр къыхахунущ; ямыщӀэ бзэхэмкӀи псэлъэнущ; 18я ӀэхэмкӀи блэхэр къаубыдынущ; ажал къызыхэкӀын гуэр ефэкӀи, зыри къащыщӀынукъым; абыхэм я Ӏэхэр зытралъхьэ сымаджэхэр хъужынущ.
Хьисэ уафэм зэрыдэкӀуеижар
(Лука 24:50-53; Апостол. 1:9-11)
19Зиусхьэн Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм епсэлъа нэужь, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ икӀи и ижьырабгъумкӀэ щысыну зыбгъэдигъэтӀысхьащ. 20Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьауэ, Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр дэнэкӀи щрагъэдаӀуэрт. Абыхэм къадэӀэпыкъуурэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэну езым и псалъэхэм дыщӀигъуу щытахэмкӀэ Зиусхьэным а псалъэхэр игъэщыпкъащ. Ӏэмин.

Currently Selected:

Марк 16: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in