Лука 23
23
23-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Пилат Ӏэтащхьэм и пащхьэ Хьисэ зэрырашар
(Маттэ 27:1-2, 11-14; Марк 15:1-5; Иуан 18:28-38)
1Хасэм хэта псори къэтэджыжри, Пилат Ӏэтащхьэм#23:1 Пилат Ӏэтащхьэр – еплъ 3:1. деж Хьисэ яшащ. 2Хьисэ ягъэкъуаншэу щӀадзэри, мыпхуэдэу жаӀащ:
– Мы лӀым ди лъэпкъыр зэӀищӀэу, кесарым хьэкътын ахъшэр ярыримыгъэту, езым Мэссихь#23:2 Мэссихь – еплъ Маттэ 1:17. пащтыхь зыхужиӀэжу дубыдащ.
3– Уэ журтхэм урапащтыхь? – еупщӀащ Пилат Хьисэ.
– Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ, –#23:3 «Аращ, зэрыжыпӀэм хуэдэщ», е «Уэ уи щхьэкӀэ жыбоӀэ». жэуап иритыжащ Хьисэ.
4Пилат дин пашэшхуэхэмрэ цӀыху гупышхуэмрэ яжриӀащ итӀанэ:
– Мы лӀым зэрызгъэкъуэншэн лъэпкъ езгъуэтылӀэркъым.
5Галилей хэкум къыщыщӀэдзауэ мыбы къэс, Иудей хэку псор, дэнэ кӀуэми, цӀыхухэм яригъащӀэ ӀуэхухэмкӀэ зэӀещӀэ, – трагъэчыныхьырт мыдрейхэм.
Хьисэ Ирод пщым и пащхьэм зэрырашар
6Галилей псалъэр щызэхихым, Пилат щӀэупщӀащ:
– Мы лӀыр Галилей щыщ?
7Ирод#23:7 Ирод – еплъ 3:1. зипщ хэкум Хьисэ зэрыщыщыр къыщищӀэм, Пилат Ирод деж Хьисэ иригъэшащ, а махуэ дыдэхэм Ирод пщыр Ерусалим къэкӀуауэ щыӀэти.
8Хьисэ щилъагъум, Ирод икъукӀэ гуфӀащ, Хьисэ и хъыбар зэхихати, зригъэлъагъумэ, куэд щӀауэ фӀэфӀти. Хьисэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр къригъэлъагъункӀэ гугъэрт ар. 9Ирод Хьисэ куэдкӀэ къеупщӀащ, ауэ Хьисэ абы зы жэуапи иритыжакъым. 10Абдежым щыт дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ хуабжьу ягъэкъуаншэрт. 11Иродрэ и зауэлӀхэмрэ Хьисэ ягъэпудырт икӀи къыщыдыхьэшхырт. ИтӀанэ Ирод и зауэлӀхэм Хьисэ пащтыхьым хуэдэу щыгъын хужькӀэ иригъэхуапэри, Пилат деж иригъэшэжащ. 12Пилатрэ Иродрэ ныбжьэгъу зэхуэхъуащ а махуэ дыдэм. Абы и пэкӀэ зэбийуэ щытащ.
Хьисэ укӀ зэрытралъхьар
(Маттэ 27:15-26; Марк 15:6-15; Иуан 18:39–19:16)
13Пилат Ӏэтащхьэм дин пашэшхуэхэри, адрей тхьэмадэхэу Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэри, цӀыхухэри зэхуишэсри, 14яжриӀащ:
– Мы лӀым цӀыхухэр зэӀищӀэу жыфӀэри, къысхуэфшащ. Фи пащхьэм абы сыщеупщӀащ, ауэ зэрывгъэкъуаншэмкӀэ лажьэ иӀэу езгъуэтылӀакъым. 15Ирод пщыми къуаншэу илъытакъым ар, аращ къыщӀытхуригъэшэжар. Фэ зэрыфлъагъущи, укӀ щӀытеплъхьэн Ӏуэху лъэпкъ мы лӀым ищӀакъым. 16Аращи, щӀопщкӀэ езгъэуэнурэ, сутӀыпщыжынущ.
17Лъэхъуэщым щӀэсхэм ящыщ ӀутӀыж махуэшхуэм и хьэтыркӀэ Пилат цӀыхухэм къахуиутӀыпщыжын хуейуэ хабзэу щытащ. 18ЦӀыхухэм зэрыгъэгуоууэ щӀадзащ:
– Ар укӀыпхъэщ! Вараввэ къытхуэутӀыпщыж.
19А Вараввэ зи цӀэр, къалэм дэсхэр къызэрызэщӀиӀэтам икӀи цӀыху гуэр зэриукӀам щхьэкӀэ, лъэхъуэщым щӀадзауэ щытащ.
20Пилат Ӏэтащхьэм Хьисэ къиутӀыпщыжыну хуейти, аргуэру цӀыхухэм захуигъэзэри къепсэлъащ. 21Ауэ ахэр зэрыгъэгуоурт:
– Жорым еӀулӀ! Жорым еӀулӀ! – жаӀэурэ.
22– Мы лӀым сыт щӀэпхъаджагъэу ищӀар? УкӀ щӀытеплъхьэн Ӏуэху лъэпкъ ищӀауэ езгъуэтылӀакъым. Аращи, щӀопщкӀэ езгъэуэнщи, сутӀыпщыжынщ, – ещанэу яжриӀащ Пилат Ӏэтащхьэм абыхэм.
23– Жорым еӀулӀ! – жаӀэурэ цӀыхухэр, зыпамыгъэууэ, макъ лъагэкӀэ кӀийрт, я кӀий макъымкӀи зыхуейр зрагъэхъулӀащ. 24Арати, цӀыхухэр зыхуейр Пилат яхуищӀэну триубыдащ. 25ЦӀыхухэр къызэрызэщӀиӀэтам икӀи цӀыху гуэр зэриукӀам щхьэкӀэ лъэхъуэщым щӀадза Вараввэу цӀыхухэр къызыщӀэлъэӀуар яхуиутӀыпщыжащ. Езыхэр зыхуейр иращӀэну хуиту, Хьисэ абыхэм яӀэщӀилъхьащ.
Хьисэ жорым зэрыраӀулӀар
(Маттэ 27:32-44; Марк 15:21-32; Иуан 19:17-27)
26Хьисэ жорым ираӀулӀыну преторием щрашым, Кириние къалэм#23:26 Кириние къалэр – еплъ Маттэ 27:32. щыщ лӀы гуэр, Симон и цӀэу, губгъуэм къикӀыжу хуэзащ. Ар къаубыдщ, жорыр и дамэм тралъхьэри, Хьисэ и ужь иту жорыр ихьыну хагъэзыхьащ. 27ЦӀыху гупышхуэ Хьисэ кӀэлъыкӀуэрт. Я бгъэгум еуэжурэ, Хьисэ зыгъей цӀыхубзхэри яхэтт. 28Абыхэм захуигъазэри, Хьисэ яжриӀащ:
– Ерусалим цӀыхубзхэ! Сэр щхьэкӀэ фымыгъ, ауэ фи щхьэмрэ фи бынхэмрэ щхьэкӀэ фыгъ; 29сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «ЦӀыхубзу бын къызыщӀэмыхъуахэри, иджыри мылъхуахэри, быдз езымыгъэфахэри гъуэгу махуэ теуващ» щыжаӀэну махуэхэр къэсынущ. 30Абы щыгъуэ бгыхэм: «ЗыкъыттефӀубэ!»#23:30 бгыхэм: «ЗыкъыттефӀубэ!» – еплъ Хьошеа (Осие) бегъымбарым и тхылъым 10:8. Ӏуащхьэхэми: «Дыкъэфхъумэ!» жраӀэнущ. 31Жыгыр щхъуантӀэу щытыху, цӀыхухэм мыпхуэдэ Ӏуэхухэр щащӀэфкӀэ, жыгыр гъужа нэужь, нэхъыкӀэжыр яхуэщӀэнукъэ?
32Хьисэ щӀыгъуу жорхэм ираӀулӀыну бзэджащӀитӀ дашащ. 33«Щхьэ къупщхьэ» жыхуаӀэ щӀыпӀэм щынэсым, Хьисэ жорым щраӀулӀащ абдеж. БзаджащӀитӀри, зыр ижьырабгъумкӀэ, адрейр и сэмэгурабгъумкӀэ, Хьисэ щӀыгъуу жорхэм ираӀулӀащ.
34– Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм, – жиӀащ Хьисэ, – ялэжьыр зи щӀысыр къагурыӀуэркъым.
Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зауэлӀхэм зэхуагуэшыжащ. 35Абдежым щыта цӀыхухэм ялъэгъуащ а псор. Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ тхьэмадэхэм дыхьэшхыурэ мыпхуэдэу жаӀащ:
– НэгъуэщӀ цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлащ. Езыр Тхьэм къыхиха Мессихьырамэ, мыкӀуэду зыкърырегъэлыж.
36ЗауэлӀхэми, Хьисэ щыдыхьэшхыурэ къыбгъэдыхьэри, серчэ къыхуашийурэ, 37къыжраӀащ:
– Уэ журтхэм урапэщтыхьыр пэжмэ, умыкӀуэду зыкъегъэлыж.
38АлыджыбзэкӀи,#23:38 алыджыбзэ – грекыбзэ. латиныбзэкӀи, журтыбзэкӀи тетхауэ Хьисэ и щхьэмкӀэ жорым пхъэбгъу кӀапэ траӀулӀащ: «Мыр журтхэм я пащтыхьщ» псалъэхэр тету.
39Абдежым щраӀулӀа бзэджащӀитӀым я зым, Хьисэ къыщӀэнакӀэри, жиӀащ:
– Уэракъэ Мэссихьыр? Уэри дэри дымыкӀуэду дыкъегъэл!
40Адрей лӀыр абы егиящ:
– Уэ Тхьэм ущышынэркъэ? Мы лӀым тращӀыхьа хьэкумыр уэри къыптращӀыхьакъэ? 41Дэ тхуэфащэщи, дагъэпшыныж. ЩӀэпхъаджагъэу тщӀахэм яхуэфащэр дагъэгъуэтыж. Ауэ мы лӀым мыхъуну зыри ищӀакъым.
42ИтӀанэ жиӀащ:
– Хьисэ, уи Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, уигу сыкъэгъэкӀыж.
43– Пэжыр ныбжызоӀэ, жэнэтым ущызигъусэнущ нобэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым.
Хьисэ зэрылӀар
(Маттэ 27:45-56; Марк 15:33-41; Иуан 19:28-30)
44Шэджагъуэ#23:44 шэджагъуэ – еплъ Маттэ 27:45. хъуащ икӀи сыхьэтыр щым#23:44 сыхьэтыр щым нэс – еплъ Маттэ 27:45. нэсыху а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ, 45дыгъэр ункӀыфӀати. Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр тӀууэ къызэгуэтхъащ.
46– Си Адэ, си псэр уи ӀэмыщӀэ изолъхьэ, –#23:46 си псэр уи ӀэмыщӀэ изолъхьэ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 30:6. макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ Хьисэ. А псалъэхэр жиӀэри, и псэр итащ.
47ЗауэлӀхэм я пашэм, къэхъуар щилъагъум, Тхьэм щӀыхь хуищӀри жиӀащ:
– ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу щытащ.
48А псом еплъыну къызэхуэса цӀыху гупышхуэр, къэхъуар ялъэгъуа нэужь, я бгъэм еуэжурэ, я унэхэм кӀуэжащ. 49Хьисэ и ныбжьэгъу псори, езым и гъусэу Галилейм къикӀа цӀыхубзхэри абыхэм яхэту, жыжьэу къыщыту къэхъуам еплъырт.
Хьисэ и хьэдэр кхъэлэгъунэм зэрыщӀалъхьар
(Маттэ 27:57-61; Марк 15:42-47; Иуан 19:38-42)
50Исуф зи цӀэ лӀы гуэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм#23:50 Тхьэмадэ Хасэшхуэр – еплъ Маттэ 5:22. и тхьэмадэхэм яхэтт. Ар щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуфӀт. 51Тхьэмадэ Хасэшхуэм и тхьэмадэхэм я унафэр абы ядищтэгъакъым. А Исуфыр Иудей хэкум хыхьэ Аримафей жылэм щыщт. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэсыным пэплъэу щытащ. 52Ар Пилат Ӏэтащхьэм деж кӀуэри, Хьисэ и хьэдэр къритыжыну елъэӀуащ. 53ИтӀанэ хьэдэр жорым къыкӀэрихщ, чэсей хужь джэбын иришэкӀри, къыр мывэм къыхащӀыкӀа кхъэлэгъунэу зэи зыри зыщӀамылъхьам щӀилъхьэжащ. 54А махуэр мэрем махуэт, щэбэт махуэри къэблэгъащ.#23:54 къэблэгъащ – дыгъэр щыкъухьэкӀэ махуэм щӀидзащ.
55Хьисэ и гъусэу Галилейм къикӀыгъа цӀыхубзхэм, Исуф щӀыгуу кӀуэри, кхъэлэгъунэри хьэдэр абы зэрыщӀилъхьэжари ялъэгъуащ. 56ИтӀанэ унэм кӀуэжри, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэхэмрэ дагъэ лъапӀэхэмрэ ягъэхьэзыращ хьэдэм щахуэну. Хабзэм тету, щэбэт махуэм загъэпсэхужащ абыхэм.
Currently Selected:
Лука 23: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017