YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 8

8
Псыхэр щӀым зэрытекӀыжар
1Тхьэм щымыгъупщауэ игу илъащ Нухьи хьэкӀэкхъуэкӀэуи Ӏэщуи абы кхъухьым диса псори; Тхьэм щӀылъэм жьыбгъэр къриутӀыпщри, псыхэр щӀым текӀыжащ.
2ЗызэхуащӀыжащ щыхупӀэ лъащӀэншэм
и къиупӀэхэми уафэ щхьэгъубжэхэми,
увыӀащ уафэм къикӀ уэшхри.
3Псыми хуэм-хуэмурэ тригъэзыкӀыжащ щӀылъэм.
Арати, жэщӀыжу хуежьащ псыр, махуищэрэ щэ ныкъуэрэ дэкӀа нэужь. 4Кхъухьыр ебланэ мазэм и епщыкӀубланэ махуэм къыщыувыӀащ Арарат бгыщхьэм. 5Псыр жэщӀ зэпытурэ екӀуэкӀащ епщӀанэ мазэм нэсыху; епщӀанэ мазэм и япэрей махуэм къыхэщащ бгыщхьэхэр.
6Махуэ плӀыщӀ дэкӀа нэужь, Нухь къызэӀуихащ кхъухьым хищӀыхьа щхьэгъубжэр. 7Щхьэгъубжэр къызэӀуихри, Нухь къуаргъыр къриутӀыпщыкӀащ, псыр гъужыху, кхъухьым икӀыурэ къэзылъэтыхьу щытар.
8ИтӀанэ иутӀыпщащ тхьэрыкъуэр, псыр щӀылъэм текӀамэ, къищӀэн папщӀэ. 9АрщхьэкӀэ тхьэрыкъуэм къигъэзэжащ кхъухьым, зыщетӀысэхын гъущапӀэ игъуэтатэкъыми; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псым иджыри щӀигъэнат щӀы щхьэфэр зэрыщыту; Нухь и Ӏэр ишийщ, ар къищтэжри кхъухьым кърихьэжащ.
10Аргуэру махуиблкӀэ зиӀэжьэри, тхьэрыкъуэр кхъухьым ириутӀыпщыкӀащ. 11Тхьэрыкъуэм къигъэзэжащ абы деж пщыхьэщхьэ хуэкӀуэу; икӀи еплъмэ, зейтун#8:11 зейтун – маслинэ. жыгым и тхьэмпэщӀэ жьэдэлъщ абы: абыкӀэ Нухь къищӀащ псыр щӀылъэм зэрытекӀыжар. 12Абы аргуэру махуиблкӀэ зиӀэжьэри, ириутӀыпщыкӀащ тхьэрыкъуэр; иджы абы къигъэзэжакъым Нухь деж.
13Щихрэ езанэ илъэсым и япэрей мазэм и япэрей махуэм ирихьэлӀэу щыжэщӀыжащ щӀылъэм псыр; Нухь кхъухьым и щхьэр трихри зиплъыхьащ, илъэгъуащ псыр зэрыжэщӀыжар.
14ЕтӀуанэ мазэм и тӀощӀрэ ебланэ махуэм ирихьэлӀэу щӀылъэр гъущыжыпащ. 15ЖриӀащ абдеж Тхьэм Нухь:
16– КъикӀ кхъухьым, уи фызри, уи къуэхэри, уи къуэхэм я фызхэри зыщӀыгъуи. 17Къыздиш псэущхьэу уи гъусэ псори, къуалэбзухэми, хьэкӀэкхъуэкӀэхэми, Ӏэщми, щӀылъэм къыщызыпщыхь псоми ящыщхэр, щызэбгрырекӀ ахэр щӀыгум, щребагъуэ икӀи зыщраубгъу абыхэм щӀылъэм.
18КъикӀащ, арати, Нухьи, и къуэхэри, и фызри, и къуэхэм я фызхэри зэгъусэу. 19ХьэкӀэкхъуэкӀэ псори, щӀылъэм къыщызыпщыхь псэущхьэ псори, къуалэбзу псори, щӀылъэм къыщызыкӀухь псори, езыхэм я лъэпкъкӀэ, къикӀащ кхъухьым.
Тхьэм Нухь зэгурыӀуэныгъэ зэрырищӀылӀар
20Хуиухуащ Нухь Зиусхьэным къурмэнщӀыпӀэ; сыт хуэдэ псэущхьэ къабзэми щыщи къуалэбзу къабзэ псоми ящыщи къахихри къурмэнщӀыпӀэм къурмэныпхъэу щигъэсащ. 21КъыщӀихьащ Зиусхьэным псэм фӀэфӀ мэ дахэр, икӀи жиӀащ Зиусхьэным игукӀэ:
– ЦӀыхум и зэранкӀэ афӀэкӀа зэи щӀылъэм нэлат есхыжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхум и мурадхэр абы и ныбжьыщӀагъэм къыщыщӀэдзауэ Ӏейуэ щытщи; афӀэкӀа зэи псэ зыпыт згъэкӀуэдыжынукъым, Сэ зэ зэрысщӀыгъам хуэдэу. 22ДяпэкӀэ щӀылъэр щыӀэху зэпыунукъым
сэнри хэнри,
щӀыӀэри хуабэри,
гъэмахуэри щӀымахуэри,
махуэри жэщри.

Currently Selected:

1 Мусэ 8: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in