YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 10

10
Нухь къытехъукӀа лъэпкъхэр
1Мис Нухь и къуэхэу Щэм, Хъам, Ефэт сымэ къатехъукӀахэм я хъыбар.
Псыдзэм и ужькӀэ абыхэм къахуэхъуащ сабийхэр.
2Ефэт и къуэхэр: Гомэр, Магогъ, Мадай, Яуан, Тубал, Мэщэх, Тирас.
3Гомэр и къуэхэр: Ащкъэназ, Рыфат, Тогъармэ.
4Яуан и къуэхэр: Елишэ, Тарщищ, къит цӀыхухэмрэ Додан цӀыхухэмрэ.
5Ахэр хытӀыгу, хы Ӏуфэ хэгъэгухэм итӀысхьащ, хэти езым и бзэ иӀэжу, и лӀакъуи иӀэжу, и цӀыху лъэпкъи иӀэжу.
6Хъам и къуэхэр: Куш, Мицраим, Пут, КъэнаӀан.
7Куш и къуэхэр: Сэбэ, Хьауилэ, Саутэ, РаӀымэ, Саутэхэ. РаӀымэ и къуэхэр: Шэбэрэ Дэданрэ.
8Куш апхуэдэуи къыхуэхъуащ Нимроди: мыращ япэрейуэ щӀылъэм щылъэщу щытар. 9Ар Зиусхьэным дежкӀэ щакӀуэ лъэщт; абы къыхэкӀыуи жаӀэ: «Нимрод хуэдэу Зиусхьэным дежкӀэ щакӀуэ лъэщщ». 10Абы и пащтыхьыгъуэр япэ щӀыкӀэ мыпхуэдэу зэхэтт: Бабилон, Ерэх, Акъад, Халне. Ахэр ШынӀар щӀыналъэм щыӀэщ. 11А щӀыналъэм ар икӀщ, Ашур щӀыналъэм кӀуэри, иухуащ Нынэуи, Рехьовот-Ир, Къалахъ къалэхэр, 12Нинэуимрэ Къалахъ къалэшхуэмрэ я кум дэтщ Рэсэни;
13Мицраим къытехъукӀащ:
луд цӀыхухэри, Ӏанам цӀыхухэри, лахэу цӀыхухэри, нафтухъ цӀыхухэри, 14патрус цӀыхухэри, фылист цӀыхухэр къызыхэкӀа каслухъ цӀыхухэри, къафтор цӀыхухэри.
15КъэнаӀан къытехъукӀащ:
абы и щыпэлъху Цыдон, Хет#10:15 Хет – е Хитит, 16еус цӀыхухэр, амор цӀыхухэр, гъыргъаш цӀыхухэр, 17хъыу цӀыхухэр, Ӏаркъ цӀыхухэр, син цӀыхухэр, 18аруд цӀыхухэр, цэмар цӀыхухэр, хъамат цӀыхухэр.
ИужькӀэ КъэнаӀан лӀакъуэхэр зэбгрыкӀащ. 19Аращи, КъэнаӀан цӀыхухэм я гъунапкъэхэр нэсырт Цыдон къыщыщӀэдзауэ ГъэраркӀэ хуэкӀуэ Газэ нэс, абы къыщыщӀэдзауэ Содом, Ӏаморэ, Адмэ икӀи Цэбоим яхуэкӀуэу ЛэщаӀ нэс.
20Ахэр Хъам къытекӀахэрщ, я унагъуэхэмкӀэ, я бзэхэмкӀэ, я щӀыналъэхэмкӀэ, я лъэпкъхэмкӀэ.
21Ефэт и къуэш нэхъыжьу Ӏэбар и къуэ псоми я адэу Щэми сабийхэр къыхуэхъуащ.
22Щэм и къуэхэр: Ӏэлам, Ашур, Арпакшад, Луд, Арам.
23Арам и къуэхэр: Ӏуц, Хъул, Гъэтэр, Маш сымэ.
24Арпакшад къыхуэхъуащ Щэлахъ, Щэлахъ къыхуэхъуащ Ӏэбэр. 25Ӏэбар къыхуэхъуащ къуитӀ; зым и цӀэт Пэлэгъ#10:25 Пэлэгъ – пасэрей журтыбзэкӀэ абы къикӀыр: гуэщын., сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абы и махуэхэм щыгъуэ щӀыналъэр гуэша хъуати; абы и къуэшым и цӀэт Якътан.
26Яктан къыхуэхъуащ Алмодад, Щэлеф, Хъацармаот, Ярахъ, 27Хадорам, Узал, Дикълэ, 28Ӏобал, Абимаел, Щэбэ, 29Офыр, Хьауилэ, Иобаб сымэ.
Ахэр псори Якътан и къуэщ. 30Абыхэм я псэупӀахэр Мэщэ къыщыщӀэдзауэ Сэфар къуэкӀыпӀэмкӀэ щыӀэ бгы щӀыналъэм нос.
31Ахэр Щэм и къуэхэрщ, я унагъуэхэмкӀэ, я бзэхэмкӀэ, я щӀыналъэхэмкӀэ, я лъэпкъхэмкӀэ.
32Ахэращ Нухь и къуэхэм я унагъуэхэр, езыхэр къызытекӀакӀэ, я лъэпкъкӀэ. Псыдзэм и ужькӀэ абыхэм къатехъукӀри лъэпкъхэм зыщаубгъуащ щӀылъэм.

Currently Selected:

1 Мусэ 10: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in