Апостол. 6
6
6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
КъадэӀэпыкъун лӀибл апостолхэм къызэрыхахар
1ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр нэхъ куэд щыхъум, алыджыбзэкӀэ псалъэ журтхэм,#6:1 алыджыбзэкӀэ (грекыбзэкӀэ) псалъэ журтхэр – ахэр Палестинэ къэралым щымыщхэрт. зи бзэкӀэ псэлъэж журтхэм#6:1 зи бзэкӀэ псэлъэж журтхэр – ахэр Палестинэм щыщхэрт. яхуэтхьэусыхэу, жаӀащ а махуэхэм:
– Махуэ къэс шхын щывгуэшкӀэ, ди фызабэхэм нэмыплъ ивот.
2Арати, апостол пщыкӀутӀым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори къраджэри, жаӀащ:
– Шхын гуэшыным щхьэкӀэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр едгъэдэӀуэныр зэпыдгъэу хъунукъым. 3Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, ди къуэшхэ, цӀыху псоми щӀыхь хуащӀу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр икъукӀэ я гум илъу, акъылыфӀагъэ зиӀэ лӀибл фэ фщыщу къыхэфх. Мы Ӏуэхур я пщэм дэтлъхьэнщ абыхэм. 4Тхьэм елъэӀунми Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр щӀэгъэдэӀунми зэпымыууэ дыхэтынущ дэ.
5Абдеж кърихьэлӀа псоми ягу ирихьащ а псалъэхэр. Арати, фӀэщхъуныгъэмрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ хуабжьу зи гум илъ Стефан къыхахащ. Абы нэмыщӀ, Филипп, Прохор, Никан, Тимон, Пармен, къинэмыщӀауэ Антиохие къалэм щыщу журт хъуа Николай сымэ къыхахащ. 6Апостолхэм я пащхьэм ирагъэуващ ахэр. Апостолхэр Тхьэм елъэӀури, я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьащ.#6:6 я Ӏэхэр абыхэм я щхьэм тралъхьащ – апхуэдэу щӀащӀар а Ӏуэхур а лӀыхэм я пщэм далъхьэн икӀи абыхэм а Ӏуэхур ягъэзэщӀэн папщӀэ, Тхьэм и нэфӀыр къащыхуэн щхьэкӀэщ.
7Арати, Тхьэм и псалъэхэм а лъэныкъуэмкӀэ ину зыщаубгъурт. ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм Ерусалим куэд щыхэхъуащ. Дин пашэхэм ящыщ куэдми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
Стефан зэраубыдар
8Стефан Тхьэм и нэфӀыр ину зыщыхуауэ, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ цӀыхуу щытащ. Абы Ӏуэху телъыджэхэр илэжьырт, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри цӀыхухэм я пащхьэм щигъэлъагъуэрт. 9Щхьэхуитыныгъэ зиӀэ хъуауэ#6:9 щхьэхуитыныгъэ зиӀэ хъуахэр – пщылӀу щыта журту щхьэхуитыныгъэ зыгъуэтыжахэрщ. жыхуаӀэ лӀыхэм я синэгуэгум щыщхэм (ахэр Кириние, Александрие къалэхэм, Киликие, Асие хэкухэм щыщт) Стефан еныкъуэкъуу щӀадзащ. 10Ауэ Стефан и акъылыфӀагъэм щхьэкӀи, и псалъэхэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм зэрыжригъэӀам къыхэкӀкӀи пэлъэщын ялъэкӀытэркъым.
11Апхуэдэу щыхъум, абыхэм зыгуэрхэм мыпхуэдэу жрагъэӀащ:
– Мы лӀыр Мусэ бегъымбарымрэ Тхьэмрэ хущӀэджэу зэхэтхащ.
12Ар щызэхахым, цӀыхухэри, нэхъыжьхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри а псалъэхэм къызэщӀагъэплъащ. Абыхэм яубыдри, Стефан Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирашащ. 13Щыхьэт нэпцӀхэри къашащ. А щыхьэт нэпцӀхэм мыпхуэдэу жаӀащ:
– Мы лӀыр мы щӀыпӀэ лъапӀэмрэ Торэт хабзэмрэ хущӀэджэ зэпытщ. 14Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Назарет щыщ Хьисэ мы щӀыпӀэр зэхикъутэнущ, Мусэ бегъымбарым къытхуигъэна хабзэхэри зэрихъуэкӀынущ – аращ мы лӀым жиӀэу дэ зэхэтхар.
15Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ псоми я нэхэр Стефан траубыдащ. Абы и нэкӀур мелыӀыч нэкӀум хуэдэ къащыхъуащ.
Currently Selected:
Апостол. 6: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017