Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, ди къуэшхэ, цӀыху псоми щӀыхь хуащӀу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр икъукӀэ я гум илъу, акъылыфӀагъэ зиӀэ лӀибл фэ фщыщу къыхэфх. Мы Ӏуэхур я пщэм дэтлъхьэнщ абыхэм. Тхьэм елъэӀунми Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр щӀэгъэдэӀунми зэпымыууэ дыхэтынущ дэ.