YouVersion 標識
搜索圖示

Маттэ 13

13
13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Жылэ зысэм теухуа ущие хъыбарыр
(Марк 4:1-9; Лука 8:4-8)
1Унэм щӀэкӀри, Хьисэ гуэл Ӏуфэм ӀутӀысхьащ а махуэ дыдэм. 2Абы деж къыщызэхуэса цӀыхухэр апхуэдизкӀэ куэд хъурти, езыр кхъуафэжьейм итӀысхьащ. ЦӀыху гупышхуэр псы Ӏуфэм Ӏутт. 3Ущие хъыбаркӀэ цӀыхухэм Ӏуэхугъуэ куэд яжриӀащ Хьисэ итӀанэ:
– ФыкъэдаӀуэ. Жылэ исэну лӀы гуэр дэкӀащ. 4Здисэм, жылэм щыщ гъуэгум телъэлъащ. Къуалэбзухэр къэлъатэри, ар ящыпащ. 5ЩӀыр къызэмэщӀэкӀ мывалъэм хэлъэлъащ жылэм щыщ. ЩӀыр куутэкъыми, щӀэх дыдэ къыхэжащ жылэр, 6ауэ дыгъэр къыщыдэкӀуейм, исыжащ икӀи лъабжьэ куу зэримыӀам щхьэкӀэ гъужащ. 7А жылэ дыдэм щыщ банэхэм хэлъэлъащ. Банэхэм зыкъаужьри, жылэм къикӀыкӀар ятхьэлащ. 8А жылэм щыщ щӀыгулъ фӀыцӀэми хэлъалъэщ, къэкӀри, щхьэмыжхэр къыпыкӀащ. Зы гуэдз хьэдзэр хьэдзищэ хъуащ, адрейр гуэдз хьэдзэ хыщӀ хъуащ, ещанэр хьэдзэ щэщӀ хъуащ.
9Хьисэ щӀигъужащ итӀанэ:
– ТхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
Ущие хъыбархэр Хьисэ цӀыхухэм щӀахуиӀуэтар
(Марк 4:10-12; Лука 8:9-10)
10И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ абы щыгъуэ:
– ЦӀыхухэм захуэбгъазэурэ, ущие хъыбархэр сыт щӀахуэпӀуатэр?
11– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, ауэ адрей цӀыхухэм къаритакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 12– Ар хэтуи ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, къелыжу хуигъэбэгъуэнущ, ауэ зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ Тхьэм. 13Сэ цӀыхухэм захуэзгъазэурэ, ущие хъыбархэр щӀахуэсӀуатэр мыращ:
«Плъэ пэтми, абыхэм ялъагъуркъым,
даӀуэ пэтми, зэхахыркъым
икӀи къагурыӀуэркъым».
14– Тхьэм езым и псалъэу Ешайа бегъымбарым игу ирилъхьэу къыжригъэӀахэр#13:14-15 Тхьэм … Ешайа бегъымбарым … къыжригъэӀахэр – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 6:9-10. Ешайа бегъымбарыр Хьисэ къэхъун и пэкӀэ 759-698 гъэхэм псэуащ. пэж хъуащ абыхэм къехъулӀа ӀуэхумкӀэ:
«Фэ зэхэфх зэпыту фыщытынущ,
ауэ къывгурыӀуэнукъым;
фэ флъагъу зэпыту фыщытынущ,
ауэ гу лъыфтэнукъым.
15Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы цӀыху лъэпкъыр
гулъытэншэ хъуащ.
Я тхьэкӀумэхэмкӀи ерагъыу зэхах къудейщ,
я нэхэри яуфӀыцӀащ.
Апхуэдэу щымытамэ, я нэхэмкӀи ялъагъунт,
я тхьэкӀумэхэмкӀи зэхахынт,
ягухэмкӀи зэхащӀыкӀынт,
си дежи къагъэзэжынти,
сэ ахэр згъэхъужынт итӀанэ».
16– Ауэ фэ фи нэхэми фи тхьэкӀумэхэми я насыпщ, абыхэм икӀи ялъагъу, икӀи зэхах. 17Пэжыр нывжызоӀэ, бегъымбар куэди щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху куэди фэ флъагъур ялъагъуну хуеящ, ауэ ялъэгъуакъым, фэ зэхэфхри зэхахыну хуеящ, ауэ зэхахакъым.
Жылэ зысэм теухуа ущие хъыбарым къикӀыр
(Марк 4:13-20; Лука 8:11-15)
18– Жылэ зысэм теухуа ущие хъыбарым къикӀым фыкъедаӀуэ абы щыгъуэ: 19Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и хъыбарыр зыгуэрым зэхихрэ, ар къыгурымыӀуэмэ, шейтӀаныр къокӀуэри, а цӀыхум игу илъ жылэфӀыр ирехыж. Мыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ. 20Адрей цӀыхури щӀы мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. А цӀыхуращ Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхихыу, щыгуфӀыкӀыурэ зыщтэр. 21Ауэ абы игукӀэ лъабжьэ зэримыӀэм щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум куэдрэ теткъым. Тхьэм и псалъэхэм щхьэкӀэ гузэвэгъуэ зэрыхэхуэу, е цӀыхухэм абы гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщӀадзэу, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум токӀыж ар. 22НэгъуэщӀ цӀыху гуэр банэхэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэхех апхуэдэм, ауэ мы дунейм щызекӀуэ гугъуехьхэмрэ беягъэм и пцӀымрэ Тхьэм и псалъэу и гум илъхэр ятхьэлэри, абы фӀыгъуэ къыпыкӀыркъым. 23НэгъуэщӀ зыри щӀыгулъ фӀыцӀэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. А цӀыхуращ Тхьэм и псалъэхэр зэхихыу зэхэзыщӀыкӀыр. Абы фӀыгъуэ къыпокӀ, – е хуэдищэ, е хуэдэ хыщӀ, е хуэдэ щэщӀ.
Ежьужьым теухуа ущие хъыбарым къикӀыр
24Хьисэ нэгъуэщӀ ущие хъыбари яхуиӀуэтащ абыхэм:
– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хьэсэм жылэфӀ хэзысарщ. 25АрщхьэкӀэ, цӀыхухэр жейм хэту, а цӀыхум и жагъуэгъур къакӀуэщ, и гуэдз хьэсэм ежьужь* къыхисэри ежьэжащ. 26А жылэр къэкӀыурэ, щхьэмыж ищӀу щыхуежьэм, абы щӀыгъуу удз ежьужьри къыхэкӀащ.
27– Хьэсэр зейм деж и лэжьакӀуэхэр кӀуэри жраӀащ: «Зи щӀыхь ин, уи хьэсэм жылэфӀ тепсатэкъэ? НтӀэ мы удз ежьужьыр дэнэ къикӀа?»
28– «Жагъуэгъу гуэрщ ар къызэзыщӀар», – яжриӀащ абы. – «Дэ дыкӀуэу ахэр къыхэтчыну ухуей?» еупщӀащ лэжьакӀуэхэр хьэсэр зейм.
29– Ауэ абы жиӀащ: «Хьэуэ, ар хъунукъым, ежьужьым щӀыгъуу гуэдзри къыхэфчынкӀэ мэхъури. 30ТӀури зэщӀыгъуу хэгъуэм нэсыху къызэдрекӀ. Къахыжын щыхъукӀэ, гъавэр къэзыххэм сэ яжесӀэнущ: Япэ щӀыкӀэ ежьужьыр зэхуэфхьэси, пхыр фщӀы, мафӀэкӀэ вгъэсын щхьэкӀэ; итӀанэ гуэдзыр зэхуэфхьэси, си гуэнхэм ифкӀутэ».
Хъардэл* хьэдзэмрэ пщагъэмрэ теухуа ущие хъыбархэр
(Марк 4:30-32; Лука 13:18-21)
31Абыхэм нэгъуэщӀ ущие хъыбари къахуиӀуэтащ Хьисэ:
– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хъардэл#13:31 хъардэл – горчицэ; андэгурэдэгу лӀэужыгъуэ. хьэдзэрщ. Ар лӀы гуэрым къищтэри, и хьэсэм щыхисащ. 32Хьэдзэ псоми нэхърэ нэхъ цӀыкӀу пэтми, ар къэкӀа нэужь, зы илъэс зи ныбжь къэкӀыгъэхэм нэхърэ нэхъ ин мэхъу. Къуалэбзухэр къэлъатэурэ и къудамэхэм къытетӀысхьэу, ахэр жьауапӀэ яхуохъу.
33НэгъуэщӀ ущие хъыбар яхуиӀуэтащ итӀанэ:
– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр пщагъэрщ. ЦӀыхубз гуэрым ар къищтэщ, ӀэнлъищкӀэ хупцӀынэ ипщэри, хупцӀынэ псори игъэтэджащ.
34А псори Хьисэ цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ ягуригъэӀуащ. Ущие хъыбар хэмыту зыри яжриӀэртэкъым. 35Хьисэ цӀыхухэм захуигъазэурэ ущие хъыбархэр щӀахуиӀуэтар бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ:
«Ущие хъыбархэр Ӏуэтэным
си жьэр хузэщӀэсхынурэ,
дунейр къызэриухуэрэ гъэпщкӀуауэ щыт Ӏуэхугъуэхэм
я щэхухэр нахуэ къэсщӀынущ».
Гуэдз хьэсэм жагъуэгъу гуэрым хиса ежьужьым теухуа ущие хъыбарым къикӀыр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къазэрыгуригъэӀуар
36Хьисэ зыхэт цӀыху гупышхуэхэм къахэкӀри, зыщӀэса унэм щӀыхьэжащ абы и ужькӀэ. И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ:
– Хьэсэм къыхэкӀа удз ежьужьым теухуа ущие хъыбарым къикӀыр къыдгурыгъаӀуэ.
37– ЖылэфӀыр зысар ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэрщ,#13:37 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ 8:20. – жиӀащ Хьисэ. 38– Хьэсэ хъужыр дунейр арщ. ЖылэфӀ хъужыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* щӀэт цӀыхухэр арщ. Ежьужь хъужыр шейтӀаным и цӀыхухэр арщ. 39Адрейуэ, а ежьужьыр гуэдз хьэсэм щызыса жагъуэгъур шейтӀанырщ. Хэгъуэм къизгъэкӀыр мы дунейм и кӀэухырщ, гъавэр къэзыхыжхэр жыхуэсӀэр мелыӀычхэрщ.
40– Удз ежьужьыр, къыхачурэ, мафӀэмкӀэ зэрагъэсым хуэдэущ зэрыхъунур мы дунейм и кӀэухым деж: 41ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыӀычхэр игъэкӀуэнурэ, удз ежьужьыр гъавэм къызэрыхачым хуэдэу, цӀыхухэм гуэныхь езыгъащӀэ цӀыхухэри, бзаджагъэ зыщӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэри Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀагъэкъэбзыкӀынущ. 42МелыӀычхэм а цӀыхухэр зэхуашэсынурэ, мафӀэшхуэ зэрылъ хьэкум ирадзэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ. 43Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр дыгъэ нэбзийхэм хуэдэу Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэм къыщынэхунущ абы щыгъуэ. ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
Ущие хъыбарищ
44– Абы нэмыщӀкӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хьэсэм щыгъэпщкӀуауэ щыта мылъкушхуэр арщ. А мылъкушхуэр цӀыху гуэрым къыщигъуэтым, игъэпщкӀужщ, гуфӀэурэ кӀуэщ, иӀэ псори ищэжри, а хьэсэр къищэхуащ.
45– ИтӀанэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр налкъутналмэс дэгъуэхэр къэзылъыхъуэ сатуущӀэращ. 46Налкъутналмэс лъапӀэ къыщигъуэтым, кӀуэщ, иӀэ псори ищэжри, ар къищэхуащ.
47– ИтӀани, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хым хадзэу бдзэжьей лъэпкъыгъуэ Ӏэджи къызэраубыда хъырщ. 48Бдзэжьейр из хъуа нэужь, бдзэжьеящэхэм ар хы Ӏуфэм къытралъэфэжащ. Ахэр тӀысщ, бдзэжьей нэхъыфӀхэр пэгунхэм иралъхьэри, бдзэжьей нэхъыкӀэхэр хыфӀадзэжащ. 49Апхуэдэущ зэрыхъунур мы дунейм и кӀэухым деж. МелыӀычхэр къехынурэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм цӀыху бзаджэхэр къыхашурэ, 50мафӀэшхуэ зэрылъ хьэкум ирадзэнущ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ.
МылъкущӀэмрэ мылъкужьымрэ
51Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ абы и ужькӀэ:
– Мы Ӏуэхугъуэ псори фӀыуэ къывгурыӀуа?
– ФӀыуэ къыдгурыӀуащ, Зиусхьэн, – жэуап къатыжащ абыхэм.
52– Абы къыхэкӀкӀэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэ дэтхэнэ торэт егъэджакӀуэ пашэри#13:52 торэт егъэджакӀуэ пашэ – еплъ 2:4. унэр зей гуэрым хуэдэщ. Абы и мылъку гъэтӀылъыпӀэм мылъкущӀи мылъкужьи кърех.
Назарет дэс цӀыхухэм Хьисэ зэрамыщтар
(Марк 6:1-6; Лука 4:16-30)
53А ущие хъыбархэр щиухым, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀыжащ. 54И анэ и къалэм къэкӀуэжри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгум щаригъащӀэу щӀидзащ. ЦӀыхухэм зэраригъащӀэ щӀыкӀэр ягъэщӀагъуэу жаӀащ:
– Мы лӀым мыпхуэдиз акъылыфӀагъэ дэнэ къриха? Мыпхуэдэ лъэкӀыныгъэшхуэ зыхэлъ телъыджэлажьэхэр дэнэ къикӀрэ? 55ПхъащӀэм и къуэр аракъэ мыр? Мыбы и анэкъэ МэриемкӀэ зэджэр? Екъуб, Иосий, Симон, Иудэ сымэ мы лӀым и къуэшкъэ? 56И шыпхъу псори дэ къытхэскъэ? Апхуэдэу щыщыткӀэ, мы лӀым а псори дэнэ къриха?
57Апхуэдэу щӀэупщӀэурэ, Хьисэ щхьэкӀэ я гум мыхъун кърагъэхьащ.
– Бегъымбарым щӀыхь хуэзымыщӀыр езыр щапӀа къалэм дэсхэмрэ и унагъуэм щыщхэмрэ я закъуэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
58Абыхэм фӀэщхъуныгъэ зэрамыӀэм щхьэкӀэ, Хьисэ Ӏуэху телъыджэ куэд абдежым щилэжьакъым.

醒目顯示

分享

複製

None

想要在所有設備上保存你的醒目顯示嗎? 註冊或登入