1
Маттэ 12:36-37
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
Сэ нывжызоӀэ, цӀыхухэм жаӀэ дэтхэнэ зы псалъэ купщӀэншэми щхьэкӀэ къемэтмахуэм деж Тхьэм жэуап иратыжын хуей хъунущ; уи псалъэхэм елъытауэ, Тхьэм уиухеинущ икӀи уи псалъэхэм елъытауэ Тхьэм уигъэкъуэншэнущи.
對照
探尋 Маттэ 12:36-37
2
Маттэ 12:34
Фэ, блэ щылъхухэ, апхуэдиз бзаджагъэ фхэлъу фӀы зэрыжыфӀэнур дауэ? Жьэм къыжьэдэкӀыр гум илъырщ.
探尋 Маттэ 12:34
3
Маттэ 12:35
ЦӀыхуфӀым игу илъ фӀым фӀыгъуэр къыдокӀуэ, цӀыху бзаджэм игу илъ бзаджагъэм бзаджагъэ къыдокӀуэ.
探尋 Маттэ 12:35
4
Маттэ 12:31
Аращи, нывжызоӀэ, цӀыхухэм сыт хуэдэ гуэныхь ящӀами, сыт хуэдизу Тхьэр ягъэпцӀами, къахуэгъункӀэ Ӏэмал щыӀэщ, ауэ, хэту щытми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зыгъэпцӀым къыхуэгъунукъым.
探尋 Маттэ 12:31
5
Маттэ 12:33
– Жыгыр фӀымэ, къыпыкӀэри фӀынущ. Жыгыр Ӏеймэ, къыпыкӀэри Ӏеинущ; жыгыр зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэ къэпщӀэнущ.
探尋 Маттэ 12:33
首頁
聖經
計畫
視訊