YouVersion logo
Dugme za pretraživanje

Иуан 13

13
13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я лъакъуэхэр зэрахуитхьэщӀар
1ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъат. Дунейм ехыжу, Адэ лъапӀэм и деж щигъэзэжыну пӀалъэр къызэрысар Хьисэ ищӀэрт. Езым и цӀыхуу дунейм тетхэр фӀыуэ илъагъурт, и кӀэм нэсыхуи фӀыуэ илъэгъуащ.
2Пщыхьэщхьэшхэ шхэрт. ШейтӀаным Симон Искариот и къуэ Иудэм игу ирилъхьакӀэт Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну. 3И ӀэмыщӀэм Адэ лъапӀэм псори къызэрырилъхьари, Тхьэм зэрыщыщри, Тхьэм деж зэригъэзэжынури ищӀэрти, 4Хьисэ Ӏэнэм пэрыкӀщ, и щыгъын щӀыӀутелъыр зыщихщ, напэӀэлъэщӀ къищтэри, и бгым иришэкӀащ. 5Тасым псы иригъахъуэщ, и гъуэгу ирикӀуэхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщӀри, и бгым иришэкӀа напэӀэлъэщӀымкӀэ яхуилъэщӀыжу щӀидзащ итӀанэ. 6Хьисэ Симон Петр щыбгъэдыхьэм, абы къыжриӀащ:
– Зиусхьэн, уэ си лъакъуэхэр птхьэщӀ хъуну?
7Сэ сщӀэр иджыпсту уэ къыбгурыӀуэркъым, ауэ итӀанэ къыбгурыӀуэнущ, – жиӀащ Хьисэ.
8Сэ си лъакъуэхэр зэи уэзгъэтхьэщӀынукъым, – къыжриӀащ Петр.
– ПхуэзмытхьэщӀмэ, си гъуэгу ирикӀуэхэм уащыщкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.
9Уэ Зиусхьэн, апхуэдэу щыхъукӀэ, си лъакъуэхэм я мызакъуэу, си Ӏэхэри схуэтхьэщӀ, си щхьэри схуэхущӀ, – къыжриӀащ Симон Петр.
10– ЗызыгъэпскӀам и лъакъуэхэм фӀэкӀа итхьэщӀын хуейкъым, – жиӀащ Хьисэ, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зэрыщыту къабзэщ. Фэри фыкъабзэщ, ауэ псори фыапхуэдэкъым.
11Хьисэ «псори фыапхуэдэкъым» щӀыжиӀар езыр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдынур абыхэм зэрахэтыр ищӀэрти, аращ.
12Абыхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщӀщ, и щыгъыныр зыщитӀэгъэжри, щытӀысыжым, Хьисэ щӀэупщӀащ:
– ФхуэсщӀар къывгурыӀуэрэ? 13Фэ «Дин егъэджакӀуэкӀэ» икӀи «ЗиусхьэнкӀэ» фыкъызоджэ; жыфӀэр пэжщ, апхуэдэуи сыщытщ. 14Сэ фи Зиусхьэну икӀи фи дин егъэджакӀуэу сыщыт пэтми, фи лъакъуэхэр фхуэстхьэщӀащ. Фэри зым адрейм и лъакъуэхэр хуэфтхьэщӀын хуейщ. 15ФщӀэн хуейр фэзгъэлъэгъуащ, сэ фхуэсщӀам хуэдэ фэри фщӀэн щхьэкӀэ. 16Пэж дыдэр нывжызоӀэ, ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым; апхуэдэуи, лӀыкӀуэр езыр зыгъэкӀуам нэхърэ нэхъыщхьэкъым. 17Мы Ӏуэхухэр зэхэфщӀыкӀрэ вгъэзащӀэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ.
18– Ауэ фэ псоми фтеухуакъым сэ жысӀэр. Сэ къыхэсхар сощӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр#13:18 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэр – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 40:10., пэж хъун хуейщ: «Си щӀакхъуэр зышхам и лъэдакъэр къысхуигъэзэжри, бий къысхуэхъуащ».
19– Ар къэхъун и пэкӀэ иджы вжызоӀэ, ар къыщыхъукӀэ, сэ сызэры-Мэссихьыр фи фӀэщ фщӀын щхьэкӀэ. 20Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ къэзгъакӀуэр къезыгъэблагъэм сэри сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ гуэрым ар тепщэныгъэ зиӀэхэм зэраригъэубыдынур къызэрыжиӀар
(Маттэ 26:20-25; Марк 14:17-21; Лука 22:21-23)
21Хьисэ а псалъэхэр къыжиӀа нэужь, къэгузавэри, щыхьэт техъуэурэ, жиӀащ:
– Пэж дыдэр вжызоӀэ, фэ фщыщ гуэрым тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ.
22Ар къыщыжиӀэм, Хьисэ зи гугъу ищӀыр ящӀэртэкъыми, абы и гъуэгу ирикӀуэхэр зыр зым еплъыжащ. 23И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Хьисэ нэхъ и щӀасэр езым къыбгъэдэсу Ӏэнэм пэрыст. 24Симон Петр Хьисэ къыбгъэдэсым Ӏэ хуищӀащ, Хьисэ жыхуиӀамкӀэ иригъэупщӀыну.
25Хьисэ дежкӀэ зигъазэри, а лӀыр абы еупщӀащ:
– Хэт ар жыхуэпӀэр, Зиусхьэн?
26– Мы щӀакхъуэ бзыгъэр фалъэм хэзгъапщӀэу зэстынуращ жыхуэсӀэр, – жэуап итыжащ Хьисэ. ЩӀакхъуэ бзыгъэр фалъэм хигъапщӀэри, Симон Искариот и къуэ Иудэ хуишиящ. 27Иудэ а щӀакхъуэ бзыгъэр щищтэм, шейтӀаныр абы игу ихьащ.
– ПщӀэну уигу илъыр щӀэхыу щӀэ, – жриӀащ Хьисэ абы.
28Хьисэ ар абы щӀыжриӀар Ӏэнэм пэрысхэм ящыщ зыми къыгурыӀуакъым. 29Иудэ абыхэм я ахъшащхьэр зэриӀыгъым щхьэкӀэ, е «ӀутӀыж махуэшхуэм щхьэкӀэ дызыхуэныкъуэр къэщэху», е «ТхьэмыщкӀэхэм зыгуэр ет» жиӀэу, Хьисэ абы жриӀауэ я гугъащ языныкъуэхэм. 30ЩӀакхъуэ бзыгъэр Хьисэ къызэрыӀихыу, Иудэ щӀэкӀащ. Жэщт.
УнафэщӀэр
31Иудэ унэм щыщӀэкӀым, Хьисэ жиӀащ:
– ЦӀыхухэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр ялъагъунущ иджы, абыи Тхьэм и щӀыхьышхуэр яригъэлъагъунущ. 32Абы Тхьэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм зэраригъэлъагъум щхьэкӀэ, езы Тхьэми ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъунущ. Тхьэм абы и щӀыхьышхуэр яригъэлъагъунущ куэд мыщӀэу.
33– Си бынхэ, куэдрэ сывигъусэжынукъым. Фэ фыкъыслъыхъуэнущ, ауэ «СыздэкӀуэм фэ фынэкӀуэфынукъым» жысӀэу журтхэм зэражесӀам хуэдэу, фэри вжызоӀэ иджы.
34– УнафэщӀэ фхузощӀ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. Сэ фӀыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъу. 35ФӀыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикӀуэр цӀыху псоми ящӀэнущ.
«Сэ сыкъыумыцӀыхуу жыпӀэнущ» жиӀэу, Хьисэ Петр зэрыжриӀар
(Маттэ 26:31-35; Марк 14:27-31; Лука 22:31-34)
36Симон Петр Хьисэ къеупщӀащ:
– Зиусхьэн, дэнэ уздэкӀуэр?
– Сэ сыздэкӀуэм уэ иджы укъыскӀэлъыкӀуэфынукъым, ауэ итӀанэ укъыскӀэлъыкӀуэнущ, – жриӀэжащ Хьисэ абы.
37– Зиусхьэн, иджы сыкъыпкӀэлъыкӀуэн сыт щӀыслъэмыкӀынур? Сэ си псэр уэр щхьэкӀэ стынущ, – жиӀащ Петр.
38– Уи псэр сэр щхьэкӀэ птынуи? – жэуап итыжащ Хьисэ. – Пэж дыдэр бжызоӀэ, сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ адакъэ мыӀуэ щӀыкӀэ!

Trenutno izabrano:

Иуан 13: KbdNTGP2017

Istaknuto

Podijeli

Kopiraj

None

Želiš li da tvoje istaknuto bude sačuvano na svim tvojim uređajima? Kreiraj nalog ili se prijavi

Video za Иуан 13