Маттэ 18

18
18-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм ящыщу нэхъ ин дыдэр хэт?
(Марк 9:33-37; Лука 9:46-48)
1И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ:
– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм ящыщу хэт нэхъ ин дыдэр?
2Хьисэ сабий гуэр къриджэщ, яку дигъэувэри, 3жиӀащ:
– Пэжыр нывжызоӀэ, фи гум илъыр зэфхъуэкӀыу, сабийхэм хуэдэ фымыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым. 4Аращи, мы сабийм хуэдэу зи щхьэр зыгъэлъахъшэ дэтхэнэри Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ ин дыдэщ. 5Мыпхуэдэ сабийр си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу.
ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхуэхэр
(Марк 9:42-48; Лука 17:1-2)
6– Ауэ сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ мы цӀыкӀухэм ящыщ гуэрым гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх дэтхэнэми и пщэм щхьэл мывэ кӀэращӀэу, хым и кууупӀэм хадзэрэ ирагъэтхьэлатэмэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт. 7ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхухэм я зэранкӀэ дунейр гъуэгу мыгъуэ теуващ. Пэжщ, апхуэдэ Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ ахэр къызыбгъэдэкӀ цӀыхур гъуэгу мыгъуэ теуващ. 8Уи Ӏэм е уи лъакъуэм гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, пыупщӀи, хыфӀэдзэ. Уи ӀитӀыр е уи лъакъуитӀыр уиӀэу, мыункӀыфӀыжын мафӀэм ухадзэ нэхърэ, уӀэшэу е улъашэу мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ. 9Апхуэдэ дыдэу, уи нэми гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, къитхъыжи, хыфӀэдзэ. Уи нитӀыр уиӀэу, жыхьэнмэм и мафӀэм ухадзэ нэхърэ, зы нэ лъэныкъуэм фӀэкӀа уимыӀэми, мыкӀуэдыжын гъащӀэ бгъуэтыныр уэркӀэ нэхъыфӀщ.
10– Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури. 11ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыху кӀуэдам лъыхъуэурэ, мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ.
Мэл кӀуэдам теухуа ущие хъыбарыр
(Лука 15:3-7)
12– Фэ дауэ феплърэ? Зыгуэрым мэлищэ иӀэу жытӀэнщ. Абыхэм ящыщ зыр фӀэкӀуэдмэ, адрей бгъущӀрэ бгъур Ӏуащхьэм къытринэу, кӀуэуэ, а мэл кӀуэдам лъыхъуэнукъэ? 13Пэжыр нывжызоӀэ, а мэлыр къыщигъуэтыжкӀэ, фӀэмыкӀуэда мэл бгъущӀрэ бгъум нэхърэ а зы мэлым нэхъ щыгуфӀыкӀынущ. 14Апхуэдэу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэр мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри кӀуэдыну хуейкъым.
Гуэныхь зыщӀэ къуэшыр
(Лука 17:3)
15– Уи къуэшым#18:15 къуэш – еплъ 5:22 уэркӀэ гуэныхь къихьамэ, абы деж кӀуэи, ар зэрыгуэныхьыр фи закъуэу гурыгъаӀуэ. КъодаӀуэмэ, абы щыгъуэ уи къуэшыр къыпхуэнэжащ. 16КъомыдаӀуэмэ, зы цӀыху е цӀыхуитӀ зыщӀыгъуи, уи къуэшым деж кӀуэ. «ЩыхьэтитӀым е щыхьэтищым жаӀэмкӀэ#18:16 щыхьэтитӀым е щыхьэтищым жаӀэмкӀэ – еплъ 5 Мусэ 19:15. дэтхэнэ псалъэри гъэщыпкъа хъунущ» итӀанэ. 17Абыхэми едэӀуэн имыдэмэ, члисэ зэхуэсым щыщхэм я пащхьэм илъхьэ Ӏуэхур. Члисэ зэхуэсыми едэӀуэн имыдэмэ, ар хамэ лъэпкъхэм ящыщ е хьэкътын ахъшэр хэзых#18:17 хьэкътын ахъшэр хэзыхыр – еплъ 5:46. гуэрхэм яхуэдэ ирехъу уэркӀэ.
18– Пэжыр нывжызоӀэ, щӀылъэм фэ хуит щывмыщӀыр, уафэми хуит щыхъунукъым; щӀылъэм фэ хуит щыфщӀыр, уафэми хуит щыхъунущ.#18:18 Еплъ 16:19.
19– Иджыри нывжызоӀэ, щӀылъэм тет фщыщ цӀыхуитӀ фызэгурыӀуэрэ сыт ищӀыскӀи фелъэӀумэ, си Адэу уафэм щыӀэм ар къыфхуищӀэнущ. 20Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си цӀэкӀэ цӀыхуитӀ е цӀыхуищ щызэхуэскӀэ, сэри абыхэм сахэтщи.
ГущӀэгъу зыхэмылъ унэӀутым теухуа ущие хъыбарыр
21Петр Хьисэ къыбгъэдыхьэри къеупщӀащ:
– Зиусхьэн, си къуэшым сэркӀэ гуэныхь къихьамэ, дапщэрэ хуэзгъэгъун хуей? Блэнейрэ хуэзгъэгъун хуейуэ ара?
22– Сэ ныбжызоӀэ, блэней къудейкъым, атӀэ блыр блыщӀкӀэ гъэбэгъуауэщ.
23– Аращи, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зэщхьыр и унэӀутхэм ятелъ щӀыхуэр илъытэну хэта пащтыхьырщ. 24Илъытэну щыщӀидзэм, талант#18:24 талант – зы талантыр динар миних хуэдиз мэхъу. Зы динарыр лэжьакӀуэм и махуэ лэжьапщӀэу щытащ. минипщӀ щӀыхуэу зытелъ гуэр къыхуашащ. 25ЩӀыхуэр зэрипшыныжын зэримыӀэм къыхэкӀкӀэ, ари, абы и фызри, и бынхэри, иӀэ псори ящэу, щӀыхуэр иригъэпшыныжыну, пащтыхьым унафэ ищӀащ.
26– Апхуэдэу щыхъум, пащтыхьым и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьэри, унэӀутым жиӀащ: «Сыхыумыгъэзыхь. Псори уэстыжынщ». 27Пащтыхьым а унэӀутым гущӀэгъу хуищӀщ, щӀыхуэр хуигъэгъури, иутӀыпщыжащ.
28– А унэӀутыр щӀэкӀыжри, адрей унэӀутхэм ящыщу езым и динарищэ* щӀыхуэу зытелъым щыхуэзэм, «Си щӀыхуэр къызэтыж» жиӀэщ, къиубыдри итхьэлэу хуежьащ.
29Адрей унэӀутым абы и пащхьэм зыщридзыхри, лъаӀуэу щӀидзащ: «Сыхыумыгъэзыхь, тӀэкӀу къыспэплъэ, уэстыжынущ».
30– Ауэ мыдрейм ар имыдэу, кӀуэри, ар лъэхъуэщым щӀригъэдзащ, щӀыхуэр къритыжыху. 31Адрей унэӀуту ар зылъэгъуахэм я гум икъукӀэ къеуати, пащтыхьым деж кӀуэри, къэхъуа псори хуаӀуэтэжащ.
32– Пащтыхьым а унэӀутыр къригъашэри жриӀащ: «Уэ, унэӀут бзаджэ, укъызэлъэӀуати, си щӀыхуэу птелъ псори пхуэзгъэгъуащ. 33Сэ уэ гущӀэгъу зэрыпхуэсщӀам хуэдэу, уэри адрей унэӀутым гущӀэгъу хуэпщӀын хуеякъэ?» 34Пащтыхьыр икъукӀэ къэгубжьри, и щӀыхуэу телъ псори къритыжыху яӀыгъыну, а унэӀутыр лъэхъуэщ хъумакӀуэхэм яритащ.
35(ИтӀанэ Исус щӀигъужащ:) – И къуэшым кърищӀар игукӀэ хуэзымыгъэгъу фщыщ дэтхэнэми сэ си Адэу уафэм щыӀэри апхуэдэущ къызэрыхущытынур.

Marker

Del

Kopier

None

Vil du ha høydepunktene lagret på alle enhetene dine? Registrer deg eller logg på