1
Марк 5:34
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
– Си хъыджэбз! – жриӀащ абы Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Гъуэгу махуэ, уигу ирезагъэ, уи узыфэр Тхьэм пщхьэщихауэ узыншэу упсэу!
Sammenlign
Utforsk Марк 5:34
2
Марк 5:25-26
Абыхэм цӀыхубз гуэр яхэтт. Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, абы лъы куэдрэ щӀэкӀыурэ игъэгуӀэрт. Ӏэзэ куэди еплъащ, гугъуи куэдрэ ирагъэхьащ. ЦӀыхубзым иӀэ псори Ӏэзэхэм ятригъэкӀуэдащ, ауэ нэхъыкӀэ хъуа мыхъумэ, нэхъыфӀ хъуакъым.
Utforsk Марк 5:25-26
3
Марк 5:29
Хьисэ зэреӀусэу, цӀыхубзым лъы щӀэкӀыныр увыӀащ икӀи зэрыхъужар езым и ӀэпкълъэпкъымкӀэ зыхищӀащ.
Utforsk Марк 5:29
4
Марк 5:41
Хъыджэбз цӀыкӀум и Ӏэр иубыдри, жриӀащ: – Талифэ кум! (Абы къикӀыр: «Си хъыджэбз, сэ ныбжызоӀэ, къызэфӀэувэ!»)
Utforsk Марк 5:41
5
Марк 5:35-36
Хьисэ здэпсалъэм, лӀы гуп синэгуэгу пашэм и унэм къыщӀэкӀауэ къакӀуэрти, Иаир къыжраӀащ: – Уи пхъур дунейм ехыжащ. Дин егъэджакӀуэр сыт щхьэкӀэ гугъу ебгъэхьыжрэ? Абыхэм жаӀар зэрызэхихыу, Хьисэ синэгуэгу пашэм жриӀащ: – Умышынэ, фӀэщхъуныгъэ зигъыӀэ къудей.
Utforsk Марк 5:35-36
6
Марк 5:8-9
А лӀым апхуэдэу щӀыжиӀар Хьисэ ар зыӀыгъ жин бзаджэм «Уэ, жин бзаджэ, мы лӀым хэкӀыж!» жриӀати, аращ. Уи цӀэр сыт? – еупщӀащ Хьисэ а лӀым. – Си цӀэр дзэщ, – жэуап итыжащ абы, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ куэд дохъу.
Utforsk Марк 5:8-9
Hjem
Bibel
Leseplaner
Videoer