Аращи, фэри фымыжейуэ фысакъ; пщыхьэщхьэрами, жэщ ныкъуэрами, джэд Ӏуэгъуэрами, нэху щыгъуэрами, унэр зейр къыщыкӀуэжынур фщӀэркъыми. Уащхъуэдэмыщхъуэу абы къыщигъэзэжым деж фыжейуэ, фыпэмыплъэу къревмыгъэхьэлӀэж. Фэ нывжесӀэр псоми яжызоӀэ: фымыжейуэ фысакъ!