1
Лука 3:21-22
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
Иуан, цӀыху псори иумэхъа нэужь, Хьиси иумэхъащ. Хьисэ Тхьэм щелъэӀум, уафэр зэӀукӀри, тхьэрыкъуэм и пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Хьисэ къыхуехащ. Уафэм зы макъ къиӀукӀащ: – Уэращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Сигу урихьащ уэ.
Sammenlign
Utforsk Лука 3:21-22
2
Лука 3:16
– Сэ псымкӀэ фызоумэхъ, ауэ сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, – яжриӀащ Иуан псоми. – Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фэ фиумэхъынущ.
Utforsk Лука 3:16
3
Лука 3:8
Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. «Ибрэхьимщ дэ ди адэр», жывмыӀэххэ. Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэм Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.
Utforsk Лука 3:8
4
Лука 3:9
Джыдэр жыг лъабжьэхэм трашэщӀакӀэщ. Аращи, фӀыгъуэ къызыпымыкӀ дэтхэнэ жыгри къраупщӀыкӀыжынурэ, мафӀэм пэрадзэнущ.
Utforsk Лука 3:9
5
Лука 3:4-6
Мы Ӏуэху псори къэхъуащ Ешайа бегъымбарым и псалъэхэр зэрыт тхылъым зэритым хуэдэу, «Губгъуэ нэщӀым джэ макъ гуэр къыщоӀу: Зиусхьэным и гъуэгур хуэвгъэпси, и лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ. Дэтхэнэ къуэладжэри исеинущ, дэтхэнэ бгыри Ӏуащхьэри лъахъшэ хъунущ. Гъуэгу нэшэкъашэхэр захуэ хъунущ, гъуэгу къургъакъхэр джафэ хъунущ. ЦӀыхухэр мыкӀуэду Тхьэм къызэрыригъэлынур цӀыху псоми ялъагъунущ».
Utforsk Лука 3:4-6
Hjem
Bibel
Leseplaner
Videoer