1
Лука 23:34
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
– Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм, – жиӀащ Хьисэ, – ялэжьыр зи щӀысыр къагурыӀуэркъым. Пхъэидзэ ящӀурэ, Хьисэ и щыгъынхэр зауэлӀхэм зэхуагуэшыжащ.
နှိုင်းယှဉ်
Лука 23:34ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
2
Лука 23:43
– Пэжыр ныбжызоӀэ, жэнэтым ущызигъусэнущ нобэ, – жриӀащ Хьисэ а лӀым.
Лука 23:43ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
3
Лука 23:42
ИтӀанэ жиӀащ: – Хьисэ, уи Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, уигу сыкъэгъэкӀыж.
Лука 23:42ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
4
Лука 23:46
– Си Адэ, си псэр уи ӀэмыщӀэ изолъхьэ, – макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ Хьисэ. А псалъэхэр жиӀэри, и псэр итащ.
Лука 23:46ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
5
Лука 23:33
«Щхьэ къупщхьэ» жыхуаӀэ щӀыпӀэм щынэсым, Хьисэ жорым щраӀулӀащ абдеж. БзаджащӀитӀри, зыр ижьырабгъумкӀэ, адрейр и сэмэгурабгъумкӀэ, Хьисэ щӀыгъуу жорхэм ираӀулӀащ.
Лука 23:33ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
6
Лука 23:44-45
Шэджагъуэ хъуащ икӀи сыхьэтыр щым нэсыху а къэралыр зэрыщыту кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ, дыгъэр ункӀыфӀати. Тхьэм и унэшхуэ кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэр тӀууэ къызэгуэтхъащ.
Лука 23:44-45ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
7
Лука 23:47
ЗауэлӀхэм я пашэм, къэхъуар щилъагъум, Тхьэм щӀыхь хуищӀри жиӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, мы лӀыр щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу щытащ.
Лука 23:47ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
ပင်မစာမျက်နှာ
ကျမ်းစာ
အစီအစဉ်
ဗီဒီယို