1
Иуан 1:12
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Ауэ ар зыда цӀыху псоми, езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и бын хъуну хуитыныгъэ къаритащ.
နှိုင်းယှဉ်
Иуан 1:12ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
2
Иуан 1:1
ЩӀэдзапӀэм деж Псалъэр щыӀащ. Ар Тхьэм деж щыӀащ, а Псалъэр Тхьэуэ аращ.
Иуан 1:1ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
3
Иуан 1:5
Нэхур кӀыфӀыгъэм къыщонэху, кӀыфӀыгъэр нэхум пэлъэщакъым.
Иуан 1:5ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
4
Иуан 1:14
А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.
Иуан 1:14ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
5
Иуан 1:3-4
Тхьэм а Псалъэм псори къригъэгъэщӀащ. Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ а Псалъэм къримыгъэгъэщӀауэ зыри щыӀэкъым. МыкӀуэдыжын гъащӀэ хэлъащ а Псалъэм, а гъащӀэри цӀыхухэм нэху яхуэхъуащ.
Иуан 1:3-4ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
6
Иуан 1:29
Хьисэ етӀуанэ махуэм къакӀуэу щилъагъум, Иуан жиӀащ: – Мис Тхьэм и къурмэныпхъэ щынэу дунейм и цӀыхухэм я гуэныхьхэр ятезыхыжыр.
Иуан 1:29ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
7
Иуан 1:10-11
А Псалъэр дунейм къытехьащ. Тхьэм а Псалъэм дуней псори къригъэгъэщӀащ, апхуэдэу щыт пэтми, дунейм и цӀыхухэм ар къацӀыхужакъым. Езым и къэралым къэкӀуащ, ауэ абы и цӀыхухэм ар ядакъым.
Иуан 1:10-11ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
8
Иуан 1:9
Нэху пэжу цӀыху псори къэзыгъэнэхур дунейм къытехьэну щытащ.
Иуан 1:9ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
9
Иуан 1:17
Торэт хабзэр Тхьэм и унафэкӀэ къытхуэзыгъэнар Мусэ бегъымбарыр арщ, ауэ нэфӀ щыхуэныгъэмрэ щыпкъагъэмрэ къызыбгъэдэкӀар Хьисэ Мэссихьыр арщ.
Иуан 1:17ရှာဖွေလေ့လာလိုက်ပါ။
ပင်မစာမျက်နှာ
သမ္မာကျမ်းစာ
အစီအစဉ်များ
ဗီဒီယိုများ