Лого на YouVersion
Икона за пребарување

Маттэ 6:16-18

Маттэ 6:16-18 KBDNTGP2017

– ФынэщӀын щыхъукӀэ, цӀыху фэрыщӀхэм ещхьу нэщхъеифэ зытевмыгъауэ; зэрынэщӀыр цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэ, абыхэм я нэщхъыр зэхалъхьэ. Пэжыр нывжызоӀэ, абыхэм я Ӏыхьэр ягъуэтакӀэщ. Ауэ уэ унэщӀ щыхъукӀэ, цӀыхухэм гу лъремытэ узэрынэщӀым, уи Адэ лъапӀэу цӀыхухэм я дежкӀэ нэрымылъагъум фӀэкӀ нэгъуэщӀым гу лъимытэн щхьэкӀэ, уи щхьэм дагъэ лъапӀэ щыхуэ, уи напэри тхьэщӀ. ЦӀыхухэм щэхуу ящӀэр зылъагъу уи Адэ лъапӀэм уи ӀыхьэфӀыр къыуитынущ итӀанэ.