YouVersion logotips
Meklēt ikonu

Маттэ 5

5
5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Ӏуащхьэм тету, Хьисэ цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэу зэрыщытар
(Маттэ 5–7)
1ЦӀыху гупышхуэхэр щилъагъум, Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ етӀысэхащ. ЩетӀысэхым, и гъуэгу ирикӀуэхэр абы къыбгъэдыхьащ. 2Тхьэм и псалъэхэр абыхэм яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ:
Гъуэгу махуэ теувахэр
(Лука 6:20-23)
3– Гъуэгу махуэ теуващ гурэ псэкӀэ тхьэмыщкӀэхэр,#5:3 гурэ псэкӀэ тхьэмыщкӀэхэр – Тхьэм зэрыхуэныкъуэр зыщӀэхэр арщ.
ахэр Тхьэуэ уафэм щыӀэм
и Тепщэныгъэшхуэм#5:3 Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр – еплъ 3:2. щӀэтщи.
4Гъуэгу махуэ теуващ гукъеуэ зиӀэхэр,
абыхэм я гукъеуэр
Тхьэм ящхьэщихыжынущи.
5Гъуэгу махуэ теуващ зигу пагагъэ имылъхэр,
абыхэм ӀыхьэфӀу къалъысынур щӀылъэращи.
6Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм хуэзэшхэр икӀи хуэлӀэхэр,
абыхэм яхурикъун щыпкъагъэ ягъуэтынущи.
7Гъуэгу махуэ теуващ гущӀэгъу зиӀэхэр,
абыхэм гущӀэгъу ягъуэтынущи.
8Гъуэгу махуэ теуващ зигу къабзэхэр,
абыхэм Тхьэр ялъагъунущи.
9Гъуэгу махуэ теуващ цӀыхухэр зэзыгъэкӀужхэр,
абыхэм «Тхьэм ибынкӀэ» еджэнущи.
10Гъуэгу махуэ теуващ
щыпкъагъэм щхьэкӀэ цӀыхухэм гугъуехь зрагъэшэчхэр,
ахэр Тхьэуэ уафэм щыӀэм
и Тепщэныгъэшхуэм щӀэтщи.
11– Гъуэгу махуэ фытеуващ сэ си гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ цӀыхухэр къыфхуэхъущӀэмэ, гугъуехь фагъэшэчмэ, къыфхуэмыфащэ Ӏей псори къыфхужаӀэмэ. 12Фытхъэ, хуабжьу фыгуфӀэ, Тхьэм уафэм ӀыхьэфӀу къыщыфхуигъэфэщэнур инщи. Фэ фяпэкӀэ бегъымбархэми гугъуехь ирагъэшэчу щытащ апхуэдэу.
Шыгъумрэ нэхумрэ
(Марк 9:50; Лука 14:34-35)
13– ЩӀылъэм и шыгъур фэращ. АтӀэ шыгъум и шыугъэр хэкӀмэ, абы и шыугъэр дауэ зэрыхэплъхьэжынур? ЗыкӀи и сэбэп хъужынукъым итӀанэ. Ар иракӀутыжынурэ, цӀыхухэм лъэгукӀэ яутэнущ.
14– Дунейм и нэхур фэращ. Бгыщхьэм тет къалэр пхущӀэуфэн? 15Уэздыгъэ пигъанэмэ, ар пэгун щӀагъым щӀигъэувэркъым зыми, атӀэ тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ. Унэм щӀэс псоми я деж нэхур нос итӀанэ. 16Аращи, цӀыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.
Торэт хабзэм теухуауэ
17– Мусэ и Торэт хабзэм#5:17 Торэт хабзэр – Мусэ бегъымбарым и тхылъымитхур арщ. Торэт хабзэр журтхэм я тхылъ лъапӀэхэм ящыщу япэрей Ӏыхьэщ. итхэмрэ бегъымбархэм ятха тхылъхэм#5:17 бегъымбархэм ятха тхылъхэр – журтхэм я тхылъ лъапӀэхэм ящыщу етӀуанэ Ӏыхьэщ. ярытхэмрэ згъэкӀуэдыну сыкъэкӀуауэ фи мыгугъэ. Ахэр згъэкӀуэдын щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ и кӀэм нэзгъэсыну аращ. 18Пэжыр нывжызоӀэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ щыӀэху, Мусэ и Торэт хабзэм ит хьэрфхэм я нэхъ цӀыкӀууи зы хьэдзэ хэкӀуэдыкӀынукъым, абы ит псори къэхъуху. 19Мы унафэхэм я нэхъ цӀыкӀухэм ящыщ гуэрми емыдаӀуэ цӀыхуу адрей цӀыхухэри а унафэм емыдэӀуэну зыгъэӀущым Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм я нэхъ цӀыкӀу дыдэкӀэ еджэнущ. Ауэ мы унафэхэр зыгъэзащӀэу, цӀыхухэр абыхэм хуезыджэхэм Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыху инхэм ящыщкӀэ еджэнущ. 20Пэжыр нывжызоӀэ, фэ фи щыпкъагъэр торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ#5:20 торэт егъэджакӀуэ пашэхэр – еплъ 2:4. фарисейхэмрэ#5:20 фарисейхэр – еплъ 3:7. я щыпкъагъэм нэхърэ нэхъ ин мыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.
Губжьым теухуауэ
21– Пасэрей цӀыхухэм зэрыжраӀар#5:21 цӀыхухэм зэрыжраӀар – еплъ 2 Мусэ 20:13. фэ зэхэфхащ: «ЦӀыху умыукӀ. ЦӀыху зыукӀыр хеящӀэм#5:21 хеящӀэр – цӀыхур хейрэ е къуаншэрэ, хабзэм и унафэм тету, зэхэзыгъэкӀырщ. и пащхьэм ирашэнущ». 22Ауэ сэ нывжызоӀэ, и къуэшым#5:22 къуэшхэр – зы диным ирикӀуэхэр арщ. хуэгубжь дэтхэнэри хеящӀэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уи щхьэр нэщӀщ!» жезыӀэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм#5:22 Тхьэмадэ Хасэшхуэр – дин ӀуэхухэмкӀэ хьэкум зыщӀу нэхъ ищхьэ дыдэу къалъытэу журтхэм яӀарщ. Тхьэмадэ Хасэшхуэр цӀыху 70 хъууэ зэхыхьэу щытащ. А Хасэшхуэм и тхьэмадэр дин пашэшхуэр арт. Тхьэмадэ Хасэшхуэм «СинедрионкӀэ» йоджэ зэзэмызэ. и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уакъылыншэщ!» жезыӀэр жыхьэнмэ мафӀэм хыхьэнущ.
23– Аращи, Тхьэм хуэпщӀ тыхьыр къурмэнщӀыпӀэм щыпхькӀэ, уи къуэшым гукъеуэ гуэр къыпхуиӀэу уи гум къэкӀыжмэ, 24уи тыхьыр къурмэнщӀыпӀэм деж къыщынэ, япэ щӀыкӀэ кӀуэи, уи къуэшым екӀуж. ИтӀанэ тегъази, уи тыхь щӀы!
25– Уи дауэгъум псынщӀэу екӀуж, абы и гъусэу гъуэгум утетыхукӀэ. Армырамэ, хеящӀэм и пащхьэм уришэнущ. ХеящӀэми и ӀуэхутхьэбзащӀэм уӀэщӀилъхьэнурэ, лъэхъуэщым ущӀадзэнущ. 26Пэжыр сэ ныбжызоӀэ, зы хъурыщи* къыпхуэмынэжыху щӀумытауэ, лъэхъуэщым укъыщӀэкӀыжыфынукъым.
Зинэ щӀэным теухуауэ
27– ЗэрыжаӀар#5:27 зэрыжаӀар – еплъ 2 Мусэ 20:14. зэхэфхащ: «Зинэ умыщӀэ». 28Ауэ сэ нывжызоӀэ, цӀыхубз гуэрым хъуэпсэнэгуу еплъ дэтхэнэми игукӀэ зинэ ищӀакӀэщ. 29Аращи, гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, уи нэ ижьыр къитхъыжи, хыфӀэдзэ. Уэ уипкъ псори жыхьэнмэм хадзэ нэхърэ, уи Ӏэпкълъэпкъым щыщ зы пфӀэкӀуэдмэ, уи дежкӀэ нэхъыфӀщ. 30Уи Ӏэ ижьым гуэныхь пщӀэну удригъэхьэхмэ, пыупщӀи, хыфӀэдзэ. Уэ уипкъ псори жыхьэнмэм кӀуэ нэхърэ, уи Ӏэпкълъэпкъым щыщ зы пфӀэкӀуэдмэ, уи дежкӀэ нэхъыфӀщ.
Фыз игъэкӀыжыным теухуауэ
(Маттэ 19:9; Марк 10:1-12; Лука 16:18)
31– Пасэрейм мыри жаӀащ:#5:31 мыри жаӀащ – еплъ 5 Мусэ 24:1. «Зи фыз изыгъэкӀыжым зэрыригъэкӀыж тхылъ ирырет». 32Ауэ сэ нывжызоӀэ, и фыз, зинэ имыщӀауэ изыгъэкӀыж дэтхэнэми фызым зинэ иригъэщӀауэ мэхъу (фызыр аргуэру дэкӀуэжмэ). Абы ещхьу, лӀы гуэрым иригъэкӀыжа фыз къэзышэжми зинэ ищӀауэ мэхъу.
Тхьэ Ӏуэным теухуауэ
33– Пасэрей цӀыхухэ мыри зэрыжраӀар#5:33 цӀыхухэм зэрыжраӀар – еплъ 3 Мусэ 19:12, 4 Мусэ 30:2, 5 Мусэ 23:21. зэхэфхащ: «ПцӀыкӀэ зэи тхьэ умыӀуэ, ауэ Зиусхьэным хуэпщӀа тхьэрыӀуэхэр бгъэщыпкъэжын хуейщ». 34Сэ нывжызоӀэ, фэ тхьэ зэи фӀуэ хъунукъым, уафэмкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар Тхьэм и тахътэщи. 35ЩӀылъэмкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар Тхьэм и лъэр зытет лъэгущӀэтын лъапӀэщи. ЕрусалимкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар пащтыхьышхуэм и къалэщи. 36Уи щхьэмкӀи тхьэ умыӀуэ, уэ зы щхьэц налъэ фӀыцӀи хужьи пщӀын плъэкӀынукъыми. 37Ауэ «Аращ» жыфӀэу псалъэ жыфӀэмэ, абы фытет, «Хьэуэ, аракъым» жыфӀэмэ, абыи фытемыкӀ. Абы къемызэгъыр шейтӀаным и Ӏуэхум щыщщ.
ЦӀыху бзаджэм фыпэмыув
(Лука 6:29-30)
38– Мыри зэрыжаӀар#5:38 зэрыжаӀар – еплъ 2 Мусэ 21:24. зэхэфхащ: «Уи нэм къеӀэм и нэм еӀэж, уи дзэм къеуэм и дзэм еуэж», 39ауэ сэ нывжызоӀэ, цӀыху бзаджэм фыпэмыув. АтӀэ уи нэкӀу ижьым къеуэ дэтхэнэми, адрей уи нэкӀури хуэгъазэ. 40Уи джанэр птрихын щхьэкӀэ, зыгуэр къодауэмэ, уи щыгъын щӀыӀутелъри къыхуэгъанэ абы. 41Лъэбакъуэ минкӀэ удэкӀуэтэну ухэзыгъэзыхьым лъэбакъуэ минитӀкӀэ дэкӀуатэ. 42ЗыгуэркӀэ къолъэӀум ет икӀи щӀыхуэ пӀызыхыну хуейм уи щӀыб хуумыгъазэ.
Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу
(Лука 6:27-28, 32-36)
43– ЗэрыжаӀар#5:43 зэрыжаӀар – еплъ 3 Мусэ 19:18. «Уи бийр плъагъу мыхъуу щыт» псалъэхэр а тхылъ иткъым. зэхэфхащ: «Уи гъунэгъур фӀыуэ лъагъу, уи бийр плъагъу мыхъуу щыт». 44Ауэ сэ нывжызоӀэ, фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, гугъуехь фэзыгъэшэч цӀыхухэм Тхьэм фӀыкӀэ фахуелъэӀу, 45фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и бын фыхъун щхьэкӀэ. Абы и дыгъэр цӀыху бзаджэхэми цӀыхуфӀхэми къахукъуегъэкӀ, щыпкъагъэ зигу илъхэми имылъхэми уэшх къахурегъэшх. 46ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа фӀыуэ фымылъагъужмэ, сыт хуэдэ ӀыхьэфӀ фызыщыгугъыр? Хьэкътын ахъшэр#5:46 хьэкътын ахъшэр – цӀыхухэр къалэ гуэрым щыдыхьэкӀэ е щыдэкӀкӀэ, псэуалъэу, хьэпшыпу икӀи гъавэу яӀэм Рим къэралыгъуэшхуэм ахъшэу ятрилъхьэу щытарщ. ЦӀыхухэм, псом хуэмыдэу дин пашэхэм, хьэкътын ахъшэр хэзых цӀыхухэр зрапэсу щытакъым, дин унафэ гъэувахэм ахэр емыдаӀуэу зэрыщытам щхьэкӀэ. хэзыххэм ар дыдэр ящӀэркъэ? 47Фэ фи къуэшхэм фӀэкӀа зыми и Ӏэр фымыубыдмэ, егъэлеяуэ сыт фӀыгъэ фщӀэр? Хамэ лъэпкъхэми апхуэдэу ящӀэркъэ? 48Аращи, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм и щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, ар нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, фи щыпкъагъэми щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, фэ цӀыху нэгъэсауэ фыщытын хуейщ.

Pašlaik izvēlēts:

Маттэ 5: KbdNTGP2017

Izceltais

Dalīties

Kopēt

None

Vai vēlies, lai tevis izceltie teksti tiktu saglabāti visās tavās ierīcēs? Reģistrējieties vai pierakstieties