1
Иуан 4:24
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
Тхьэр псэщ, абы елъэӀухэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи щыпкъагъэкӀи елъэӀун хуейщ.
ತಾಳೆಮಾಡಿ
Иуан 4:24 ಅನ್ವೇಷಿಸಿ
2
Иуан 4:23
Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Адэ лъапӀэм щыпкъэу елъэӀухэр гурэ псэкӀи щыпкъагъэкӀи щелъэӀун махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ. Апхуэдэу елъэӀухэращ Адэ лъапӀэм и щӀасэр.
Иуан 4:23 ಅನ್ವೇಷಿಸಿ
3
Иуан 4:14
– Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ.
Иуан 4:14 ಅನ್ವೇಷಿಸಿ
4
Иуан 4:10
– Тхьэм и тыгъэр зыхуэдэри «Псы тӀэкӀу сегъафэ» къыбжезыӀари уэ пщӀэуэ щытатэмэ, абы уелъэӀунт, абыи гъащӀэ къозытын псы уригъэфэнт, – жриӀэжащ Хьисэ цӀыхубзым.
Иуан 4:10 ಅನ್ವೇಷಿಸಿ
5
Иуан 4:34
– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Иуан 4:34 ಅನ್ವೇಷಿಸಿ
6
Иуан 4:11
– Зи щӀыхь ин, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – псыкъуийр куущ, уэ псы къызэрипхын уиӀэкъым. А гъащӀэ къызэзытыну псыр дэнэ къыздипхынур?
Иуан 4:11 ಅನ್ವೇಷಿಸಿ
7
Иуан 4:25-26
– ХристоскӀэ зэджэ Мэссихьыр къызэрыкӀуэнур сощӀэ, – къыжриӀащ цӀыхубзым. – Ар къакӀуэмэ, Ӏуэху псори къыдгуригъэӀуэнущ. – А жыхуэпӀэр сэращ, иджыпсту къопсалъэрщ, – жриӀащ Хьисэ абы.
Иуан 4:25-26 ಅನ್ವೇಷಿಸಿ
8
Иуан 4:29
– ФыкъакӀуи, феплъыт, лӀы гуэрым сэ сщӀа псори къызжиӀэжащ. Арауэ пӀэрэ Мэссихьыр?
Иуан 4:29 ಅನ್ವೇಷಿಸಿ
ಮುಖಪುಟ
ಬೈಬಲ್
ಯೋಜನೆಗಳು
ವೀಡಿಯೊಗಳು