1
Маттэ 4:4
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
– Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жиӀащ Хьисэ, – «ЩӀакхъуэ къудейкъым цӀыхур зэрыпсэунур, атӀэ дэтхэнэ псалъэу Тхьэм къыбгъэдэкӀырщ».
比較
Маттэ 4:4で検索
2
Маттэ 4:10
– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».
Маттэ 4:10で検索
3
Маттэ 4:7
– Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщ, – жиӀащ Хьисэ, – «Зиусхьэну уи Тхьэр умыгъэунэху».
Маттэ 4:7で検索
4
Маттэ 4:1-2
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Хьисэ губгъуэ нэщӀым ишащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Хьисэ абы щӀишар гуэныхь иригъэлэжьын папщӀэ шейтӀаныр абы и ужь итын щхьэкӀэщ. Махуэ плӀыщӀрэ жэщ плӀыщӀрэ нэщӀа нэужь, Хьисэ къэмэжэлӀащ.
Маттэ 4:1-2で検索
5
Маттэ 4:19-20
Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – Си ужь фыкъиувэ. Бдзэжьей къэвубыдын папщӀэ, я ужь фызэритам ещхьу, си гъуэгу къытевгъэхьэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм яужь фызэрихьэнур фэзгъэщӀэнущ. Яхъхэр а сыхьэтым къагъанэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.
Маттэ 4:19-20で検索
6
Маттэ 4:17
А зэманым къыщыщӀэдзауэ Хьисэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэ хъуащ: – Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.
Маттэ 4:17で検索
ホーム
聖書
読書プラン
ビデオ