Маттэ 11
11
11-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Хьисэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым унафэ яхуищӀа нэужь, а щӀыпӀэм икӀри, журтхэм я къалэхэм цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъэщӀэну, абыхэм щригъэдэӀуэну кӀуащ.
УмэхъакӀуэ Иуан Хьисэ деж лӀыкӀуэхэр зэригъэкӀуар
(Лука 7:18-35)
2Иуан, лъэхъуэщым щӀэсу#11:2 Иуан лъэхъуэщым щӀэсу – еплъ 14:3-4. Хьисэ илэжьа Ӏуэхухэм я хъыбарыр щызэхихым, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ игъакӀуэри, 3Хьисэ иригъэупщӀащ:
– Уэра къэкӀуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщӀ гуэрым дыпэплъэн хуей?
4– Вгъэзэжи, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ, – зэхэфхымрэ флъагъумрэ Иуан хуэфӀуэтэж: 5Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс. 6Гъуэгу махуэ теуващ зи гум мыхъун сэр щхьэкӀэ къэзымыгъэкӀыр.
7Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьэжа нэужь, Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм абы теухуауэ яжриӀэу щӀидзащ:
– Губгъуэ нэщӀым фыщихьам, сыт флъагъуну фи гугъар? Жьым игъэщэнауэ къамыл флъагъун фи гугъа? 8Армырамэ, сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Дахэу хуэпа цӀыху гуэрт? Дахэу хуэпахэр зыщӀэсыр пащтыхьхэм я унэшхуэхэрщ. 9АтӀэ сыт флъагъун фи гугъар, абы фыщихьам? Бегъымбарырат? Пэжыр нывжызоӀэ, ар бегъымбар къудейкъым, ар бегъымбарым нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. 10Ар Тхьэм и псалъэ тхахэм зи хъыбар мыпхуэдэу хэт лӀыкӀуэрщ:#11:10 Зи хъыбар хэт лӀыкӀуэр – еплъ Малахие бегъымбарым и тхылъым 3:1.
«Мис, си лӀыкӀуэр уяпэ къихуэу нэзгъэкӀуэнурэ,
абы уэ уи гъуэгур пхуигъэпсынущ».
11– Пэжыр нывжызоӀэ, цӀыхубзхэм къалъхуам щыщу умэхъакӀуэ Иуан#11:11 умэхъакӀуэ Иуан – еплъ 3:1. нэхърэ нэхъ ин щыӀэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм ящыщу я нэхъ цӀыкӀури Иуан нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. 12УмэхъакӀуэ Иуан* и махуэхэм къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым цӀыхухэм Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀэт цӀыхухэм гугъуехь ирагъэшэчащ икӀи бзаджащӀэхэм а тепщэныгъэшхуэр залымыгъэкӀэ яубыдыну и ужь итщ; 13умэхъакӀуэ Иуан и зэманым къэсыху, бегъымбар псори, Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэри а тепщэныгъэшхуэр къызэрыунэхунум тепсэлъыхьэу щытащ. 14Ар къабыл фщӀыну фыхуеймэ, умэхъакӀуэ Иуан къэкӀуэну щыта Иляс бегъымбарыр#11:14 къэкӀуэну щыта Иляс бегъымбарыр – еплъ Малахие бегъымбарым и тхылъым 4:5-6. аращ. 15ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
16– Иджырей цӀыхухэр сытым езгъэщхьын? Уэрамым тесу, я ныбжьэгъухэм мыпхуэдэу еджэ щӀалэхэм ещхьщ:
17«Бжьамийхэм дыфхуепща пэтми,
фэ фыкъэфакъым;
дэ гъыбзэ фхужытӀа пэтми,
фэ фыгъакъым».
18– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан къэкӀуащ. Ар нэщӀ исщ, фади ефэркъым. «Ар жин бзаджэм иӀыгъщ», хужаӀэ абы. 19ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр#11:19 хьэкътын ахъшэр – еплъ 5:46. хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», хужаӀэ абы. АрщхьэкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэм къыхэкӀа къэхъукъащӀэхэм а акъылыфӀагъэр ягъэщыпкъэ.
Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Хоразин къалэ! Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Вифсайдэ къалэ!
(Лука 10:13-15)
20Хьисэ и Ӏуэху телъыджэхэм я нэхъыбэр щилэжьа къалэхэм егиеу щӀидзащ, я гуэныхьхэм зэрахущӀемыгъуэжам щхьэкӀэ.
21– Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Хоразин къалэ! – жиӀащ абы. – Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Вифсайдэ къалэ! Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж щызлэжьа Ӏуэху телъыджэхэр къалэхэу Тиррэ Сидонрэ#11:21 Къалэхэу Тиррэ Сидонрэ – ахэр хамэ къалэу Галилей хэкум и ищхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ хы Ӏуфэм Ӏутахэр аращ. щызлэжьатэмэ, щыгъуэ щыгъын куэд щӀауэ ящыгърэ я нэкӀухэр фӀамыщӀкӀэ зэщӀэцӀэлауэ я гуэныхьхэм яхущӀегъуэжынт. 22Ауэ сэ нывжызоӀэ, къемэтмахуэм фэ гугъуехьу фшэчынум нэхърэ Тиррэ Сидонрэ гугъуехьу яшэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ. 23Уэ, Капернаум къалэ, уафэм удэкӀуеину? Хьэуэ, жыхьэнмэм и кууупӀэм нэсыху укӀуэцӀрыхунущ,#11:23 Уэ, Капернаум къалэ … укӀуэцӀрыхунущ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 14:13, 15. уи деж щызлэжьа Ӏуэхушхуэхэр Содом къалэм#11:23 Содом къалэр – еплъ 10:15. щызлэжьатэмэ, ар иджыри къэс щытынути. 24Ауэ сэ нывжызоӀэ, къемэтмахуэм гугъуехьу уэ пшэчынум нэхърэ Содом гугъуехьу ишэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.
Си деж фыкъакӀуи, гузэгъэгъуэ фэстынщ
(Лука 10:21-22)
25И псалъэм къыпищэу, Хьисэ жиӀащ итӀанэ:
– Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн. Мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ. 26Си Адэ, апхуэдэущ уэ узэрыхуеяр.
27– Псори си Адэм къысӀэщӀилъхьащ. Къуэ лъапӀэр зыхуэдэр Адэ лъапӀэм фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым. Адэ лъапӀэр зыхуэдэри Къуэ лъапӀэмрэ Къуэ лъапӀэм ар зригъэщӀэну хуей цӀыхухэмрэ фӀэкӀа, зыми ищӀэркъым.
28– ЦӀыху ешаелӀа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакӀуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи. 29Си бжьыр зытефлъхьэ, жысӀэр зэвгъащӀэ, сэ сигур щабэщ икӀи пагагъэ схэлъкъыми. ПсэмкӀэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итӀанэ; 30си бжьыр шэчыгъуафӀэщ, си хьэлъэри уэндэгъукъыми.
Jelenleg kiválasztva:
Маттэ 11: KbdNTGP2017
Kiemelés
Megosztás
Másolás
Szeretnéd, hogy a kiemeléseid minden eszközödön megjelenjenek? Regisztrálj vagy jelentkezz be
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017