1
Маттэ 8:26
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
– Сыт апхуэдизу фыщӀэшынэр фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр? – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. ИтӀанэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми псыми егийри, дунейр щым дыдэ хъужащ.
Comparar
Explorar Маттэ 8:26
2
Маттэ 8:8
– Зи щӀыхь ин, си унэм уэ уныщӀыхьэну схуэфащэкъым, – къыжриӀащ дзэ пашэм, – ауэ зы псалъэ закъуэ жыӀэ, унафэ щӀыи, си унэӀутыр хъужынщ.
Explorar Маттэ 8:8
3
Маттэ 8:10
Ар щызэхихым, игъэщӀагъуэри, Хьисэ и ужь ит цӀыхухэм яжриӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ зы цӀыху закъуи Израил къэралым изгъуэтакъым сэ.
Explorar Маттэ 8:10
4
Маттэ 8:13
Хьисэ дзэ пашэм жриӀащ итӀанэ: – КӀуэ, уэ уи фӀэщ зэрыхъуам хуэдэу, къыбдрехъу. Дзэ пашэм и унэӀутыр хъужащ а сыхьэт дэдэм.
Explorar Маттэ 8:13
5
Маттэ 8:27
– Хэт мы жьыри псыри зыгъэдаӀуэр? – жаӀащ цӀыхухэм, ягъэщӀагъуэу.
Explorar Маттэ 8:27
Inicio
Biblia
Planes
Vídeos