Руфэ 1
1
Елимэлэх и унагъуэр и гъусэу МоӀэбей зэрыӀэпхъуар
1ХеящӀэхэм я зэману ИсрэӀилым гъаблэ къыщыщыхъуам щыгъуэ Ехьудей хэкум ит Бэтлъэхъем жылэм щыщ зылӀ, и щхьэгъусэри и къуитӀри щӀыгъуу, МоӀэбей къэралым кӀуащ, пӀалъэкӀэ щыпсэуну. 2А лӀым зэреджэр Елимэлэхт, и щхьэгъусэм – НэӀумий, и къуитӀым – Мэхълэнрэ Къилиуэнрэ. Ахэр Бэтлъэхъем жылэм, Ехьудейм итым, дэс Ефрафэ лъэпкъым щыщт. Арати, ахэр МоӀэбей Ӏэпхъуауэ щыпсэурт.
3Куэд дэмыкӀыу, Елимэлэх, НэӀумий и лӀыр, дунейм ехыжри, ар и къуитӀым къабгъэдэнащ. 4Ауэрэ и къуитӀым моӀэб лъэпкъым щыщхэу щхьэгъусэ зрагъэгъуэтащ – зым Ӏурпэ, адрейм – Руфэ я цӀэу. ИлъэсипщӀ хуэдизкӀэ ахэр а щӀыпӀэм щыпсэуауэ, 5Мэхълэни Къилиуэни дунейм ехыжри, НэӀумий и щхьэгъусэри и къуитӀри имыӀэжу къэнащ.
НэӀумий Бэтлъэхъем зэригъэзэжар
6Зиусхьэну#1:6 Зиусхьэну – ЖуртыбзэкӀэ «Яхве». А псалъэмкӀэ Тхьэм Мусэ бегъымбарми журтхэми закъригъэцӀыхуауэ щытащ. «Яхве» жиӀэмэ, «ЩыӀэр», «Псэур» жиӀэу аращ. Журтхэр а псалъэм апхуэдизкӀэ фӀэлӀыкӀырти, къапсэлъын шынэрт. Абы къыхэкӀкӀэ, а псалъэм и пӀэкӀэ журтхэм «Адонай» псалъэр къагъэсэбэп хъуащ. «Си Зиусхьэн» жиӀэу аращ абы къикӀыр. Тхьэм и лъэпкъым закъыщӀигъакъуэу, гъавэ бэв къаритауэ МоӀэбей щагъэхъыбару зэхихри, НэӀумий и хэкужьым игъэзэжыну зигъэхьэзыращ, и ныситӀри и гъусэу. 7Ахэр щӀыгъуу, щыпсэуа щӀыпӀэр къигъанэри, Ехьудей щӀыналъэм кӀуэжыну гъуэгу теуващ НэӀумий.
8Куэд ямыкӀуауэ, НэӀумий и ныситӀым яжриӀащ: «Вгъэзэжи, щхьэж и дыщ фекӀуэлӀэж. Зиусхьэным гущӀэгъу къыфхуищӀ, си къуэ мыгъуэхэми сэри фыкъытхуэгумащӀэу зэрыщытам хуэдэу! 9ПӀэщхьагъ дахэ тӀуми Зиусхьэным фигъэгъуэтыж!» Апхуэдэу жиӀэу, НэӀумий и ныситӀым ӀэплӀэ, ба щахуищӀыжым, ахэр къыщиудри, захуэмыубыдыжу къэгъащ.
10«Хьэуэ, дэри уи гъусэу дынэкӀуэнущ уи хэкум», – жаӀащ абыхэм.
11«Хьэуэ, хьэуэ, вгъэзэж, сипхъу цӀыкӀухэ! – идакъым НэӀумий. – Сыт фэ си гъусэу фыныщӀэкӀуэнур? Сэ згъуэтыжыфыну фэ щхьэгъусэ фхуэхъун къуэ? 12Вгъэзэж, сипхъу цӀыкӀухэ, сэ жьы сыхъуащ, дэнэ сыщыдэкӀуэжын? Бын згъуэтыжыну сыгугъэми, ныжэбэ лӀы сригъусэу итӀанэ къуэхэр къэслъхуми, 13ахэр къэхъуху дауэ фежьэн? Апхуэдиз зэманкӀэ фыдэмыкӀуэжу дауэ фыдэсын? Хьэуэ, си тӀасэхэ! Фэ фи Ӏуэхум нэхърэ сэ си Ӏуэхур нэхъ хэплъэгъуэщ – сэ Зиусхьэным и ней къысщыхуэри си гъащӀэр дыдж ищӀащ!»
14Абдежым абыхэм аргуэру гъын кърагъэжьэжащ. Арати, Ӏурпэ и гуащэм ӀэплӀэ, ба хуищӀыжри, ежьэжащ, ауэ Руфэ НэӀумий имыутӀыпщу зыкӀэрикъузэрт.
15«Мес, уи нысэгъум и лъэпкъым, и тхьэхэм я деж егъэзэж, уэри абы и гъусэу гъэзэж», – жриӀащ НэӀумий Руфэ.
16АрщхьэкӀэ Руфэ жиӀащ:
«КхъыӀэ,
cыхыумыгъэзыхь укъэзгъэнэну,
си щӀыбыр ныпхуэзгъэзэну.
Уэ уздэкӀуэ сэри сыкӀуэнущ,
укъыщыувыӀи сыкъыщыувыӀэнущ.
Уи лъэпкъри си лъэпкъыу,
уи Тхьэри си Тхьэу щытынущ.
17Уэ ущылӀэ сэри сыщылӀэнущ,
абдежи сыщыщӀалъхьэжынущ.
Зиусхьэным и ней къысщыхуэ,
си псэр Ӏуту сэ укъэзгъанэмэ!»
18И гъусэу кӀуэну Руфэ мурад быдэ зэрищӀар къыщыгурыӀуэм, НэӀумий ар хигъэзыхьыжакъым.
19Арати, цӀыхубзитӀым гъуэгуанэ кӀыхьыр зэпачри, Бэтлъэхъем нэблэгъащ. Ахэр къыщалъэгъуам, жылэдэсхэм абыхэм фӀэкӀа Ӏуэху яӀэжтэкъым. ЦӀыхубзхэм ягъэщӀагъуэрт: «Ана, мор НэӀумий?» – жаӀэурэ.
20«АфӀэкӀа сэр щхьэкӀэ НэӀумий#1:20 «НэӀумий» жиӀэмэ журтыбзэкӀэ «Гурыхь» къикӀыу аращ. жывмыӀэ, МарэкӀэ#1:20 «Марэ» жиӀэмэ журтыбзэкӀэ «Дыдж» къикӀыу аращ. фыкъызэджэ, – яжриӀащ НэӀумий абыхэм. – Ар щӀыжысӀэр Псори ЗылъэкӀым си гъащӀэр дыдж Ӏей ищӀащи аращ. 21Сэ мыбы зыри сыщымыщӀэу сыдэкӀащ, арщхьэкӀэ Зиусхьэным зыри симыӀэжу къызигъэгъэзэжащ. Сыт сэ НэӀумийкӀэ фыкъыщӀызэджэнур? Зиусхьэным хьэзабыр сигъэшэчащ, Псори ЗылъэкӀым насыпыншэ дыдэ сищӀащ».
22Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ НэӀумий МоӀэбей къикӀыжащ, и нысэр – моӀэб лъэпкъым щыщ Руфэ – щӀыгъуу. Ахэр Бэтлъэхъем къыщысыжам, хьэр къахыжын щӀадза къудейт.
Zur Zeit ausgewählt:
Руфэ 1: АдгФЛ
Markierung
Teilen
Kopieren
Möchtest du deine gespeicherten Markierungen auf allen deinen Geräten sehen? Erstelle ein kostenloses Konto oder melde dich an.
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021