Сэфирэт и тхылъ 5

5
ЕТХУАНЭ ӀЫХЬЭ
Сэфирэт ефэ-ешхэм пащтыхьыр зэрыригъэблэгъар
1Ещанэ махуэм Сэфирэт гуащэ фащэхэр зыщитӀагъэщ аби, тахътэр зыщӀэт унэм и гупэкӀэ къиту сэрейм и пщӀантӀэкум къиуващ. Пащтыхьри, тахътэм тесу, сэрейм и къыдыхьэпӀэм хуэзанщӀэу щыст. 2ПщӀантӀэкум ит Сэфирэт-гуащэр абы къыщилъагъум, нэ гуапэкӀэ къеплъащ, ӀэщӀэлъ дыщэ башри къыхуишиящ. Сэфирэти кӀуатэри, башыпэм щабэу теӀэбащ.
3«Сыт узыгъэгузавэр Сэфирэт-гуащэ? Сыт узыщӀэлъэӀур? – еупщӀащ абы пащтыхьыр. – ЖыпӀауэ пхуэзмыщӀэн мы дунейм теткъым».
4«Игъуэу къэплъытэмэ, – жиӀащ Сэфирэт, – нобэ уэ щхьэкӀэ згъэхьэзыра ефэ-ешхэм Аман и гъусэу зыкърегъэхьэлӀэ».
5«ЩӀэхыу Аман къысхуэфшэ, – ищӀащ унафэ Ахъийшурэщ, – Сэфирэт къызыщӀэлъэӀуар хуэдмыщӀэу хъунукъым».
Арати, Аман гъусэ ищӀри, пащтыхьыр Сэфирэт игъэхьэзыра ефэ-ешхэм кӀуащ. 6Санэм ефэу здэщысым, пащтыхьыр Сэфирэт зыхуигъазэри еупщӀащ: «Сытыт узыхуейр? ЖыпӀэркъэ, къохъулӀэнущ ар уэ! Сыт хуэдэ лъэӀу къысхуиӀэр? ЖыпӀауэ пхуэзмыщӀэн мы дунейм теткъым».
7«Сызыхуейуэ сызыщӀэлъэӀур мыращ, – жиӀащ Сэфирэт. – 8Суримыжагъуэмэ, сызыхуей псори къысхуэпщӀэнур пэжмэ, сызыщӀэлъэӀури бгъэзэщӀэну пфӀэигъуэмэ, пщэдеи пхуэзгъэхьэзырыну ефэ-ешхэм Аман и гъусэу иджыри зэ къысхуеблагъэ. Мис абы щыгъуэ узыщӀэупщӀами жэуап нестынщ».
Аман Мардэхей иукӀыну игу зэрырилъхьар
9Аман гуфӀэу, гунэдж дахэ иӀэу къежьэжащ. Сэрей куэбжэпэм деж Мардэхей щрихьэлӀэм, къызэрыхуэмытэджам, и шынагъэ лъэӀэсу зэрыримыгъэлъэгъуам хуабжьу иригубжьащ. 10Ауэ Аман зишыӀэри и унэ кӀуэжащ.
И ныбжьэгъухэмрэ и щхьэгъусэ Зэрэшрэ къриджэри, 11мылъкуу бгъэдэлъым и инагъымкӀэ, къуэ бын унагъуэшхуэу зэрыщытымкӀэ, пащтыхьым пщӀэ къызэрыхуищӀымрэ лӀакъуэлӀэшхэмрэ уэркъышхуэхэмрэ зэрахиӀэтыкӀамкӀэ Аман зыщытхъужу хуежьащ. 12«Абы щыфӀэкӀыжу, – къыпищащ адэкӀэ Аман, – Сэфирэт-гуащэ си закъуэщ иригъэблэгъар игъэхьэзыра ефэ-ешхэм пащтыхьым и гъусэу кӀуэну. Пщэдей гуэрми пащтыхьым сыщӀыгъуу сыкӀуэну къызэджащ. 13Ауэ журт Мардэхей сэрей куэбжэпэм деж сыщрихьэлӀэху а псор зыми щымыщу мэкӀуэдыж».
14И щхьэгъусэ Зэрэшрэ и ныбжьэгъухэмрэ жраӀащ абы итӀанэ: «ӀэфракӀэ щэныкъуэ#5:14 Метр 25-м нэблагъэ. зи лъагагъ щхьэпылъапӀэр ягъэувыну унафэ щӀыи, пщэдджыжь пащтыхьым елъэӀу Мардэхей абдеж и щхьэр щыпалъэну. ИтӀанэ уи гур зэгъэжауэ пащтыхьым и гъусэу ефэ-ешхэм кӀуэ». Чэнджэщыр Аман игу ирихьри, щхьэпылъапӀэр ягъэувыну унафэ ищӀащ.

Markierung

Teilen

Kopieren

None

Möchtest du deine gespeicherten Markierungen auf allen deinen Geräten sehen? Erstelle ein kostenloses Konto oder melde dich an.