Сэфирэт и тхылъ 1
1
ЯПЭ ӀЫХЬЭ
Къэжэр пащтыхь Ахъийшурэщ ефэ-ешхэ ищӀахэр
1Мы тхыдэ хъугъэ-щӀагъэр къыщыхъуар Ахъийшурэщ#1:1 ЩӀэныгъэлэжьхэм я нэхъыбэм зэрызэдащтамкӀэ, текстым зи цӀэр къыхэщ Ахъийшурэщыр Къэжэр пащтыхьыгъуэр ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ 486/5 гъэм щегъэжьауэ 465 гъэм нэс зи ӀэмыщӀэ илъа Ксеркс Езанэрщ. и тетыгъуэм щыгъуэщ – Хьинд#1:1 Индие щӀыналъэр. хэгъэгум щегъэжьауэ Куш#1:1 СуданыщӀым и зэхуэдитӀымрэ Мысыр щӀыналъэм и ипщэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэ щӀыгухэмрэ зыхыхьэ хэкум аращ зэреджэу щытар. нэсыхукӀэ дэлъ хэгъэгуищэрэ тӀощӀрэ блыр зи унафэ щӀэтыгъа Ахъийшурэщ и лъэхъэнэрщ. 2Пащтыхь тахътэр абы щыгъуэ здэщыӀар Шушан#1:2 Иджырей Иран хэгъэгум и къухьэпӀэмкӀэ щыӀэ къалэщ. Пасэм щыгъуэ Къэжэр пащтыхьыгъуэм и щыхьэрищым языхэзу щытащ; хэгъэгу Ӏэщхьэтетхэр щӀымахуэм зыдэсу щыта сэрейри здэщыӀар мыбдежщ. быдапӀэрт. 3Тахътэм зэрыдэкӀуейрэ илъэс ещанэр екӀуэкӀыу Ахъийшурэщ хэкум лӀакъуэлӀэшрэ уэркъышхуэу исым ефэ-ешхэшхуэ ярищӀэкӀащ. Къэжэрымрэ Мыдымрэ дзэпщу щыӀэр, пщырэ хэгъэгу пашэу исыр къыщызэхуэсат абы. 4Махуищэрэ махуэ тӀощӀиплӀ енкӀэ и пащтыхьыгъуэ мылъкушхуэу илъымрэ щытхъурэ щхьэлъапӀэныгъэу езым къыхуагъэфащэмрэ зыхуэдэр яригъэлъэгъуат абы и хьэщӀэхэм.
5А махуэхэр зэрыдэкӀыу Шушан быдапӀэм цӀыхуу дэсым щхьэкӀэ, цӀыкӀуи ини кърихьэлӀэу, пащтыхьым и сэрей пщӀантӀэшхуэм махуибл ефэ-ешхэ щызэхишащ. 6ПщӀантӀэр чэтэн Ӏупхъуэ хужь-плъыжьыфэхэмкӀэ гъэщӀэрэщӀат. Ахэр чэтэныпс плъыжь-фӀыцӀафэ пӀащӀэхэмкӀэ мывэху пкъохэм хэщӀыхьа дыжьын хъурджанэхэми епхыжат. Зи жыхафэгур мывэплърэ мывэхухэмкӀэ, мывэ щхъуэкӀэплъыкӀэхэмрэ налкъутналмэсхэмкӀэ япкӀа пщӀантӀэм дыщэмрэ дыжьынымрэ къыхэщӀыкӀа тахътэбанхэр къыщегъэувэкӀат. 7Зэщхьу тӀу зыхэмыт дыщэ фалъэхэмкӀэ санэр щымысхьыжу щызэрахьэрт, фадэ пӀащӀэри щыпэрыхьэтт. 8Щхьэж зыхуейм хуэдиз ирифыну хуитт, хэгъэзыхьи щыӀэтэкъым – дэтхэнэми зэрыфӀэфӀым хуэдэу яхуэӀуэхутхьэбзэщӀэну фадащхьэтетхэм пащтыхьым унафэ яхуищӀат.
9А махуэ дыдэхэм хуэзэу Уэштий-гуащи цӀыхубзхэм щхьэкӀэ Ахъийшурэщ зыдэс сэрейм ефэ-ешхэ щищӀащ.
Уэштий-гуащэм пащтыхь тахътэр зэрыфӀэкӀуэдар
10Санэм къигъэжэна пащтыхьым ебланэ махуэм и ӀуэхутхьэбзащӀиблым#1:10 Тхылъым и кӀуэцӀкӀэ зыбжанэрэ ущрихьэлӀэ «ӀуэхутхьэбзащӀэ» псалъэмкӀэ къэдгъэлъагъуэр сэрейм Ӏуэхуу дэлъым кӀэлъыплъ хьэдымхэращ, е, нэгъуэщӀу жыпӀэмэ, зи хъулъхугъащхьэр зыӀэщӀаха цӀыхухъухэращ. Пасэрей журтыбзэкӀэ тха Ӏэрытххэм къыщыкӀуэ «сарис» псалъэм нэхъыбэм кърахыр а мыхьэнэрауэ щыт пэтми, пащтыхьым къулыкъу хуэзыщӀэ цӀыхуми ар щыхуахь къыхокӀ. Тхыгъэ ЛъапӀэр зэрыщыту къапщтэмэ, «сарис» псалъэм пащтыхьым и блыгущӀэтхэри, упщӀэжакӀуэхэри, дзэпщхэри, Ӏуэхузехьэхэри, ӀуэхутхьэбзащӀэхэри, н.къ. къигъэлъагъуэу куэдрэ ущыхуэзэ щыӀэщ. КъикӀ дыдэр зэрагъэнахуэри контекстым теухуауэщ. – Мыхъумин, Безытэ, Хъэрбон, Беджытэ, Абэджытэ, Зэтар, Къарэкъас сымэ – унафэ яхуищӀащ 11гуащэ пыӀэр щхьэрыгъыу Уэштий и пащхьэ кърашэну. Нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэм хуэдэу дахэ гуащэр цӀыхубэмрэ и блыгущӀэтхэмрэ яригъэлъагъумэ и гуапэт. 12ӀуэхутхьэбзащӀэхэм лъагъэӀэса унафэм Уэштий-гуащэ къедэӀуэн идакъым. Арыххэти, пащтыхьыр губжьым зэщӀищтэри, мафӀэм хуэдэу къызэщӀэнащ.
13Хабзэхэмрэ унафэу щыӀэхэмрэ хэзыщӀыкӀ цӀыху Ӏущхэм упщӀэж ярихьэлӀэныр пащтыхьым и щэну щытти, Ӏуэхум щыгъуазэхэм чэнджэщ щхьэкӀэ захуигъэзащ. 14А лъэхъэнэм Ахъийшурэщ и дзыхь нэхъ зригъэзыр Къарэшынэ, Шэтар, Адмэт, Тэршыш, Мэрэс, Мэрсэн, Мэмухъан сымэт – Къэжэрымрэ Мыдымрэ щыщ лӀакъуэлӀэшиблырт. Пащтыхьым и пащхьэ щыхуейм деж ихьэфри, пащтыхьыгъуэм цӀыхуу исым нэхъ яхэӀэтыкӀари ахэрат.
15«ӀуэхутхьэбзащӀэхэм езгъэӀуэхуа унафэм Уэштий-гуащэ зэребэкъуам щхьэкӀэ, хабзэкӀэ узэрыдызекӀуэн хуейр дауэ?» – жиӀэри щӀэупщӀащ Ахъийшурэщ.
16Пащтыхьми, лӀакъуэлӀэшхэми захуигъазэу Мэмухъан къэуври жиӀащ: «Уэштий-гуащэр щымысэр пащтыхь пащхьэм и закъуэкъым, атӀэ Ахъийшурэщ и ӀэмыщӀэ илъ щӀыналъэхэм лъэпкъыбэу щыпсэухэмрэ лӀакъуэлӀэшу исхэми екъуэншэкӀащ ар. 17Гуащэм ӀэщӀэщӀам и гугъур цӀыхубзхэм зэхахмэ, я щхьэгъусэхэм нэмыплъ ирату хуежьэнущ, „Езы пащтыхь Ахъийшурэщ, Уэштий-гуащэр къысхуэфшэ, жиӀэу, унафэ щищӀым, къыхущӀэкӀакъым“, – жаӀэурэ. 18Гуащэр зэрызекӀуа щӀыкӀэм и хъыбарыр Къэжэрымрэ Мыдымрэ тетыгъуэ щызиӀэхэм я бзылъхугъэхэм нобэ щалъэӀэскӀэ, щапхъэ трахынщи, мыужьыхыж зэщыхьэмрэ зэгурымыӀуэмрэ къыхэкӀынщ!
19Аращи, пащтыхьым игъуэджэ щымыхъунумэ, и пащхьэ Уэштий абы фӀэкӀа къызэримыхьэнум и унафэр ирещӀи, игъащӀэкӀэ ирамытхъыкӀыжыну Къэжэрымрэ Мыдымрэ я хабзэ тхылъхэми ар хрырегъатхэ. Гуащэ цӀэм хуэфащэ пщӀэри ар къэзылэжь нэгъуэщӀ цӀыхубз гуэрым лърегъэс. 20Ар пащтыхьым и унафэу пащтыхьыгъуэм и дэнэ лъэныкъуэкӀи щызэбграхкӀэ, цӀыхубзхэми я щхьэгъусэхэм, ар пщыуи ирехъу, унэӀутуи щрет, хуэщӀыпхъэ пщӀэми щӀачэнкъым».
21Чэнджэщыр Ахъийшурэщи, абы и блыгущӀэтхэми ягу ирихьащ, Мэмухъан и жыӀэм тещӀыхьа унафэри пащтыхьым къихьащ. 22«ЛӀыр и унэ щытепщэщ» жиӀэу иту щӀыналъэ къэс тхыбзэу илъымрэ лъэпкъыу исым я бзэкӀи тхауэ пащтыхьыгъуэм и дэнэ къуапи унафэр щызэбграгъэхащ.
Dewis Presennol:
Сэфирэт и тхылъ 1: АдгФЛ
Uwcholeuo
Rhanna
Copi
Eisiau i'th uchafbwyntiau gael eu cadw ar draws dy holl ddyfeisiau? Cofrestra neu mewngofnoda
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021