Иуан 6
6
6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ цӀыху минитху зэригъэшхар
(Маттэ 14:13-21; Марк 6:30-44; Лука 9:10-17)
1Галилей гуэлым#6:1 Галилей гуэлыр – еплъ Маттэ 4:18. (Тивериадэ гуэлыр арщ) Хьисэ кхъуафэжьеймкӀэ зэпрыкӀащ абы и ужькӀэ. 2Сымаджэхэр игъэхъужурэ, Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр зэралъэгъуам щхьэкӀэ цӀыху гупышхуэ абы и ужь иту кӀуэрт. 3Хьисэ Ӏуащхьэм дэкӀащ, и гъуэгу ирикӀуэхэр и гъусэу абдежым щетӀысэхащ. 4Журтхэм я ӀутӀыж махуэшхуэр#6:4 журтхэм я махуэшхуэ ӀутӀыжыр – еплъ Маттэ 26:2. къэблэгъат.
5Хьисэ, къаплъэри, цӀыху куэд къыкӀэлъыкӀуэу щилъагъум, и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ Филипп зи цӀэм жриӀащ:
– Мы цӀыхухэм едгъэшхын щӀакхъуэ дэнэ къыщытщэхунур?
6Хьисэ ар щӀыжиӀар Филипп игъэунэхуну арат, езым ищӀэн хуейр ищӀэжырт.
7– Дэтхэнэми щӀакхъуэ бзыгъэ лъысу къэпщэхун щхьэкӀэ, динар#6:7 динар – а зэманым лэжьакӀуэм и махуэ лэжьапщӀэу щытащ. щитӀри мащӀэщ, – жэуап иритыжащ абы Филипп.
8Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу Симон Петр и къуэш Индрис жиӀащ:
9– Хьэ щӀакхъуитхурэ#6:9 хьэ щӀакхъуэр – ар «арпэм» къыхэщӀыкӀащ. бдзэжьеитӀрэ зиӀэ щӀалэ цӀыкӀу гуэр къытхэтщ, ауэ мыпхуэдиз цӀыхум ар яхурикъун?
10– ЦӀыхухэр евгъэтӀысэх, – жиӀащ Хьисэ. А щӀыпӀэр удзыпцӀэт. Минитху хуэдиз хъу лӀыхэр етӀысэхащ. 11Хьисэ щӀакхъуэхэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ. ЩӀакхъуэр цӀыхухэм хуагуэшащ абыхэм, бдзэжьейхэм щыщуи щхьэж зыхуейм хуэдиз иратащ.
12ЦӀыхухэм зыщагъэнщӀым, Хьисэ езым и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ:
– Зыри хэмыкӀуэдыкӀын щхьэкӀэ, къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуэфхьэсыж.
13Арати, хьэ щӀакхъуитхум щыщу шхахэм къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матэ пщыкӀутӀым ярыз хъуащ.
14Хьисэ къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр щалъагъум, цӀыхухэм жаӀащ:
– ИпэжыпӀэкӀэ, дунейм къэкӀуэн хуей бегъымбарыр#6:14 бегъымбарыр – еплъ 1:21. мыращ.
15Ауэ цӀыхухэр къакӀуэу, езыр яубыду, лӀыгъэкӀэ пащтыхь ящӀыну ягу зэрилъыр ищӀэрти, ӀукӀыжри, Ӏуащхьэм и закъуэу дэкӀуеижащ Хьисэ.
Хьисэ псы гущӀыӀум тету зэрыкӀуар
(Маттэ 14:22-27; Марк 6:45-52)
16Пщыхьэщхьэ щыхъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр псы Ӏуфэм Ӏухьащ. 17Абдежым кхъуафэжьейм щитӀысхьэри, гуэлым зэпрыкӀыу КапернаумкӀэ кӀуэну ежьащ. КӀыфӀ хъуат, ауэ Хьисэ абыхэм къахыхьэжакӀэтэкъым. 18Гуэлыр къигъэукъубейуэ, жьышхуэ къепщэрт. 19Стадие#6:19 стадие – метри 192-рэ мэхъу. тӀощӀрэ тхурэ-щэщӀ хуэдизкӀэ кхъуафэжьейр яхуа нэужь, псы гущӀыӀум тету Хьисэ къакӀуэурэ, кхъуафэжьейм пэгъунэгъу къэхъуауэ ялъэгъуащ. Ар щалъагъум, псори шынащ. 20Ауэ Хьисэ яжриӀащ:
– Сэращ ар, фымышынэ!
21Хьисэ кхъуафэжьейм кърагъэтӀысхьэну хуеящ ахэр, ауэ асыхьэтым кхъуафэжьейр псы Ӏуфэм есылӀащ.
ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езыт щӀакхъуэр Хьисэщ
22Гуэлым и адрыщӀкӀэ щыт цӀыху гупышхуэм Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр зэрытӀысхьэгъа кхъуафэжьейм фӀэкӀ нэгъуэщӀ кхъуэфэжьей абы зэрыӀумытам гу лъатащ етӀуанэ махуэм. Хьисэ игъуэгу ирикӀуэхэм а кхъуафэжьейм яди-мытӀысхьауэ, я закъуэу ахэр зэрыӀукӀами гу лъатащ. 23Абы хэту, Зиусхьэн Хьисэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀа нэужь, цӀыхухэм щӀакхъуэхэр щашха щӀыпӀэм и гъунэгъуу, Тивериадэ къалэм#6:23 Тивериадэ къалэр – Галилей гуэлыр и дыгъэ къухьэпӀэ Ӏуфэм Ӏутщ. къикӀыу нэгъуэщӀ кхъуафэжьейхэр къесылӀащ. 24А цӀыху гупышхуэм Хьисэи абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а щӀыпӀэм щымыӀэжу щалъагъум, кхъуафэжьейхэм итӀысхьэжри, Хьисэ лъыхъуэу Капернаум къалэм#6:24 Капернаум къалэр – еплъ Маттэ 8:8. кӀуащ.
25Хьисэ гуэлым и адрыщӀым къыщагъуэтым, жраӀащ:
– Равви, сыт щыгъуэ уэ мыбы укъыщыкӀуар?
26– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр зэрыфлъэгъуам щхьэкӀэкъым фыкъыщӀыслъыхъуэр, атӀэ щӀакхъуэхэм щыщ фшхыри, зывгъэнщӀащи аращ. 27Шхыныгъуэ кӀуэдыжынум и ужь фимыт, зи ужь фитын хуейр цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езыт шхыныгъуэрщ. А шхыныгъуэращ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм къывитынур, Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр зэридэм и щыхьэт мыхъурыр абы къытригъэуащи.
28Арати, Хьисэ къеупщӀащ:
– НтӀэ, Тхьэр зыхуей Ӏуэхухэр длэжын щхьэкӀэ, сыт дэ тщӀэн хуейр?
29– Тхьэм къигъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуныращ Тхьэр зыхуей Ӏуэхур, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
30– Сыт хуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ ди нэгу щӀэбгъэкӀын, ар ди нэкӀэ тлъагъуу, уэркӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъун щхьэкӀэ? Сыт пщӀэнур? – къыжраӀащ абыхэм. 31– «Уафэм къех щӀакхъуэр яшхыну Тхьэм къаритащ» жиӀэу Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу,#6:31 мэнн зи цӀэ шхыныр – израил цӀыхухэр Мысырым (Египет) къикӀыжа нэужь, губгъуэ нэщӀым щитам, Тхьэм абыхэм яригъэшхыу щыта шхыныр арщ. Еплъ 2 Мусэ 16:4-15. ди адэжьхэм губгъуэ нэщӀым мэнн зи цӀэ шхыныр#6:31 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 77:24. щашхыу щытащ.
32– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – Мусэ бегъымбарыракъым уафэм къеха щӀакхъуэр къывэзытар, атӀэ си Адэр арщ уафэм къикӀ щӀакхъуэ пэжыр къывэзытыр; 33уафэм къехыу, дунейм и цӀыхухэм гъащӀэ езытыращ Тхьэм и щӀакхъуэр.
34– Зи щӀыхь ин, а щӀакхъуэр даӀимауэ къыдэт зэпыт, – къыжраӀащ абыхэм.
35– ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэр сэращ, – яжриӀащ Хьисэ. – Си деж къакӀуэр мэжэлӀэжынукъым, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. 36Ауэ зэрывжесӀам хуэдэу, сэ сыфлъэгъуа пэтми, итӀани фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуркъым. 37Адэ лъапӀэм къызит цӀыху псори си деж къэкӀуэнущ, си деж хэт къакӀуэми, сэ збгъэдэзгъэкӀыжынукъым. 38Сэ сызыхуейр сщӀэну аракъым уафэм сыкъыщӀехар, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр сщӀэн щхьэкӀэщ. 39Сэ сыкъэзыгъэкӀуа си Адэр зыхуейр абы къызита цӀыхухэм ящыщ зыри мыкӀуэдыну, къемэтмахуэми а цӀыхур сэ къэзгъэтэджыжыну арщ. 40ИпэжыпӀэкӀэ, Къуэ лъапӀэр зылъагъуу, ар зи фӀэщ хъуа дэтхэнэми мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ зэрыхъунырщ си Адэр зыхуейр; а цӀыхур сэ къемэтмахуэм къэзгъэтэджыжынущ.
41Хьисэ «Уафэм къеха щӀакхъуэр сэращ» зэрыжиӀар ягу темыхуэу, 42журтхэм къыпадзыжащ:
– Исуф и къуэ Хьисэкъэ мыр, зи адэмрэ зи анэмрэ тцӀыхуракъэ? «Сэ уафэм сыкъехащ» щхьэ жиӀэрэ?
43– ЖысӀэр фигу щӀримыхьыр сыт? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 44– Сэ сыкъэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэм къысхуимышэмэ, си деж къэкӀуэн зыми лъэкӀынукъым. Си деж къакӀуэр къемэтмахуэм сэ къэзгъэтэджыжынущ. 45Бегъымбархэм мыпхуэдэу ятхащ:#6:45 бегъымбархэм ятхащ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 54:13. «Тхьэм абыхэм псоми щыпкъагъэр яригъэщӀэнущ». Адэ лъапӀэм жиӀэм едаӀуэу, ахэр зэзыгъащӀэ дэтхэнэри си деж къэкӀуэнущ. 46Тхьэм щыщым фӀэкӀа Адэ лъапӀэр зыми илъэгъуакъым. Аращ Адэ лъапӀэр зылъэгъуар. 47Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ. 48ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэр сэращ. 49Фи адэжхэм губгъуэ нэщӀым мэнн шхыныр щашхыу щытащ, итӀани лӀащ. 50Сэращ уафэм къеха щӀакхъуэр. Ар зышхыр лӀэнукъым. 51ЦӀыхухэм гъащӀэ езыт щӀакхъуэу уафэм къехар сэращ. Мы щӀакхъуэм щыщ зышхыр игъащӀэкӀэ псэунущ. Дунейм и цӀыхухэм гъащӀэ яӀэ сщӀын щхьэкӀэ, стыну щӀакхъуэр си пкъыр арщ.
52– Мы лӀым и пкъыр дигъэшхын зэрылъэкӀынур дауэ? – жаӀэу, журтхэм хуабжьу зэныкъуэкъуу щӀадзащ.
53– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и пкъыр фымышхыу, илъми фемыфэу, гъащӀэ фиӀэнукъым 54Си пкъыр зышхыу силъми ефэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ, къемэтмахуэм ар сэ къэзгъэтэджыжынущ. 55Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си пкъыр шхыныгъуэ щыпкъэщ, силъри узэфэ хъун щыпкъэщ. 56Си пкъыр зышхыу, силъми ефэм и псэм сыт щыгъуи сыщыщщ, езыри сэ си псэм щыщщ сыт щыгъуи. 57ГъащӀэ щыпкъэ къызыбгъэдэкӀ Адэ лъапӀэм сыкъыфхуигъэкӀуащи, си гъащӀэр абы къызэрыбгъэдэкӀым хуэдэу, си пкъыр зышхым и гъащӀэри сэ къызбгъэдэкӀынущ. 58Сэращ уафэм къеха щӀакхъуэр. А щӀакхъуэр фи адэжьхэм яшхыу щыта мэнн шхыныгъуэ хуэдэкъым. Ар яшхыу щыта пэтми, итӀани лӀащ ахэр, ауэ мы щӀакхъуэр зышхыр игъащӀэкӀэ псэунущ.
59Капернаум къалэм дэт синэгуэгум Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм щаригъащӀэ щыхъум, Хьисэ а псалъэхэр къыжиӀащ.
ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зыщӀ псалъэхэр
60Хьисэ и псалъэр щызэхахым, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ куэдым жаӀащ:
– Мыбы жиӀэр сыту псалъэ гугъу! Хэт абы едэӀуэфынур?
61И псалъэхэр абыхэм ягу зэрыримыхьыр ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ:
– ЖысӀар фигу ирихьыркъым, аракъэ? 62ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр япэм здэщыӀам дэкӀуеижу флъагъумэ, сыт жыфӀэн итӀанэ? 63Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ къезытыр. Си пкъыр фэзгъэшхын щхьэкӀэкъым ар щӀыжысӀэр. Ар сэбэп хъужынукъым. НывжесӀа псалъэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ ящӀ. 64ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр къыфхэтщ итӀани.
Хьисэ апхуэдэу щӀыжиӀар абыхэм ящыщу фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэри езыр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдынури ипэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ ищӀэрти, аращ. 65Хьисэ жиӀащ:
– Мис аращ «Адэ лъапӀэм лъимыгъэкӀмэ, си деж зыри къэкӀуэфынукъым», щӀывжесӀауэ щытар.
66Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ куэд и гъуэгу текӀыжри, и гъусэн ядэжакъым абы къыщыщӀэдзауэ.
67Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым яжриӀащ:
– Фэри фызбгъэдэкӀыжыну фыхуей?
68– Зиусхьэн, хэт деж дыкӀуэн? – къыжриӀащ Симон Петр Хьисэ. – МыкӀуэдыжын гъащӀэ диӀэ зыщӀ псалъэхэр уи куэдщ. 69ГъащӀэ щыпкъэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэ Мэссихьу узэрыщытыр дощӀэ, ди фӀэщ хъуащ.
70– Фэ цӀыху пщыкӀутӀыр си гъуэгу фрикӀуэну сэ фыкъыхэсхакъэ? Апхуэдэу щыт пэтми, фэ фщыщу зыр жин бзаджэщ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 71Хьисэ жыхуиӀар Симон Искариот и къуэ Иудэр арщ. А Симон Искариотыр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщ пэтми, Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну хэтт.
دیاریکراوەکانی ئێستا:
Иуан 6: KbdNTGP2017
بەرچاوکردن
هاوبەشی بکە
لەبەرگرتنەوە
دەتەوێت هایلایتەکانت بپارێزرێت لەناو ئامێرەکانتدا> ? داخڵ ببە
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017