YouVersion Logo
Search Icon

Гъэсэпэтхыдэхэр Пэублэ псалъэ

Пэублэ псалъэ
ЦӀыхур фӀым хуэзыущий, екӀумрэ емыкӀумрэ, хъунумрэ мыхъунумрэ зэхезыгъэгъэкӀ хъыбархэрщ, тхыдэжьхэрщ, ущиехэрщ, кӀэщӀущыгъэхэрщ гъэсэпэтхыдэкӀэ зэджэр. ЗэхэщӀыкӀым зезыгъэужь, гупсысэкӀэм зезыгъэузэщӀ апхуэдэ щэнгъасэ псалъэхэм ижькӀэрэ цӀыхум гулъытэ лей хуащӀу къекӀуэкӀащ. Мы тхылъым щызэхуэхьэса гъэсэпэтхыдэхэми КъуэкӀыпӀэ Благъэм щыпсэу лъэпкъхэм пщӀэ хуащӀу, лъапӀэныгъэ ирахыу илъэсищэ Ӏэджэхэр къызэпачащ.
«Гъэсэпэтхыдэхэм» ущыхуэзэну ущие псалъэхэмрэ Ӏущыгъэхэмрэ я нэхъыбэр Даут бегъымбарым и къуэ Сэлмэн и цӀэм ирапх хабзэщ. Ар езыр ди лъэхъэнэр къихьэным ипэ X лӀэщӀыгъуэм щыӀа ИсрэӀил къэралыгъуэм и пащтыхьу щытащ. ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэм къызэрыхэщымкӀэ, Тхьэр Сэлмэн зыхуеймкӀэ щеупщӀым щыгъуэ, емрэ фӀымрэ зэхищӀыкӀыну, и лъэпкъ гъуэгу захуэм зэрытригъэувэн акъылрэ губзыгъагъэкӀэ къетэну щӀэлъэӀугъащ. Дунеягъэ Ӏуэхурэ мылъкукӀэ зыхуимыгъазэу апхуэдэ лъэӀукӀэ игу къызэрызэхуӀуихам папщӀэ, и Ӏущыгъэрэ губзыгъэгъэкӀэ япэкӀи щымыӀауэ, иужькӀи къэмыхъуауэ Сэлмэн цӀыху лъэпкъым яхиӀэтыкӀащ (3 Пащтыхьхэр 3:5-12).
ЦӀыхум и щыӀэныгъэкӀэ къыхуэщхьэпэну ущие куэд «Гъэсэпэтхыдэхэм» щызэхуэхьэсащ. Абыхэм уалъэӀэсын, нэсу къыбгурыӀуэн щхьэкӀэ зы щыпкъагъэ уигу имыхуу илъын хуейщ: Тхьэуэ Зиусхьэным уфӀэлӀыкӀыныр – зэхэщӀыкӀым и пэублэщ (Гъэс. 1:7). Тхылъым Ӏущыгъэу хэлъыр хилъагъуэрэ ар къыхэзыхыфыр гъуэгу махуэ теуващ (Гъэс. 3:13-18).
ГъащӀэм цӀыхур зыӀуигъэувэ сыт хуэдэ ӀэнатӀэми епхьэлӀэ хъуну псалъэ пэжу «Гъэсэпэтхыдэхэм» мащӀэкъым узыщрихьэлӀэр. Псалъэм папщӀэ, тхылъыр цӀыхур зыгъэпӀейтей Ӏуэхугъуэ куэдым я щхьэфэ йоӀэбэ: унагъуэм (11:29, 14:1, н.къ.), быным (10:1, 19:26, н.къ.), гъэсэныгъэм (13:24, 22:6, н.къ.), нэчыхьым (5:15-20, 18:22, н.къ.), лӀыгъуэ-фызыгъуэм (12:4, 21:9, н.къ.), жылагъуэ Ӏуэхухэм (11:10-11, 14:34, н.къ.), мылъкум (10:2, 11:28, н.къ.), лэжьыгъэм (6:6-11, 10:4, н.къ.), н.къ. ИкӀэщӀыпӀэкӀэ жыпӀэмэ, «Гъэсэпэтхыдэхэм» гупсысэу къыщыӀэтар, япэрауэ, Тхьэмрэ цӀыхумрэ, етӀуанэрауэ, езы цӀыхухэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэхущытыкӀэхэр пэжым тегъэувэным, зэтес щӀыным теухуащ. УзытеплъэкъукӀ мыхъуну а зэхущытыкӀэхэр нэхъри щефӀэкӀуэнур, тхылъым къызэрыхэщщи, цӀыхур и дэтхэнэ зы Ӏуэхурэ зы псалъэкӀэ Тхьэм и Хабзэр и тегъэщӀапӀэу зекӀуэу щытмэщ.
«Гъэсэпэтхыдэхэм» усэбзэм и нэщэнэхэр яхыболъагъуэ. Псом хуэмыдэу ар щынэрылъагъущ сатыритӀ хъу усэпкъ кӀэщӀхэм деж. Апхуэдэ усэпкъхэм, зэрыхабзэщи, е сатыритӀыр щызэпэщытщ, е къаӀэт гупсысэхэм зыр зым тригъэчыныхьу гъэпсащ. КӀэщӀу икӀи купщӀафӀэу зэрызэхэухуэнам тхылъым къиӀуэтэну зыхуейр нэхъ зэхэщӀыкӀыгъуафӀэ ещӀ. Мы зэдзэкӀыгъэри зэрылъэкӀкӀэ зыхущӀэкъур аращ: пасэрей журт усэ гъэпсыкӀэм ит «Гъэсэпэтхыдэхэм» я фащэр къыщыднэжкӀэрэ абы адыгэбзэкӀэ зыщызыгъэгъуазэхэм ар еджэгъуафӀэ, гурыӀуэгъуафӀэ ящыщӀынырщ. Дыщогугъ тхылъым еджэнуми едэӀуэнуми абы зи гугъу ищӀыр зэхищӀыкӀыну икӀи зэхихыну.

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in