Гъэсэпэтхыдэхэр 5
5
ЕТХУАНЭ ӀЫХЬЭ
Нэчыхь хьэкъым епцӀыжыным ущызыгъащтэ псалъэхэр
1ЩӀэдэӀу гупсэхуу си Ӏущыгъэ, щӀалэ,
си акъыл зыкъытегъахуэ,
2гупсысэу уиӀэр зэгъэзэхуа хъун щхьэкӀэ,
уи жьабзэ сыт щыгъуи губзыгъагъэкӀэ
гъэнщӀа хъун папщӀэ.
3Хамэ цӀыхубз#5:3 Мы псалъэм мыхьэнищ иӀэнкӀэ хъунущ: 1. нэгъуэщӀ лъэпкъ щыщ бзылъхугъэ; 2. хамэ цӀыхухъу и щхьэгъусэ; 3. зи пщӀэ зыгъэкӀуэда цӀыхубз хэтакӀуэ. и псалъэ фо хьэкӀуэм хуэдэу
къыпӀуроӀэфӀэ,
абы и жыӀэ уедэӀуэнкӀэ къызэрымыкӀуэуи
дэхащӀэщ # 5:3 Журт. «и псалъэри зейтун дагъэм нэхърэ нэхъ гуакӀуэщ». КъикӀым теухуауэ зэддзэкӀауэ аращ.;
4ауэ, икӀэм, хъунгъалӀэ дыджу зыкъызэредзэкӀ,
хэмыгъущхьэж уӀэгъи къыптредзэ.
5Ажалщ ар зыхуэпӀащӀэр,
узришалӀэри хьэдрыхэщ.
6ГъащӀэ гъуэгум ар егупсысыххэркъым,
лъагъуэу хишыр нашэкъашэщ,
гу лъитэркъым абыи.
7Аращи, си щӀалэ#5:7 Журт. «си щӀалэхэр». 8-нэ усэм щегъэжьауэ зэрызэхуагъазэ псалъэу хъуар закъуэ бжыгъэм итщ., къызэдаӀуэ,
си жыӀи утемыкӀ:
8-10емыкӀу къыптемыхуэным щхьэкӀэ#5:8-10 Е «уи цӀыхухъу гуащӀэр нэгъуэщӀым тумыгъэкӀуэдэн щхьэкӀэ».,
уи гъащӀэм къэблэжьар щысхьырабгъу
зымыщӀэм ӀэщӀэмыкӀуэдэным щхьэкӀэ,
уи мылъкум хамэр Ӏэ щӀыӀэкӀэ хэӀэбэрэ
уи гуащӀэдэкӀым хамэ унэр иримыунэным
щхьэкӀэ,
зыхуэщӀ пэӀэщӀэ апхуэдэ цӀыхубз,
и унэ бжэщхьэӀуи уемыкӀуалӀэ.
11Армыхъумэ, уи фэр зэлъарэ уи къупщхьэр щауэ
уи гъащӀэ гъуэгуанэр къыщыпхьэскӀэ, –
уигъэщэӀужынщ.
12Мис итӀанэщ щыжыпӀэнур:
«Сызыхуаущияхэм гужьгъэжь щхьэ
хуэсщӀыгъа,
сыт щхьэкӀэ гие псалъэхэм селъэпэуа?
13СедэӀуакъым си егъэджакӀуэхэми,
си ущиякӀуэхэм я псалъи къизмыдза!
14Сыщхьэщытщ щыхупӀэ гъунэм,
шынагъуэщ цӀыхуцӀэ зиӀэми я пащхьэ
си напэр щытекӀынкӀи».
Нэчыхь хьэкъым хуэпэжын зэрыхуейм теухуауэ щӀалэгъуалэм хуэгъэза щӀагъыбзэ
15Уи псы хъумапӀэм къыщыщӀэгъэлъа псыщ
узэфэнур,
уи псыкъуиипскӀэщ уи псыхуэлӀэхэр
зэрибгъэкӀынур:
16иремылъадэ утым уи псынэпсхэр,
уэрамхэм ирумыгъажэ уи псы уэрхэр.
17Ахэр уи щхьэ хуэхъумэж:
Ӏыхьэгъу умыщӀ абыкӀэ хамэр.
18Уи псынащхьэ дахэепэс Тхьэм ищӀ,
щыгуфӀыкӀ уи щӀалэгъуэм пӀэщхьагъ
бдэзыщӀа щхьэгъусэм,
19бланэм и дахэм, къурш бжэн щӀэращӀэм.
Ирехъу абы и бгъафэр сыт щыгъуи уэркӀэ
гуӀэфӀщӀэгъэкӀ,
урегъэгъуэт абы и фӀылъагъуныгъэм чэф
темыуж.
20Сыт, щӀалэ, хамэ цӀыхубз зыщӀебгъэщӀынур чэф,
сыт нэгъуэщӀым и щхьэгъусэ ӀэплӀэ
щӀепшэкӀынур?
21ЦӀыхум и гъуэгур Тхьэуэ Зиусхьэным и нэ
плъэгъуэм щӀэтщ,
лъагъуэу хишхэми Ар сыт щыгъуи иризоплъэ.
22БзаджащӀэр зыӀэщӀэзубыдэр псэкӀуэдщӀагъэу
ищӀэрщ,
гуэныхьу ӀэщӀэщӀахэращ зылъахъэр.
23МэкӀуэдыр ар, зыущиин имыӀэу,
и акъылыншагъэ инкӀэ гъуэгу захуэми
тощхьэрыукӀ.
Currently Selected:
Гъэсэпэтхыдэхэр 5: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021