Гъэсэпэтхыдэхэр 2:1-5
Гъэсэпэтхыдэхэр 2:1-5 АДГФЛ
Си щӀалэ, си псалъэр пщтэрэ унафэу пхуэсщӀыр уи гум иплъхьэмэ, Ӏущыгъэм ухуэгъэзарэ зэхэщӀыкӀым уигу етауэ, акъылым ухущӀэкъурэ уигу хузэӀухауэ ар къыбгурыӀуэным уеблэу щытмэ, дыжьыныжьым хуэдэу абы улъыхъуэрэ кӀадэ гъэтӀылъыгъэу ущӀэхъуэпсмэ, абдежщ къыщыпщӀэнур Тхьэуэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀыным къикӀыр, мис итӀанэщ Тхьэр къыщыпцӀыхунур.