YouVersion Logo
Search Icon

Гъэсэпэтхыдэхэр 15

15
ЕПЩЫКӀУТХУАНЭ ӀЫХЬЭ
1Жэуап Ӏэсэм губжьыр егъэужьых,
къызэщӀегъэстыр псалъэ гуауэм губжьыр.
2Ӏущыгъэр зи бзэгупэ телъым щӀэныгъэр
егъэлъапӀэ#15:2 Е «зрегъэубгъу», «яхехьэ».,
акъыл зимыӀэм и псалъитӀым щыщу зыр
делагъэщ.
3Тхьэуэ Зиусхьэныр маплъэри плъапӀэм итщ:
бзаджащӀэри, захуащӀэри елъагъу.
4ГуапэжыӀэр гъащӀэ жыгым хуэдэщ,
псалъэ жыӀэпхъаджэм лъэр щӀеуд.
5Адэм и ущие елъэпауэр акъылыншэщ,
абы и гие макъ щӀэдэӀури акъылыфӀэщ.
6ФӀыгъуэ инкӀэ къебгъэр захуащӀэм и унэр,
бзаджащӀэм хэхъуэ иӀэм къыхуихьыр
бэлыхьлажьэщ.
7Ӏущыр щӀэныгъэкӀэ мэгуашэ,
акъылыншэм сыт къыпыпхын?
8Тхьэуэ Зиусхьэным хуещӀ гущыкӀ бзаджащӀэм и
къурмэным,
цӀыху захуэм и тхьэлъэӀур Ӏех къабылу.
9ХуищӀащ гущыкӀ бзаджащӀэм пхриш гъуэгум
Тхьэуэ Зиусхьэным,
Абы фӀыуэ илъэгъуар захуагъэм иужь итхэрщ.
10Гъуэгу занщӀэм дэхыр пшынэнущ тезыр ткӀийкӀэ,
гиер зи жагъуэри кӀуэдынущ.
11Илъагъукъэ Тхьэуэ Зиусхьэным хьэдрыхэ
лъахэм щыщӀэр?
ЦӀыхугухэм щыхъэри зэрищӀэм
хэлъкъым шэч!
12ЩӀэнэкӀалэм къегиер и жагъуэгъущ,
абы цӀыху Ӏущхэм запыӀуедз.
13И гур хэхъуэмэ, нэгуфӀэ мэхъур цӀыхур,
гухэщӀ-гукъеуэм и лъэр щӀегъэху.
14ЗэхэщӀыкӀ зиӀэм щӀэныгъэр къилъыхъуэ зэпытщ,
акъыл хуэхейм делагъэщ къиулъэпхъэщыр.
15Нэщхъейм и махуэхэм зы гунэдж гуэри хэлъкъым,
нэщхъыфӀэм махуэхэр егъакӀуэ гуфӀэ-гупсэу.
16Шынагъэри къыдыхэту мылъкушхуэ уиӀэ нэхърэ
убгъэдэлъыр мащӀэми, нэхъыфӀщ Тхьэуэ
Зиусхьэным уфӀэлӀыкӀмэ.
17Гужьгъэжьыр уяку зэхуилъу выхъу нышыр
зэдэпшх нэхърэ
хадэхэкӀ шхын фӀэкӀа уимыӀэми нэхъыфӀщ,
щытепщэмэ абдеж фӀылъагъуныгъэр.
18КъэлыбыгъуафӀэм къызэщӀегъэстыр
зэныкъуэкъур,
шыӀагъэ зыхэлъым зэпэщӀэувэр
егъэужьыхыр.
19Хуэмыху и гъуэгу банапцӀэу зэщӀокӀэж,
лъэпощхьэпоуи щыӀууэнкъым цӀыху захуэр
и гъуэгупэм.
20Къуэ Ӏущым адэр егъэгуфӀэ,
акъылыншэм ирет нэмыплъ и анэм.
21Делагъэрщ акъылыншэм гукъыдэж къезытыр,
гъуэгу захуэми темыкӀ зи зэхэщӀыкӀыр иныр.
22Чэнджэщ зыхэмылъ гухэлъ-гукъэкӀхэр мэщэщэж,
чэнджэщэгъухэр зи бэм сытри къехъулӀэнщ.
23Игъуэм ита жэуапым цӀыхур щогуфӀыкӀ,
сыту фӀы-тӀэ и чэзум жыӀа хъуа псалъэр!
24ПэӀэщӀэ зыхуащӀкӀэрэ хьэдрыхэ,
цӀыху Ӏущхэм я гъуэгупэр хуокӀуэр гъащӀэм.
25Щхьэхуещэм и унапӀэр ирихынущ Тхьэуэ
Зиусхьэным,
фызабэр зытес щӀы кӀапэри къихъумэнущ.
26Гухэлъ бзаджэхэм хуищӀащ гущыкӀ Тхьэуэ
Зиусхьэным,
гуапэжыӀэ псалъэхэрщ ищӀар Абы къабыл.
27И унагъуэр бэлыхь хэмыкӀыжым хедзэр
щӀэнэцӀым мылъку хьэрэм,
Ӏулъхьэм щыщтэ цӀыхум иӀэщ гъащӀэ.
28ЗахуащӀэм и жэуапыр сыт щыгъуи зэпешачэр,
бзаджащӀэм и жыӀэр гуемыӀуу мэпыджэ.
29Пэжыжьэщ Тхьэуэ Зиусхьэныр цӀыху
бзаджащӀэм,
захуащӀэм и тхьэлъэӀущ Ар зыщӀэдэӀур.
30ГуфӀэ нэгум гур хегъахъуэ,
хъыбарыфӀми уегъэжан.
31Щхьэпагъ зыхэлъ гие псалъэхэм щӀэдэӀур
хъунщ цӀыху Ӏущхэм ящыщ зы.
32Ущием елъэпауэр и щхьэ йофыгъуэжыр,
акъыл хихынщ щӀэдэӀум гие псалъэ.
33Ӏущыгъэщ узыхуигъасэр Тхьэуэ Зиусхьэным
фӀэлӀыкӀыным,
Тхьэм зыхуэгъэлъэхъшэнми еӀэт уи щӀыхьыр.

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

Videos for Гъэсэпэтхыдэхэр 15