Гъэсэпэтхыдэхэр 1:1-4
Гъэсэпэтхыдэхэр 1:1-4 АДГФЛ
ИсрэӀилым и пащтыхь Даут и къуэ Сэлмэн и гъэсэпэтхыдэхэр. Ӏущыгъэрэ ущиер къыфхуахьынщ абыхэм, акъылкӀэ гъэнщӀа псалъэхэр къывгурыӀуэнкӀэ щхьэпэ къыфхуэхъунщ, щыпкъагъэм, захуагъэм, пэжыгъэм – псэукӀэ нэсым хабзэу хэлъхэм – фыхуаузэщӀынщ. ЖыӀэзыфӀэщхэм я зэхэщӀыкӀым зрагъэӀэтынщ, щӀэныгъэрэ губзыгъагъэкӀи ныбжьыщӀэхэм ядэгуэшэнщ