Сэфирэт и тхылъ 4
4
ЕПЛӀАНЭ ӀЫХЬЭ
Журтхэм къадэӀэпыкъуну Мардэхей Сэфирэт зэрелъэӀуар
1Къэхъуар къыщищӀэм, Мардэхей и щӀыӀутелъхэр зэхичатхъэщ, щыгъыныжьхэр зэщитӀагъэри, сахуэр и щхьэм къыхэщэщу, гъуэгрэ бжэуэ къалэм къыдыхьащ#4:1 КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум щыпсэу лъэпкъхэм гуауэ къащытепсыхэкӀэ, я щыгъын щӀыӀутелъхэр зэхачатхъэрэ щыгъуэ щыгъынхэр къызэщатӀагъэу, сахуэр я щхьэм драпхъейрэ ину гъуэгрэ бжэуэ хабзэ яхэлъащ.. 2Щыгъыныжь зыщыгъ зыри адэкӀэ ягъакӀуэртэкъыми, сэрей куэбжэпэм нэсри къыщыувыӀащ. 3Пащтыхь унафэр зылъэӀэса щӀыналъэхэм щыпсэу журтхэми а гуауэ щӀыӀэр къатепсыхащ, нэщӀ ихьащ, гъыбзэмрэ гуӀэ тхьэусыхэшхуэмрэ ягъэшу хуежьащ; куэд дыдэми щыгъуэ щыгъыныжьхэмкӀэ зыхуапэри сахуэм хэгъуэлъхьащ.
4Мардэхей и хъыбарыр и унэӀут цӀыхубзхэмрэ ӀуэхутхьэбзащӀэхэмрэ#4:4 Еплъ. 1:10. къыщыхуахьым, Сэфирэт-гуащэ хуабжьу къэгузэващ. Абы щыгъыныщӀэхэр Мардэхей хуригъэхьат, и щыгъыныжь чэтхъахуэхэр зыщригъэхыу ахэр зыщригъэтӀэгъэн щхьэкӀэ, ауэ мыдрейм ахэр яӀихын идакъым.
5Апхуэдэу щыхъум, Сэфирэт и ӀуэхутхьэбзащӀэу ягъэува унэӀутхэм ящыщ Хьэтэх къриджэри, Мардэхей деж игъэкӀуащ зыгъэгузавэмрэ апхуэдэу щӀищӀэмрэ жригъэӀэну. 6Хьэтэх сэрей куэбжэпэм и гупэ къит къалэ утым деж щыс Мардэхей бгъэдыхьащ. 7Мардэхей къыщыщӀа псори абы хуиӀуэтащ, журтхэр зэрызэтраукӀэнум пэкӀуэу Аман хъарзынэщыр дыжьынкӀэ иущэну пащтыхьыр зэригъэгугъами и гугъу хуищӀащ. 8Абы иужькӀэ, Сэфирэт хуихьу иригъэлъэгъун папщӀэ, Мардэхей Хьэтэх иритащ журтхэр ягъэкӀуэдын хуейуэ зыгъэув унафэу Шушан быдапӀэм щагъэхъыбарам тратхыкӀа тхылъымпӀэр. Мардэхей Хьэтэх елъэӀуащ Ӏуэхур зыӀутыр Сэфирэт гуригъэӀуэну икӀи езыр зыщыщ лъэпкъым щхьэкӀэ гущӀэгъу лъыхъуэу пащтыхьым деж кӀуэн зэрыхуейр жриӀэну.
9Хьэтэх кӀуэжри Мардэхей и псалъэхэр Сэфирэт хуиӀуэтэжащ. 10Асыхьэту Сэфирэт Хьэтэх иӀуэхуащ Мардэхей деж кӀуэуэ жриӀэну: 11«Пащтыхь къулыкъущӀэхэми, пащтыхьыгъуэм хэку-хэкукӀэрэ лъэпкъыу исми ящӀэ, ар ирецӀыхухъу, ар ирецӀыхубз, кърамыджауэ пащтыхьым и пщӀантӀэ кӀуэцӀ дыхьэм хабзэкӀэ къыпэщылъыр зыхуэдэр – абы и унафэр укӀщ. Псэууэ къелынури пащтыхьым и дыщэ башыр зыхуишийращ. Си гугъу пщӀымэ, мазэ мэхъу ар къызэрызэмыджэрэ».
12Сэфирэт и псалъэхэр Мардэхей щызэхихым, 13мыпхуэдэ жэуап иригъэхьыжащ: «Сэрейм узэрыдэсым щхьэкӀэ журтхэм я щхьэ кърикӀуэнум уфӀэкӀын уимыгугъэ. 14Мыпхуэдэ зэман бзаджэм зыри жумыӀэу зыбущэхуми, журтхэр кӀуэдыпӀэ къизышын, къезыгъэлын нэгъуэщӀ гуэр къыкъуэкӀынщ, ауэ уэрэ уи адэжьхэмрэ фи лъапсэм псыр ирагъэжыхьыжынщ. ИтӀани, хэт ищӀэрэ, нобэ хуэдэ зы махуэуи къыщӀэкӀынщ пащтыхь гуащэ ущӀэхъуари?!»
15Апхуэдэу щыхъум мыр жэуапу Мардэхей иратыжыну Сэфирэт унафэ ищӀащ: 16«Хыхьи, Шушан дэс журтхэр къызэхуэшэси, сэр щхьэкӀэ фынэщӀ#4:16 Гузэвэгъуэ щихуэкӀэ е гуауэ къащылъэӀэскӀэ журтхэр нэщӀ ихьэрти, гущӀэгъу къахуищӀу гъуазэ яхуэхъуну Тхьэм елъэӀуу щытащ. . Жэщищ-махуищкӀэ фемышхэ икӀи фемыфэ. Сэри, си унэӀут цӀыхубзхэр си гъусэу, фэ фхуэдэ къабзэу сынэщӀынщ. КъекӀуэкӀ хабзэм себакъуэми, пащтыхьым деж сыкӀуэнщ. Си кӀуэдыр абы къыхэкӀынуми, срекӀуэд».
17Мардэхей ежьэри, Сэфирэт унафэу къыхуищӀар игъэзэщӀащ.
Currently Selected:
Сэфирэт и тхылъ 4: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021