YouVersion Logo
Search Icon

Апокалипсис 22:18-19

Апокалипсис 22:18-19 KBDNTGP2017

Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуар зэхэзых дэтхэнэри зыхуэсакъыжыну жызоӀэ. Мы тхылъым ит псалъэхэм цӀыху гуэрым зыгуэр хилъхьэмэ, мы тхылъым зи хъыбар ит гугъуехьышхуэхэр Тхьэм абы трилъхьэнущ. Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуахэм цӀыху гуэрым зыгуэр хигъэщӀмэ, а цӀыхум и ӀыхьэфӀыр Тхьэм къыӀихынущ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъымкӀи, къалэ лъапӀэмкӀи, мы тхылъым зи хъыбар ит ӀуэхухэмкӀи Тхьэм а цӀыхум и Ӏыхьэр къыӀихынущи.