Апокалипсис 21
21
21-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
УафэщӀэри щӀылъэщӀэри
1УафэщӀэрэ щӀылъэщӀэрэ слъэгъуащ итӀанэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ япэрей уафэри япэрей щӀылъэри щыӀэжкъым, хыри щыӀэжкъым. 2Къалэшхуэ лъапӀэу ЕрусалимыщӀэр Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. НысащӀэ хъунум щауэм зэрызыхуигъэщӀэращӀэм хуэдэу, зигъэхьэзырат абы. 3Тахътэм къиӀукӀ макъышхуэ гуэрым мыпхуэдэу жиӀэу зэхэсхащ:
– Мис, Тхьэм и псэупӀэр цӀыхухэм я дежщ, езыри абыхэм яхэсынущ. Ахэри абы и цӀыху хъунущ. Езы Тхьэри абыхэм я гъусэнущ икӀи я Тхьэу щытынущ. 4Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ. ЛӀэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыӀэжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ блэкӀа Ӏуэхухэр щыӀэжкъыми.
5Тахътэм тесым жиӀащ итӀанэ:
– Мис, Ӏуэху псори щӀэуэ солэжь.
– Мыхэр тхы, – къыпищащ итӀанэ, – мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ щыпкъэщи.
6– Ӏуэхур зэфӀэкӀащ, – къызжиӀащ итӀанэ. – Алфэри Омегэри, ублапӀэри ухыпӀэри сэращ. Псы хуэлӀэр гъащӀэ къэзыт псынэм и псым щыщ езгъэфэнущ пщӀэ щӀимыту. 7ТекӀуэныгъэр къэзыхьым мы псори ӀыхьэфӀ хуэхъунущ. Сэ абы сри-Тхьэнущ, езыри си къуэнущ. 8Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.
ЕрусалимыщӀэр
9Иужьрей гугъуехьышхуиблыр зэрыт фалъиблыр зыӀыгъа мелыӀычиблым я зыр къакӀуэри, къызжиӀащ:
– Моуэ къакӀуэ, Щынэм и нысащӀэ хъунур уэзгъэлъагъунущ.
10Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехри, мелыӀычым бгы лъагэшхуэ гуэрым сыдришеящ. Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу, къалэшхуэ лъапӀэу Ерусалим сигъэлъэгъуащ абы. 11А къалэшхуэ лъапӀэм Тхьэм и щӀыхьышхуэр иӀэт. Кристаллым хуэдэу къабзэт, яспис зи цӀэ мывэ лъапӀэ хужьым хуэдэу лыдырт ар. 12Къалэм куэбжэ пщыкӀутӀ зыхэт блын лъагэшхуэ иӀэт. Куэбжэхэм мелыӀыч пщыкӀутӀ Ӏутт. Куэбжэхэм израил и унагъуэ лъэпкъ пщыкӀутӀым я цӀэхэр тетхат. 13Дыгъэ къуэкӀыпӀэмкӀи куэбжищ, дыгъэ къухьэпӀэмкӀи куэбжищ, ипщэкӀи куэбжищ, ищхъэрэкӀи куэбжищ хэлът. 14А къалэм и блыным лъабжьэ пщыкӀутӀ иӀэт. А лъабжьэхэм Щынэм и апостол пщыкӀутӀым я цӀэхэр тетхат.
15Сэ къызэпсэлъа мелыӀычым къалэр, къалэм и куэбжэхэр, и блыныр къипщын щхьэкӀэ, дыщэм къыхэщӀыкӀауэ къызэрапщ баш иӀыгът. 16Къалэм и кӀыхьагъри и бгъуагъри зэхуэдизт. МелыӀычым и пщалъэ башымкӀэ къалэр къипщащ. Къалэм и кӀыхьагъыр стадие#21:16 стадиер – метри 192-рэ мэхъу. мин пщыкӀутӀ хуэдиз хъурт. И бгъуагъри и лъагагъри и кӀыхьагъым хуэдизт. 17МелыӀычым блыныр къипщащ. ЦӀыхухэм къызэрапщым хуэдэу, мелыӀычым къыщипщым, блыным и бгъуагъыр ӀэфракӀищэрэ плӀыщӀрэ плӀырэ хъурт. 18Блыныр яспис зи цӀэ мывэ хужь лъапӀэм къыхэщӀыкӀат. Къалэр абджым и къабзагъэм хуэдэ къабзагъэ зиӀэ дыщэм къыхэщӀыкӀат. 19Къалэм и блын лъабжьэхэри мывэ лъапӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмкӀэ ягъэщӀэрэщӀат. Япэрей лъабжьэр яспис зи цӀэ мывэ жужь лъапӀэм къыхэщӀыкӀат; етӀуанэрейр сапфир мывэ щхъуантӀэм къыхэщӀыкӀат; ещанэрейр халкидон мывэ къуэлэным къыхэщӀыкӀат; еплӀанэрейр смарагд мывэ удзыфабзэм къыхэщӀыкӀат; 20етхуанэрейр сардоникс мывэ къуэлэн лыдым къыхэщӀыкӀат; еханэрейр сардолик плъыжь-морафэм къыхэщӀыкӀат; ебланэрейр хризолиф мывэ гъуэжьым къыхэщӀыкӀат; еянэрейр вирил мывэ удзыфабзэм къыхэщӀыкӀат; ебгъуанэрейр топаз мывэ гъуэжьыбзэм къыхэщӀыкӀат; епщӀанэрейр хрисопрас мывэ удзыфэм къыхэщӀыкӀат; епщыкӀузанэрейр гиацинт мывэ щхъуантӀэ-фыцӀафэм къыхэщӀыкӀат; епщыкӀутӀанэрейр аметист мывэ плъыжь-фӀыцӀафэм къыхэщӀыкӀат. 21Куэбжэ пщыкӀутӀыр налкъутналмэс пщыкӀутӀт: дэтхэнэ куэбжэри зы налкъутналмэсым къыхэщӀыкӀат. Къалэм и уэрамыр дыщэ къабзэм къыхэщӀыкӀат, абджыпсым хуэдэу узэпхрыплъу.
22Тхьэм щелъэӀу унэшхуэ гуэри щыслъэгъуакъым а къалэ лъапӀэм, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэмрэ Щынэмрэ а къалэм зэрыщыӀэм щхьэкӀэ, а къалэр Тхьэм щелъэӀу унэшхуэ лъэпкъ хуэныкъуэкъым. 23А къалэр зыгъэнэхун дыгъи мази хуэныкъуэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щӀыхьышхуэм а къалэр егъэнэху, Щынэр а къалэм и нэхугъэщ. 24Абы и нэхум щызекӀуэнущ лъэпкъхэр. Дунейм и пащтыхьхэм я щӀыхьышхуэр а къалэм къыдахьэнущ. 25Абы и куэбжэхэр ягъэбыдэнукъым махуэм, жэщым жыпӀэнущи, абы жэщ щыхъунукъым. 26Лъэпкъхэм я щӀыхьышхуэрэ я лъытэныгъэшхуэрэ а къалэм къыдахьэнущ. 27Къабзэныгъэ зимыӀэр а къалэм дыхьэнукъым. ЕмыкӀу зыщӀи пцӀыупси дыхьэнукъым абы. Зи цӀэр Щынэм и тхылъым иту, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа, а къалэм зыри дыхьэнукъым.
Currently Selected:
Апокалипсис 21: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
![None](/_next/image?url=https%3A%2F%2Fimageproxy.youversionapi.com%2F58%2Fhttps%3A%2F%2Fweb-assets.youversion.com%2Fapp-icons%2Fen.png&w=128&q=75)
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017