Марк 14
14
14-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщ тхьэмадэхэм Хьисэ гъэпцӀагъэкӀэ яукӀыну мурад зэращӀар
(Маттэ 26:1-5; Лука 22:1-2; Иуан 11:45-53)
1ӀутӀыж махуэшхуэмрэ ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэмрэ#14:1 ӀутӀыж махуэшхуэмрэ ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэмрэ – еплъ Маттэ 26:2. къэсыным махуитӀ къэнэжат. Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ яукӀын щхьэкӀэ, гъэпцӀагъэкӀэ зэраубыдыну щӀыкӀэм егупсысырт. 2Абыхэм жаӀащ:
– ЦӀыхухэм зыкъамыӀэтын щхьэкӀэ, ар махуэшхуэм трыремыхуэ.
ЦӀыхубз гуэрым Вифание жылэм Хьисэ дагъэ лъапӀэ къызэрыщыщихуар
(Маттэ 26:6-13; Иуан 12:1-8)
3Уэшын уз зэфыкӀ Симон и унэм щӀэсу, и Ӏэнэм пэрысу, Хьисэ Вифание жылэм щышхэрт. Здэшхэм, цӀыхубз гуэр унэм къыщӀыхьащ. Алавастэр зи цӀэ мывэм къыхэщӀыкӀауэ, абы зы барщыбэ иӀыгът. НардкӀэ зэджэ къэкӀыгъэм и дагъэ къабзэу икӀи лъапӀэу мэ ӀэфӀ къызыпихыр итт а барщыбэм. ЦӀыхубзым барщыбэр икъутэри, Хьисэ и щхьэм дагъэ трикӀащ.
4Ар щалъагъум, зыкъомым губжьауэ жаӀащ:
– Мы дагъэ лъапӀэр пщӀэншэу щӀигъэкӀуэдар сыт? 5А дагъэр ящатэмэ, динар щищ нэхърэ нэхъыбэ къыщӀэкӀынут, тхьэмыщкӀэхэми хуагуэш хъунут.
Апхуэдэу жаӀэурэ, а цӀыхубзым щыхьащ.
6И ужь фикӀ! – жиӀащ Хьисэ. – Сыт ар щӀэвгъэукӀытэр? Сэр щхьэкӀэ псапэ ищӀащ абы. 7ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, фыщыхуейм деж фӀы яхуэфщӀэфынущ, ауэ сэ игъащэкӀэ сыфхэтынукъым. 8Мы цӀыхубзым лъэкӀыр ищӀащ. Абы си пкъым дагъэ къыщихуэри, сызэрыщӀалъхьэжынум сыхуигъэхьэзыращ. 9Пэжыр нывжызоӀэ, дуней псом хъыбарыфӀыр#14:9 хъыбарыфӀыр – еплъ Маттэ 1:1. щыщызэлъагъэщӀыскӀэ, мы цӀыхубзым ищӀари яӀуэтэнущ, а цӀыхубзыр цӀыхухэм я гум фӀыкӀэ къагъэкӀыжын щхьэкӀэ.
Иудэ зи цӀэм Хьисэ дин пашэшхуэхэм яригъэубыдыну зэрагурыӀуар
(Маттэ 26:14-16; Лука 22:3-6)
10Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ Искариот зи цӀэр дин пашэшхуэхэм я деж кӀуащ, Хьисэ яригъэубыдын щхьэкӀэ. 11Ар щызэхахым, ахэр къэгуфӀащ икӀи Иудэ ахъшэ къратыну къагъэгугъащ. Хьисэ абыхэм яригъэубыдын щхьэкӀэ игъуэ щыхъунум пэплъэу щӀидзащ Иудэ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэ зэрадэшхар
(Маттэ 26:17-25; Лука 22:7-14, 21-23; Иуан 13:21-30)
12ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэм ящыщу япэрей махуэм, ӀутӀыж щынэр щыфӀагъэжу щытам, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къыжраӀащ:
– ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр щыпшхын щхьэкӀэ, дэнэ щыпхуэдгъэхьэзырыну ухуей?
13Ар щыжаӀэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ къалэм игъэкӀуащ, мыпхуэдэу яжриӀэри:
– Къалэм фыдыхьи, лӀы гуэрым псы кхъуэщын иӀыгъыу къыфхуэзэнущ. А лӀым и ужь фиту фыкӀуэ. 14А лӀыр зыщӀыхьэ унэр зейм жефӀэ: «Дин егъэджакӀуэм жеӀэ: Сэрэ си гъуэгу ирикӀуэхэмрэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр щытшхыну пэшыр дэнэ щыӀэ?» 15АбыкӀэ феупщӀа нэужь, гъэщӀэрэщӀауэ, а Ӏуэхум тегъэпсыхьауэ, пэшышхуэ лъагэ гуэр фигъэлъагъунущ. Псори абы щытхуэвгъэхьэзыр.
16Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр ежьэри къалэм дыхьащ. Хьисэ зэражриӀам тету псори ирахьэлӀэри, ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр ягъэхьэзыращ.
17Пщыхьэщхьэ щыхъум, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр и гъусэу кӀуащ. 18Ахэр Ӏэнэм пэрысу здэшхэм, Хьисэ жиӀащ:
– Пэжыр нывжызоӀэ, сэ къыздэшхэхэм фщыщ гуэрым тепщэныгъэ зиӀэхэм саригъэубыдынущ.
19Ахэр къэнэщхъеящ икӀи Хьисэ гъуэрыгъуэу къеупщӀу щӀадзащ:
– Сэмырауэ пӀэрэ а жыхуэпӀэр?
20– Фэ цӀыху пщыкӀутӀым щыщу си гъусэу лагъэм щӀакхъуэ хэзыгъапщӀэращ тепщэныгъэ зиӀэхэм сезыгъэубыдынур, – яжриӀащ Хьисэ. 21– Пэжщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм ехыжынущ, абы теухуауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ! А цӀыхур къамылъхуауэ щытамэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.
Зиусхьэным и пщыхьэщхьэшхэр
(Маттэ 26:26-30; Лука 22:15-20; 1 Кор. 11:23-25)
22Ахэр здэшхэм, Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀрэ, зэгуищӀыкӀщ, абыхэм яритри жиӀащ:
– Къафщти, фшхы. Мы щӀакхъуэр сэ си пкъыращ.
23Зы фалъэ къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри яритащ итӀанэ. Абы итым щыщ ефащ псори.
24– Мы санэр сэ си лъыуэ Тхьэм езымрэ и цӀыхухэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэр зыгъэщыпкъэр#14:24 Сэ си лъыуэ … зэгурыӀуэныгъэр зыгъэщыпкъэр – еплъ Маттэ 26:28. арщ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыху куэдым фӀы къахудэкӀуэн щхьэкӀэ, сэ къысщӀэкӀыну лъыращ. 25Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыкӀуэнум нэсыху, санэ сефэжынукъым. А махуэм абы аргуэру сефэнущ.
26Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ тхьэщӀыхь уэрэд жаӀа нэужь, унэм щӀэкӀри, Елеон Ӏуащхьэм кӀуащ.
«Сэ сыкъыумыцӀыхуу жыпӀэнущ», жиӀэу Хьисэ Петр зэрыжриӀар
(Маттэ 26:31-35; Лука 22:31-34; Иуан 13:36-38)
27– Утыкум си закъуэу сыкъивнэнущ фэ псоми, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм абы теухуауэ жиӀар и псалъэ тхахэм хэтщ:#14:27 Тхьэм … и псалъэ тхахэм хэтщ – еплъ Зэчрей бегъымбарым и тхылъым 13:7. «Сэ мэлыхъуэр сыукӀынущ, мэлхэри зэбгрыкӀыжынущ». 28Ауэ лӀахэм сакъыщыхэтэджыкӀыжкӀэ, фяпэ къихуэу, Галилей хэкум сыкӀуэнущ.
29– Утыкум псоми укъранэми, сэ укъизнэнукъым, – къыжриӀащ Петр Хьисэ.
30– Пэжыр ныбжызоӀэ, – жриӀащ Хьисэ Петр, – ныжэбэ дыдэм адакъэ тӀэу мыӀуэ щӀыкӀэ, сэ сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ.
31– Уэ сыуигъусэу сылӀэн хуей хъуми, узмыцӀыхуу жысӀэнукъым, – нэхъ трикъузэу жиӀащ Петр. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀы псоми жаӀащ ар дыдэр.
Гефсимание жыг хадэм Хьисэ Тхьэм зэрыщелъэӀуар
(Маттэ 26:36-46; Лука 22:39-46)
32Гефсимание#14:32 Гефсимание – еплъ Маттэ 26:36. зи цӀэ щӀыпӀэм нэсащ ахэр абы и ужькӀэ.
– Мыбдеж фыщыс, сэ Тхьэм селъэӀуху, – яжриӀащ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм. 33Петр, Екъуб, Иуан сымэ здишэу кӀуа нэужь, Хьисэ нэщхъей хъури, гузавэу щӀидзащ.
34– СылӀэн хуэдэ, хуабжьу согузавэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Фымыжейуэ, фысакъыу мыбдежым фыщыӀэ.
35ИтӀанэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым зридзыхри, хъуну щытмэ, гугъуехьым и пӀалъэр блигъэкӀыну Тхьэм елъэӀуащ.
36– Аббэ,#14:36 Аббэ – «адэ» арщ. си Адэ. Уэ пхузэфӀэмыкӀын Ӏуэху зыри щыӀэкъым, – жиӀащ Хьисэ. – Мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. ИтӀани сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу.
37Абы и ужькӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуищым я деж къыщигъэзэжым, ахэр Ӏурихауэ ярихьэлӀэжащ.
– Симон, ужейрэ? – еупщӀащ Хьисэ Петр. – Зы сыхьэт закъуэкӀэ умыжейуэ усакъын пхузэфӀэкӀакъым, аракъэ? 38Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щӀэным фыдимыхьэхын щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀу. Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфӀэкӀыркъым.
39Хьисэ ӀукӀыжри, а псалъэ дыдэхэмкӀэ Тхьэм елъэӀуащ. 40Аргуэру къыщигъэзэжым, а цӀыхуищыр Ӏурихауэ кърихьэлӀэжащ, я нэхэр щӀилъэфауэ. Абыхэм Хьисэ къыжраӀэнур ящӀэртэкъым.
41Ещанэу къыщигъэзэжым, Хьисэ абыхэм яжриӀащ:
– Зывгъэпсэхуу фыжейрэ иджыри? Ирикъунщ фызэрыжеяр. ПӀалъэр къэсащ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр гуэныхь зыщӀэхэм яӀэщӀыхьэнущ. 42Фытэдж! ФынакӀуэ, абыхэм сезыгъэубыдынур къэблэгъащ.
Хьисэ зэраубыдар
(Маттэ 26:47-56; Лука 22:47-53; Иуан 18:3-12)
43А дакъикъэ дыдэм, Хьисэ и псалъэр имыухауэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэ, Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэтыр, къэкӀуащ. Джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ яӀыгъыу, цӀыху гупышхуэ щӀыгъут абы. Дин пашэшхуэхэрт, торэт егъэджакӀуэ пашэхэрт, нэхъыжьхэрт ахэр къэзыгъэкӀуар.
44– Сэ ба зыхуэсщӀынуращ жыхуэсӀэр. Ар фубыди, фыхуэсакъыурэ Ӏуфш, – жиӀэри, Хьисэ зэраригъэубыдыну щӀыкӀэр и гъусэхэм яжриӀат Иудэ.
45Иудэ къыщысым, Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, «Равви»,#14:45 равви – «дин егъэджакӀуэр» арщ. жиӀэри ба къыхуищӀащ. 46Хьисэ яубыдащ. 47Абдежым щытхэм ящыщ зым и джатэр кърихщ, дин пашэшхуэм и унэӀутым еуэри, абы и тхьэкӀумэ лъэныкъуэр къыпигъэлъэтащ.
48– ХъунщӀакӀуэ фубыд хуэдэ, джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ фӀыгъыу фыкъыспежьаи? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 49– Тхьэм и унэшхуэм сыщӀэту, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр езгъащӀэурэ, сыфхэтащ махуэ къэс, ауэ сывубыдакъым. Мы псори къыщӀэхъуар Тхьэм и псалъэ тхахэр пэж хъун щхьэкӀэщ.
50Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху псори, езыр утыкум къранэри, щӀэпхъуэжащ абдежым.
ЩӀалэ щӀэпхъуэжар
51ЩӀалэ гуэр, чэсей хужь ешэкӀауэ, Хьисэ и гъусэхэм яхэтт. А щӀалэр яубыдыну пыхьащ, 52ауэ щӀалэм чэсей хужьыр зауэлӀхэм къаӀэщӀинэщ, яӀэщӀэкӀри, пцӀанэу щӀэпхъуэжащ.
Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм Хьисэ зэрырашар
(Маттэ 26:57-68; Лука 22:54-55, 63-71; Иуан 18:13-14, 19-24)
53Хьисэ дин пашэшхуэм деж яшащ икӀи адрей дин пашэшхуэ псори, нэхъыжь псори, торэт егъэджакӀуэ пашэ псори абдежым къыщызэхуэсащ. 54Петр Хьисэ и ужь жыжьэу иту, дин пашэшхуэм и пщӀантӀэм нэс кӀэлъыкӀуащ. МафӀэм зригъэууэ, Петр хъумакӀуэхэм яхэст.
55Дин пашэшхуэмрэ Тхьэмадэ Хасэшхуэм#14:55 Тхьэмадэ Хасэшхуэр – еплъ Маттэ 5:22. щыщ адрей тхьэмадэ псомрэ Хьисэ укӀ тралъхьэн щхьэкӀэ, щыхьэт къалъыхъуэрт, ауэ ягъуэтыртэкъым. 56Щыхьэт нэпцӀ куэдым Хьисэ пцӀы Ӏэджи тралъхьэрт, ауэ жаӀахэр зэтехуэртэкъым.
57Апхуэдэу щыхъум, щыхьэт нэпцӀ гуэрхэр къэтэджри, Хьисэ мыр хужаӀащ:
58– Мы лӀым жиӀэу дэ зэхэтхащ: «Тхьэм мы и унэшхуэу цӀыхухэм я ӀэкӀэ ящӀар сэ зэхэскъутэнурэ, цӀыхухэм я ӀэкӀэ ямыщӀауэ нэгъуэщӀ унэшхуэ махуищкӀэ зэтезгъэувэнущ».
59Ауэ а щыхьэтхэми Хьисэ хужаӀэр зэтехуэртэкъым.
60Дин пашэшхуэр къэтэджри, утыкум къиуващ.
– Мы лӀыхэм уэ къыптралъхьэр сыт? – еупщӀащ ар Хьисэ. – Сыт зыри щӀыжумыӀэр?
61Хьисэ, зиущэхуауэ, зыри жиӀэртэкъым.
– Уэра Мэссихьу щӀыхьышхуэ зиӀэ Тхьэм и Къуэр? – аргуэру еупщӀащ дин пашэшхуэр Хьисэ.
62– Сэращ, – жиӀащ Хьисэ, – лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ къыщысрэ пшэхэм хэту къакӀуэу флъагъунущ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр.
63Дин пашэшхуэм и щыгъынхэр зэфӀитхъащ#14:63 и щыгъынхэр зэфӀитхъащ – еплъ Маттэ 26:65. абдежым.
– Сыт нэгъуэщӀ щыхьэт дыщӀыхуеижыр? – жиӀащ абы. 64– Тхьэр зэригъэпцӀар зэхэфхащ. Дауэ феплърэ?
Хьисэ укӀ хуэфащэу жаӀащ абыхэм псоми. 65Языныкъуэхэм Хьисэ еубжьытхыу щӀадзащ. И нэр щапхэри, ӀэштӀымкӀэ еуащ.
– Убегъымбармэ, къоуар хэтми къыджеӀэт! – жраӀащ. ХъумакӀуэхэри Хьисэ енэпэфауэрт.
Петр Хьисэ имыцӀыхуу зэрыжиӀар
(Маттэ 26:69-75; Лука 22:56-62; Иуан 18:15-18, 25-27)
66Петр ищхъэрэ пщӀантӀэм дэту, дин пашэшхуэм и унэӀут хъыджэбзхэм ящыщ къэкӀуащ. 67Петр мафӀэм зригъэууэ щилъагъум, еплъри къыжриӀащ:
– Назарет щыщ Хьисэ уригъусэу щытащ уэри.
68– Хьэуэ, уэ жыхуэпӀэр сэ сщӀэркъым икӀи къызгурыӀуэркъым, – жиӀащ Петр. Ар пщӀантӀэм дэкӀри, куэбжэпэм къыщувыӀащ итӀанэ. Адакъэ Ӏуащ. 69Петр абдежым щыту щилъагъум, абдеж щызэхэтхэм аргуэру яжриӀащ унэӀут хъыджэбзым:
– Мыр абыхэм ящыщщ.
70– Хьэуэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жиӀащ Петр аргуэру.
ТӀэкӀу дэкӀа нэужь, абдежым щытхэм Петр къыжраӀащ:
– ИпэжыпӀэкӀэ, уэ абыхэм уащыщщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Галилей хэкум ущыщкъэ? Абыхэм я псэлъэкӀэу уопсалъэ.
71– Тхьэр согъэпцӀ, жысӀэр мыпэжмэ, а фэ жыхуэфӀэ лӀыр сэ сцӀыхуркъым, – жиӀэри, тхьэ иӀуэу щӀидзащ Петр.
72Абы ирихьэлӀэу адакъэ етӀуанэу Ӏуащ. Хьисэ къыжриӀауэ щыта псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ абдежым: «Адакъэ тӀэу мыӀуэ щӀыкӀэ, сэ сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ». Ар игу къыщыкӀыжым, Петр къэгъащ.
Currently Selected:
Марк 14: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017